Календарь событий

01 июля 2022

Иппосферэ шы гъэлъэгъуэныгъэр екIуэкIащ

Санкт-Петербург дэт «Дерби» шы-спорт клубым мэкъуауэгъуэм и I0 - I3-хэм щызэхэтащ гъэ къэси екIуэкI, XXIII «Иппосфера» шы гъэлъэгъуэныгъэр.

Псыхуабэ и псы хущхъуэхэр

Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэм зыщызыубгъуа псы хуэщхъуэхэм пасэу тетхыхьахэм язщ император музейм и япэ директор Жиль Флориан Антуан. 

ЩIыпIэр мэщIэращIэ

Балъкъэр драмэ театрым и лъэс зекIуапIэр нэхъри ягъэдахэ.

Балигъхэми сабийхэми я зэхуэдэу ягъэува щхьэ зытелъ хъыринэмрэ тетIысхьэпIэхэмрэ къабгъурыт кхъуэщынышхуэхэр нэгъабэ лъандэрэ нэщIу щытт. Мы махуэхэм абыхэм удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэр щыхасащ. Букет дахащэу зэхуахьэса хуэдэщ цитрус жыгхэм ещхьыфэ щхъуантIагъэхэр, герань плъыжьхэмрэ тхьэмбылыфэхэмрэ, зи тхьэмпэр плъыжьыфэ удз дэжейхэр, зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, унагъуэ къэс ягъэкIыу щыта традесканцие зэмыфэгъухэр.

Монголием дыщэ медаль кърех

Урысейм щыщ шапсыгъ щIалэ, дзюдомкIэ бэнакIуэ Угольников Михаил Монголием и щыхьэр Улан-Батор мэкъуауэгъуэм и 26-м щекIуэкIа «Тажышхуэ» зэхьэзэхуэм дыщэ медаль къыщихьащ. 

ШыфIыр лIыгъэм и ныкъуэщ

                                             

ЦIыхум шыр унагъуэ псэущхъэ щищIар ди лъэхъэнэм ипэкIэ е 3-нэ илъэс минрауэ хуагьэфащэ.

Ди лъэпкъым и гушхуапIэ нартхэр щыщыIа зэманым шымрэ цIыхумрэ пхузэкIэрымыхыжын зэхуэхъуагъэххэт. Шы лъэпкъ къэгъэщIынкIи, а псэущхъэ угъурлыр  зехьэнымкIи гъэсэнымкIи IэмалыфIэ хъуагъэххэт.

Астероидым и махуэ

Мэкъуауэгъуэм и 30-р Астероидым и дунейпсо махуэщ (Asteroid Day). АбыкIэ унафэ къыщащтащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зи чэзу зэхыхьэу 2016 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м иригъэкIуэкIам.

Астероидым и махуэр хуэгъэзащ хьэршым къилъэтыкIа пкъыгъуэ абрагъуэхэр дыщыпсэу ЩIым гъунэгъу къыщыхуэхъукIэ, абы къыхэкIыуи къыщыжьэхэуэкIэ, а Iуэхугъуэхэм мыхъумыщIагъэу къашэнкIэ хъунур зыхуэдизым жылагъуэр щыгъуазэ щIыным.

Иджыпсту щыщIэдзауэ пэщIэтыпхъэщ.

Урысейм и щIэныгъэлIхэр егъэпIейтей щIыуэпс къабзагъэр щытепщэ Кавказыр губгъуэжыхапхъэм зэрызэщIищтэм.

Абы и къежьапIэр хэти дуней щытыкIэ зызыхъуэжым, хэти уэлбанэ кIыхьхэм хуахь.

СыткIи нэхъ псынщIэу зэрызиужьыным зи лъэдий быдэхэр хуэщIа къэкIыгъэ гъэщIэгъуэныщэр япэу къыздикIар Америкэ Ищхъэрэ континентырщ, ауэ абы щыпсэухэр амброзием зыкIи гугъу дехьыркъым -  а щIыпIэм щыIэщ щыщ къыхэмынэу ар зышх цIыв лIэужьыгъуэ.

ЩIэныгъэ IэнатIэм

Университетым щекIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэр хуэунэтIащ экономикэм и пащхьэ къиувэ Iуэхугъуэ гугъухэр зэфIэхыным. А лэжьыгъэм щынэхъыщхьэщ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, мэкъумэш хозяйствэм карбоновэ лъэужьыр щыгъэмэщIэным хуэунэтIа къэхутэныгъэхэр.

ЗауэлI гъуэгуанэ

Iуэтэж

1947 гъэм и гъатхэт. Зауэ лыгъейм и лъэужьыр иджыри хэгъуэщэжатэкъым. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, сэлэтыр зауэм зэрыхэкIуэдамкIэ е хъыбарыншэу зэрыкIуэдамкIэ тхыгъэхэр къакIуэрт. Ауэ ахэр зейхэм я гугъэ хахыжыртэкъым... ИлъэситI дэкIами, иджыри сэлэт куэд къэкIуэжырт. Ахэр хэти госпиталым щIэлъат, хэти зыпэрыта IэнатIэм щыгувауэ арат. Сэ зауэр имыухыу уIэгъэ сыхъури, зыкъомрэ сымаджэщым сыщIэлъа нэужь унэм къэзгъэзэжат.

Тхыдэ уэрэдыжьхэр я щыхьэтщ

ЦIыхубзым и пщIэр хъумэныр нэхъыщхьэ дыдэт адыгэ лIыхъужьхэм я дежкIэ. «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ» псалъэжьми къегъэлъагъуэ адыгэ бзылъхугъэм пщIэшхуэ зэриIар. IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжщи, абы къигъэувыIэфынут лъыгъажэ ящIыну зэпэува цIыхухъуитIыр.      

Нобэ

Урысейм щагъэлъапIэ зауэ зэпэщIэтыныгъэ зэхуэмыдэхэм хэта ветеранхэм я махуэр 
Бурятием егъэлъапIэ езым фIэфIу Урысей къэралыгъуэм щыхыхьа махуэр (I66I гъэм) 
Армением и прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Тыркум и Дзэ-тенджыз къарухэм я махуэщ
Канадэм и махуэщ 
Инджылызым щагъэлъапIэ ЩIыналъэм и махуэр

1200 гъэм Китайм дунейм щыяпэу щащIащ нэхэр дыгъэм зэрыщахъумэ нэгъуджэ.
1862 гъэм Москва къыщызэIуахащ къэрал библиотекэ.