Календарь событий

03 августа 2022

Зи гъащIэ гъуэгуанэр гъэщIэгъуэн икIи купщIафIэ

Журналист, публицист цIэрыIуэ Мэшыкъуэ Тэзэл Инал и къуэм нобэ и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу. Абы Ломоносовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетыр 1966 гъэм, абы и аспирантурэр 1973 гъэм къиухащ. Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ. 1975 - 1979 гъэхэм ар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Министрхэм я Советым и Аппаратым, 1979 - 1991 гъэхэм КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым щылэжьащ.

Къаплъэным и махуэ

Зы илъэс къэмынэу, ЩIы Хъурейм щагъэлъапIэ Къаплъэным и махуэ (International Tiger Day) зыфIаща Iуэхугъуэр. АбыкIэ унафэ къыщащтат 2010 гъэм Санкт-Петербург щызэхаша «Къаплъэнхэм я саммит» къэрал зэхуаку зэIущIэм.

Хэтахэр арэзы зэдэхъуу а зэхуэсым щызэхагъэуващ 2010-2022 гъэхэм тещIыхьа программэр, а пIалъэм къриубыдэу зи гугъу тщIы псэущхьэ телъыджэхэм ящыщу дэнэ лъэныкъуэкIи щыIэхэм я бжыгъэр тIукIэ гъэбэгъуэжын зэрыхуейм хуэгъэзар.

Ди сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэр Мейкъуапэ щагъэлъагъуэ

КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я къэрал музей Москва дэтым Мейкъуапэ къалэм щиIэ и къудамэм щагъэлъагъуэ ди республикэм и сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэр. Выставкэр къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей республикэхэм я къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.

 

Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым зыкърагъэхьэлIащ икIи абы яфIэщIэщыгъуэу зыщаплъыхьащ Адыгей Республикэм и Iэтащхьэ ХъумпIыл Муратрэ АР-м щэнхабзэмкIэ и министр Аулъэ Юрэрэ.

Пасэрей хасэ зэхыхьэкIэр

Зи гугъу тщIынур XVIII лIэщIыгъуэм, XIX и япэ Iыхьэм адыгэхэм я хасэхэр зэрырагъэкIуэкIыу щыта щIыкIэрщ. Къуажэпщхэм, зэIупэфIэгъуу къызэдэщI пщыхэм я хасэр щекIуэкIыну щIыпIэр жылэпщ нэхъыжьым иубзыхурт, ауэ Къэбэрдей псом я хасэ екIуэкIынумэ, абы и унафэр зыщIыр пщым я пщыж тхьэмадэрт.

ХадэхэкIыр кърахьэлIэж

         Къэбэрдей - Балъкъэрым и консерв заводхэм я гъэмахуэ лэжьыгъэр сыт щыгъуи зэраублэр джэш щхъуантIэрщ. Мы Iуэхум япэу пэрыхьащ Тэрч, Аруан щIыналъэхэм я заводхэр.

         Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэми мы илъэсым  джэш щхъуантIэу гектар 500 - нэс  хасащ. Абы и Iухыжыным ноби пэрытщ. Районым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и Управленэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, зы гектарым хуэзэу тонни 5 - м  щIигъу къытрах. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, 2022 гъэм ар тонн 2645 - м нэсынущ. Комбайным къихыр занщIэу консерв заводхэм ирагъашэ.

Хъуэжэ и хъарбыз шхыкIэр

Еуэри, жеIэ, Хъуэжэ зы джэд закъуэ иIэти, бэзэрым ихьри, ищащ, къыщIэкIамкIэ хъарбыз къуэлэнышхуэ къищэхущ аби, къэкIуэжащ. Ар зылъэгъуа и ныбжьэгъухэри кIэщIкIэ иужь иту къызэхуос. Хъуэжэм ахэр къригъэтIысэкIри, езыр унэкум итIысхьэжщ аби:

- Сэ нобэ зы хъарбызыжь къэсщэхуащи, ар хъарбыз зэрашхкIэ умышхыныр гуэныхьщ, - жиIащ. – ФщIэрэ фэ хъарбыз зэрашхыр?

