Календарь событий

18 июля 2022

Дызыщымыгъуазэ напэкIуэцIхэр

Ивашко Владимир цIэрыIуэу щытакъым, куэдми яцIыхуркъым. Ауэ Горбачев Михаил и къулыкъум текIа иужь аращ КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзэщIар икIи тхыдэм и зыгъэзэкIэр нэгъуэщIу щытамэ, СССР-м и Iэтащхьэ хъункIэ зэхуэIуа щыIэтэкъым.

Жыгхэр цIэрыIуэ щIэхъур

Литературэм, макъамэм, кином, сурэтым я фIыгъэкIэ Iэджи цIэрыIуэ мэхъу. Iэмал имыIэуи щыткъым ахэр мыцIыхункIэ. Жыгхэр, псалъэм и хьэтыркIэ! Жыгхэр сурэту ящI, усэ тратхыхь, журналхэм иратхэ, и жьауапIэм зыщагъэпсэху! Егъэлеяуэ цIэрыIуэ хъуа жыгхэр щыIэщ.

Псэм и къулеягъэм хэзыщIыкI

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси I00 зэрырикъур мы гъэм зэрагъэлъэпIэнум Iуэхугъуэ куэд траухуэ. Абыхэм яхиубыдэу, щIыналъэр зэфIэувэным, и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэр щIэх-щIэхыурэ дигу къыдогъэкIыж. Абыхэм ящыщщ жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд. 

Щхьэцхэр зэмылIэужьыгъуэу

ЦIыхум и зыхуэпэкIэмрэ и щхьэцым иIэ теплъэмрэ куэд къыбжаIэфынущ, псалъэм щхьэкIэ, зыщыщ зэманым, лъэпкъым, и беягъэм теухуауэ. Щхьэцым дыкъытеувыIэмэ, дапщэщ парик жыхуэтIэр къыщежьар?! Парик зэрахьэу щытащ египет фараонхэм, европей дворянхэм, урыс жьакIэупсхэм (цирюльник). 
XVII-XVIII – нэ лIэщIыгъуэхэм европей цIыху хуэкъулейм и теплъэр уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнутэкъым парик щымыгъыу. А лъэхъэнэр къэзыгъэлъэгъуэж цIыху сурэтхэм щыдолъагъу гъэутIэрэза, ухуэна, пыпхыкIа парик Iувхэр. 

Хэт и хабзэр нэхъыфI?

Совет зэманым къэралым куэдрэ къыщагъэлъагъуэу щыта инд фильмхэм я фIыгъэкIэ, куэдым фIыуэ ялъагъу а лъэпкъым и щэнхабзэр. Адыгэ бзылъхугъэ гъэсэкIэри зыгуэркIэ ещхьу къыпфIощI Индием щызекIуэм. 

Къэбэрдей-Балъкъэрыр наркотик щызрамыхьэлIэ щIыналъэ щIын

Мэлбахъуэ Т. Къу. и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр наркотик щызрамыхьэлIэ щIыналъэ щIын» республикэ акцэм хыхьэ зэIущIэ щхьэпэ. Абы ирагъэблэгъат Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым щIэсхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.

Габрилян и дамыгъэ лъапIэ

Мы мазэм и пэщIэдзэм къэралым и Президентым къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ ди лъахэгъу цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Габрилян Геннадий къыхуагъэфэщащ «Зэныбжьэгъуныгъэм и орден» дамыгъэ лъапIэр.

Егъэджэныгъэмрэ ар къызэрапщытэ Iэмалхэмрэ

 Зыми хужыIэнукъым гъэсэныгъэ Iэмалхэу ткIиягъымрэ щабагъымрэ я пщалъэр зыхуэдизыр. Псори зэлъытар сабийм и хьэлырщ. Зыр щхьэзыфIэфIщи, уи нэщхъыр хузэхыумыукIэу хъуркъым. Адрейм «тху» къыхуэмыхьмэ, адэ-анэм фIыуэ къамылъагъужыну къыщохъури, хуагъэувар къыпфIэмыIуэху хуэдэу зыкъебгъэлъагъун хуейщ. 
 «Пхуэмытмэ, укъыдэмыхьэж!», «Си напэр тепхауэ бжы!», «Нэхъ мащIэ къэпхьауэ зызумыгъэлъагъу!» Апхуэдэ «лъагъуныгъэм» щIапIыкIа сабийхэрщ иужькIэ я адэ-анэхэм япэувыжхэри, егъэджакIуэхэм ефыщIауэхэри, мыхъумыщIагъэ нэхъ икIэхэм тегушхуэхэри. 

Адыгэ пщащэр адыгэшым тесу

Мэзкуу пэгъунэгъу «Отрада» шы-спорт клубым бадзэуэгъуэм и I-3-хэм дунейпсо, урысейпсо мыхьэнэ зиIэ шыгъажэ кIыхь щекIуэкIащ. 
«Урысейм шыгъажэ кIыхьхэмкIэ и чемпион» цIэм щхьэкIэ зэхьэзэхуэм хэтащ шу I5. Нэхъ гугъуу икIи нэхъ кIыхьу, ауэ зи пщIэри нэхъ лъагэу къалъытэ, километри I60-м япэ увыпIэр къыщихьащ хьэрыпышым теса Лосевэ Дарье (и шым и цIэр Дипкурьерщ). И кIэм нэса шууи 8-м яз хъуащ Дарье. Ику иту шыхэм яIыгъа псынщIагъыр – зы сыхьэтым километр I6,82-рэ. 

Нобэ

ГъущIгъавэм и дунейпсо махуэщ 
Манделэ Нельсон и дунейпсо махуэщ. I9I8 гъэм къалъхуащ цIыхум и хуитыныгъэхэр къызэпамыудыным и бэнакIуэ лъэщ, ЮАР-м и президенту щыта, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Манделэ Нельсон.
Урысейм мафIэсым пэщIэтынымкIэ и къэрал IуэхущIапIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я хозяйственнэ IэнатIэм пэрытхэм я махуэщ
Японием щагъэлъапIэ тенджызым и махуэр
Испанием щагъэлъапIэ Лэжьыгъэм и махуэр
64-нэ гъэм
Рим мафIэм исат. Район 14-м щыщу къэнар 4 къудейт.