Ди газетым зэрытетащи, мэкъуауэгъуэм и кIэхэм Адыгэ Республикэм и махуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым гукъинэжу щекIуэкIащ, абы и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я гъэу мы илъэсыр зэрагъэувамрэ я щIыхькIэ (Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Шэшэн республикэхэм 2022 гъэм ягъэлъапIэ я къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъур).