Календарь событий

11 августа 2022

КъурIэным хуит ищIыжахэр

 Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я щыхьэр Дубай щызэрахьэ хабзэхэм язщ лъэхъуэщым ис щIэпхъаджащIэхэм КъурIэн лъапIэр гукIэ зэрагъащIэмэ, тезыру ятелъ илъэс бжыгъэр зэрыхухагъэщIыр. 
 Лъэхъуэщым ис нэрыбги II5-м я тезырым мазихым щегъэжьауэ илъэс 20-м нэс хухагъэщIащ. КъурIэн лапIэм щыуагъэншэу еджэу ирагъэса нэужь, тутнакъи I24-м къэпщытэныгъэхэр тест IэмалкIэ ирагъэтыжри, хэт и илъэс бжыгъэм хухагъэщIащ, хэти къаутIыпщыжыпащ. Зи гугъу ящI цIыхуи I24-м ящыщу II5-м гукIэ зэрагъэщIа сурэ бжыгъэм елъытауэ, я Iуэхум хэплъэжахэщ. 

«Анзорхэ я Къэбэрдейм» и тхыдэм и бзыпхъэхэр

Урысей дэфтэрхэр и лъабжьэу едгъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм наIуэ къызэращIащи, япэу Анзорхэ ятеухуа тхыгъэхэм ущрихьэлIэр I563 гъэрщ, пщы Идар Темрыкъуэ уэлий хъуну мурад ищIауэ, и малъхъэ пащтыхь Иван Грознэм къыхуигъэкIуа дзэр и дэIэпыкъуэгъуу, къэбэрдейхэр псори и Iумэтым иригъэхьэну зауэшхуэ щригъэкIуэкIа зэманырщ. Абы и унафэм щIигъэува унагъуэцIэхэм яхэтщ Анзорхи.

Нэхъыжьхэми я ныбжьым зехъуэж

 Финляндием къыщыдэкI «Илта-Саномат» («Пщыхьэщхьэ хъыбархэр») газетыр топсэлъыхь цIыхур пенсэм кIуэуэ лэжьыгъэм къыщыпэрыкI ныбжьым зэрызихъуэжым. Ар елъытащ щIыналъэм сабийуэ къыщIэхъуэм и бжыгъэм хэщIын зэрыщIидзэм, цIыхур зэрыпсэу хабзэ илъэс бжыгъэм зэрыхэхъуэм, къинэмыщIхэм. 

Илъэс тIощIкIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу

КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм хабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ республикэм щыщитIым я щIэпхъаджагъэр. 
Яубыдахэр щыпсэу щIыпIэхэр къыщаплъыхьым къагъуэтри къытрахащ полимер зэкIуэцIылъ 23-рэ пакети 3-рэ. Абыхэм «героин» наркотикхэкI грамм 887,5-рэ илът. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIыну я мурадт.

НОБЭ

Тыркумэным и гъунапкъэхъумэм и махуэщ
Японием щагъэлъапIэ къуршхэм я махуэр
I845 гъэм
Урысейм щыяпэу Петербург щащIащ бахъэкIэ лажьэ мафIэгур. Ар трагъэувауэ щытащ Петербургрэ Москварэ зэпызыщIэ гъущI гъуэгум.
I92I гъэм къыдэкIащ Совнаркомым и унафэр, экономикэ политикэщIэр цIыхубэ хозяйствэм хэпщэным теухуауэ щытар. 
I928 гъэм Москва къыщызэIуахащ Япэ союзпсо спартакиадэр.

Ар гъэщIэгъуэнщ

• Австралием щыщ, илъэс 74-рэ хъу Харрисон Джеймс I000-м щIигъурэ лъы итащ. Абы и лъыр апхуэдизкIэ телъыджэу зэхэлъщи, гъущIыр къызэмэщIэкIыу, сымаджэ хьэлъэу дунейм къытехьа сабий цIынэхэр ажалым кърегъэл! Апхуэдэу, Харрисоным илъ зыхакIа сабий мелуанитIым щIигъу дунейм тетщ нобэкIэ. ЗэрыжаIэмкIэ, ауэ Джеймс и лъым антитела лъэщхэр хэлъщ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр игъэужьыхыу. 

Теплъэр зыгъэин Iэмэпсымэхэр

X-нэ лIэщIыгъуэм хьэрып щIэныгъэлI Ибн аль – Хайсам (Альгазен) гу лъитащ хьэрфхэр абджыпс пIащIэм нэхъ ину зэрыуигъэлъагъум. 

Уи кIэн къызэрикIынур пщIэнукъым

 ЛъэпкъкIэ хорват, мэкъамэмкIэ егъэджакIуэ къызэрыгуэкI Селак Франо мызэ-мытIэу къалъытащ дуней псом нэхъ щехъулIа дыдэ цIыхуу. Ауэ абы и насыпыр «цыджан насып» жыхуаIэм нэхъ ещхьщ-зэхьэлIар фIы гуэркъым, атIэ зыхэкIуэдэнкIэ хъуну зыхэхуахэм къызэреларщ. Ар хэнейрэ(!) къикIыфащ апхуэдэ щытыкIэм.
I929 гъэм къалъхуа Селак дунейм къызэрытехьа щIыкIэри гъэщIэгъуэнщ. Ар къыщалъхуар сымаджэщыркъым, атIэ… бдзэжьеящэ кхъуафэжьейщ. Мазиблу къалъхуа сабийм и бынжэр бдзэжьеящэхэм яIыгъ хабзэ сэмкIэ паупщIат.

Ди «Псэ Жыгыр»

Фэеплъ
 

«Щихухэр иджыри мэкI»

Жылагъуэ къэс иIэщ щIыуэпсым ехьэлIа тхыдэ фэеплъ гъэщIэгъуэнхэр, ирехъу ар щагъэтIылъари зыгъэтIылъари куэд щIауэ ящыгъупщэжа мывэжь закъуэ, къигъэщIа гъащIэшхуэм теукIытыхьыж хуэдэ мэз щхъуэшым зыщызыгъэш жыгеижь, иджыри зи къарум къигъэгугъэ лъабжьэхэмкIэ бгы щыху задэм зыкIэрызыIыгъэ кхъужьей…

Шэрджэс усакIуэхэр

Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэм я поэзием 90 гъэхэм («зэман зэблэкIыгъуэм») хэщIыныгъэ игъуэтащ. Ныбжьышхуэ къамыгъэщIауэ дунейм ехыжащ Iэзагъ ин зиIа усакIуэхэу Нэхущ Мухьэмэд (I944–I994), Бемырзэ Мухьэдин (I948–2007), Пхъэш МуIэед (I949–2000) сымэ.

Гъуэтыгъуей дыдэу чэщей жыг

Гъэм и сыт хуэдэ зэманми и тхьэмпэхэр щхъуантIэщ.