- Ахьай тщIэрэ, щхьэ дымыщIэу! – жаIэ и ныбжьэгъухэми.

- Дауэ - тIэ?

- Дауи щхьэуи хэмылъу: бзыгъэ-бзыгъэу яупщIатэри и кур яшх, и фэр хыфIадзэж.

Хъуэжэ къащодыхьэшх:

 - Ара хэфщIыкIри?

ХьэтIохъущокъуэ

ХьэтIохъущыкъуэ

ХЬЭТIОХЪУЩЫКЪУЭ и цIэр урыс документхэм япэ дыдэу къыщыхэхуэр 1622 гъэрщ. А илъэсым Сэнджэлей (Тэрч къалэ хэщIапIэ зыхуэхъуа пщыхэм я пашэм) Мэзкуу хъыбар иригъэщIауэ щытащ: «Къэбэрдейм дытеуэри, Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я жылэхэр дгъэсащ, езыхэр тIэщIэкIри, бгым ихьэжащ».

Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ХьэтIохъущыкъуэ къыщалъхуар ХVII лIэщIыгъуэм и кIэращ. И ныбжь нэсри, Къэбэрдейм и хуитыныгъэм щIэмызэууэ зы махуи къигъэщIакъым: и адэмрэ (Къазий) и адэшхуэмрэ (ПщыIэпщокъуэ) я гъуэгум ирикIуащ.

Аслъэн

(новеллэ)

Псоми Аслъэн и гугъу ящIт а зэманым. Ар хэтми ищIэу ди къалэ цIыкIум дэсыр мащIэт, ауэ абыкIэ зызумысыжынур нэхъ мащIэжт. «Аслъэн, зиунагъуэрэ!» – жаIэрт, абыкIэ псори къаIуэтауэ ябжу. Хэти ар уафэм нэс иIэтыну хуежьэрт, и лIыгъэмрэ и къарумрэ къыхигъэщу, хэти иIуатэрт Аслъэн зэгуэр лIы иукIауэ. Ар зи инагъ зы щIалэ къуэгъужь цIыкIу гуэрым къиубэрэжьауэ зыгъэхъыбари щыIэт. Дауэ щымытми, нэхъыбэр Аслъэн и телъхьэт, ар къызыхэкIри жыIэгъуейт.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Хъарбызым и дунейпсо махуэщ

Къэзахъстаным щагъэлъапIэ транспорт IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэр

1492 гъэм испан хыдзэлI Колумб Христофор и унафэм щIэт гупыр, кхъухьищ хъууэ, япэу зекIуэ ежьащ.

1778 гъэм Милан къыщызэIуахащ «Ла Скала» оперэм и унэр.

1799 гъэм урысеидзэм и кхъухьхэр Тыркум япэ дыдэу хуит ищIащ Босфор псы дэжыпIэм къыпэрымыуэу дигъэкIыну.

ПщIыхьэпIэ

ЩIакIуэ фIыцIэшхуэр къыстепIарэ зызгъэмызыжу мащэ Iуфэм сыIулъщ. Хьэдрыхэ бжьэпэ жыхуаIэр мырауэ къыщIэкIынщ, жызоIэ сигукIэ. ЛIэнми лIыгъэ хэлъщ, – мо зэ дыкъызыхэкIауэ жыхуаIэ щIы фIыцIэжьым и куэщIым анэ кIэдахъуэу сралъхьэжамэ, си псэ тIэкIум «уэху» жиIэжынт, дуней гугъуехьыр сщхьэщыужынти, жэнэтым сыкъихутэнт, сымылажьэрэ сымыпщIантIэу, сызэгупсысын гуныкъуэгъуэ симыIэу.