Календарь событий

04 августа 2022

Литературэмрэ гъащIэмрэ

«Литературэр гъащIэм и гъуджэщ», жаIэ. Мыбы пэж хэлъщ, ауэ и кIэм нэс арэзы утехъуэн хуейуэ щыткъым. Гъуджэм къищым хуэдэу гъащIэр къезытхэкIхэм къагъэсэбэпа Iэмалым «натурализмэкIэ» йоджэ. ГъащIэм и пэжымрэ литературэмрэ зэгъунэгъу хъун хуейуэ къыщIэкIынщ, ауэ ахэр псомкIи зэтехуэ хабзэкъым. Литературэм образкIэ къегъэлъагъуэ гъащIэм къыщыхъункIэ уи фIэщ зыщI псэукIэр, цIыху зэхущытыкIэр.

ЩIэныгъэлI щыпкъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр илъэс 90 ирокъу

ХьэмкIутIей гущэм ирапIыкIт

Адыгэхэм я фIэщ хъурт сабий къалъхуагъащIэм и напэм бынжэлъ щахуэмэ, ар дахэу, нэкIущхьэплъу къэтэджыну. ИкIи фызгъалъхуэм мэгъу мыхьэнэ зиIэ псалъэ: «Хулъэ, лъынэ, кIадэ, дащхьэ, хущхьэ хуэдэу убагъуэ, лъынэ хуэдэу удахэ», – жиIэурэ сабийм и нэкIущхьитIми бынжэлъ щихуэрт.

Сабийхэр нэхъыбэху, нэхъыбэрэ зопсалъэ

Сыт къуэш е шыпхъу зиIэ сабийр зи закъуэу къэтэджхэм къазэрыщхьэщыкIыр? Адэшхуэ-анэшхуэ зыбгъэдэсхэр сыт нэхъ псэ быдэу къыщIыдэкIуэтейр? ДевгъэдаIуэт а упщIэхэм япон гъэсакIуэ цIэрыIуэ Масару Ибукэ ирит жэуапхэм.

Налкъут

НэщIэпкIалъэм (ракушкэ) и кум ирихьэ пшахъуэ налъ цIыкIум перламутр трищIэурэ налкъут мэхъу.

ЛIыгъэмрэ зэфIэкIымрэ щагъэлъагъуэ щIыпIэ

Адыгэхэм я гъащIэм зекIуэм мыхьэнэуэ щиIар къэлъытэгъуейщ. ЗекIуэм пыщIа Iуэхугъуэ псори зэхэплъхьэмэ, зы щIэныгъэ псо мэхъу.

ЗэкъуэшитIым хуэдэу зэбгъэдэтт

Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ тхыдэм и щIэину ди нобэми щыIэ адыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн зи щIасэхэр Мейкъуапэ ищхьэкIэ щыIэ бгыщхьэ къуажэ Гъуазэрыплъ ды­къыIукIащ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Зи закъуэу псэу лэжьакIуэ цIыхубзхэм я дунейпсо махуэщ

♦Китайм щагъэлъапIэ зэгуэкIуахэм я махуэр

♦​1774 гъэм урыс-тырку зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ Кутузов Михаил. И щхьэм игъуэта уIэгъэм и зэранкIэ и нэ ижьыр фIэкIуэдами, абы иджыри илъэс куэдкIэ къулыкъу щищIащ дзэм. Франджыхэр Урысейм къыщытеуам пащтыхь Александр Езанэм Кутузовыр дзэм и командующэ нэхъыщхьэу игъэуври, абы и унафэм щIэтущ I8I2 гъэм текIуэныгъэ цIэрыIуэр къызэрахьауэ щытари.