|
Календарь событий
08 августа 2022
8 августа, 2022 - 17:40
Абхъаз къэрал университетым и ректор, профессор, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз академием, ЩIДАА-м я академик Гварамие Алеко илъэс куэд щIауэ псэемыблэжу хуолажьэ къыщалъхуа и хэкум, къызыхэкIа и лъэкъым. Ауэ щыхъукIи зэи зыщигъэгъупщэркъым адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зэрызэкъуэшыр икIи абыхэм я зэпыщIэныгъэр зэригъэбыдэным сыт щыгъуи иужь итщ.
8 августа, 2022 - 17:15
Мы цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIур хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) къалэ цIыкIум къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэжыжьэщ. Абы хъуэпсэгъуэу зыдигъэзэгъащ зэгъэщIылIа Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм.
8 августа, 2022 - 17:00
Налшык и ипподромым щекIуэкIынущ шыхъуэхэм нэхъыбэу зызыхуагъэхьэзыр зэхьэзэхуэр. Ар хабзэ хъуауэ ягъэджэгу ДербикIэ зэджэ илъэсищ зи ныбжь лIы къабзэ уанэшхэм я къызэдэжэрщ.
8 августа, 2022 - 16:25
КъызыфIамыгъэIуэхуу икIи емылIэлIащэу щIыпIэцIэхэр щызэрахъуэкI куэдрэ къэхъуми, апхуэдэ Iуэху къыщекIуэкI щIыналъэм ижькIэрэ иса лъэпкъхэм япэм къагъэсэбэпу щыта фIэщыгъэхэм псэщIэ къащыхыхьэжи щыIэщ.
8 августа, 2022 - 16:10
XVIII лIэщIыгъуэм псэуа нэмыцэ тхакIуэ фон Варкербарт адыгэхэм я псэукIэр, дуней тетыкIэр, лIыгъэр фIэгъэщIэгъуэну, дихьэхауэ иджу щытащ.
8 августа, 2022 - 16:04
Ди лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм жыджэру икIи куэдрэ хуэлэжьахэм ящыщщ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр. ЛIэщIыгъуэ кIуам и плIыщI-тхущI гъэхэм ди республикэм къыщыдэкIыу щыта газетхэм я напэкIуэцIхэр къызэбгъэдзэкIыжу щIэбдзэмэ, абыхэм уащрохьэлIэ Хьэжбэчыр и тхыгъэхэм. Ахэр ятеухуат мэкъумэшым, промышленностым, щIэныгъэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэ пашэхэм, Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьа ди лIыхъужьхэм. Iуэхур апхуэдэу зэрыщытым и щхьэусыгъуэт – Кэнжэ школыр 1942 гъэм къэзыуха ХьэхъупащIэм щIалэ дыдэу щIидзауэ радиом, «Къэбэрдей пэж» газетым зэрыщылажьэр.
8 августа, 2022 - 15:20
Адыгэбзэм псалъэ куэд хэтщ нэгъуэщIыбзэхэм къыхэкIауэ. Псалъэ нэхъыбэ дыдэ къыхэкIащ урысыбзэм, хьэрыпыбзэм. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэмрэ а лъэпкъхэмрэ я зэпыщIэныгъэм къишащ абыхэм я псалъэ куэд адыгэбзэм къызэрищтар.
НэгъуэщIыбзэм къыхэкIыу (псом хуэмыдэу урысыбзэм) ди бзэм псалъэ къыщыхыхьэкIэ, бзэм имыIэ макъхэр иIэхэмкIэ зэрехъуэкI е зэрыщыт дыдэм хуэдэу къещтэ.
8 августа, 2022 - 14:50
НОБЭ
♦Альпинизмэм и дунейпсо махуэщ
♦Офтальмологием и дунейпсо махуэщ
♦Джэдухэм я дунейпсо махуэщ
♦Тыркумэн хъэуаным и махуэщ
♦Швецием и Къэрал ныпым и махуэщ
♦Китай Республикэм щагъэлъапIэ Адэхэм я махуэр
♦1899 гъэм США-м щыщ къэхутакIуэ Маршалл Альберт дунейм щыяпэу щIыIалъэ зэпкърилъхьащ, абы щыхьэт техъуэ тхылъи хуатхащ.
|