Календарь событий

12 августа 2022

Таурыхъым и дуней

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм щIэх-щIэхыурэ утыку къыщрахьэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Ставрополь къалэм щылажьэ «Квадрат» IуэхущIапIэм къиша «Волшебная кисть Елизаветы Бём» гъэлъэгъуэныгъэр КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Лъэпкъ музеймрэ я нэIэм щIэту йокIуэкI.    

Киномрэ пэжымрэ

Совет цIыху мелуанхэр   етIощIанэ лIэщIыгъуэм зыIэпишэу еплъащ «Пираты ХХ века» кинофильм телъыджэм. Ауэ куэдыр щыгъуазэу къыщIэкIынкъым абы къыщыгъэлъэгъуа псори гъащIэм къызэрыщыхъуам- ахэр я нэгу щIэкIащ ди морякхэм.

Сомалим и тенджыз хъунщIакIуэхэр хамэ къэрал кхъухьхэм теуэн щIадзэным илъэс зыкъом ипэкIэ,  а «IэщIагъэм» дихьэхауэ щытащ дунейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэм щыщхэр.

«Таврида. АРТ»-м Налшык щыщ пщащэ хэтынущ

ШыщхьэуIум и 15-19-хэм  Кърым щекIуэкIынущ  «Таврида. АРТ» фIэщыгъэм щIэт фестиваль гъэщIэгъуэн.  Абы щызэхуашэсынущ  модэм, джазым, уэрам  театрым, иджырей гъуазджэм я лэжьакIуэхэмрэ КВН гупхэм я лIыкIуэхэмрэ.

 КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ,  а зэхыхьэм нэхъ Iуэху ину щрагъэкIуэкIынухэм ящыщщ иджырей гъуазджэм и фестивалыр. Абы хэту    щIыбым гъэлъэгъуэныгъэхэр щащIынущ, галерея къыщызэIуахынущ.

ТекIуэныгъэм и уэрэдхэр

Куржы Къэрал советым и дзэр Абхъазым къызэрытеуэрэ илъэс тIощI щрикъум дунейм къытехьауэ щытащ «Ди ТекIуэныгъэм и уэрэдхэр» фильмыр. Ар тезыхар илъэс куэдкIэ Абхъаз къэрал телевиденэм щылэжьа, зауэ корреспонденту щыта Ходжавэ Эммэщ (зыгъэувар Дзедзария Тимурщ, режиссер-операторыр Кучуберия Тимурщ).

Егъэджэныгъэм и япэ лъэбакъуэхэр

Къалащхьэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэм къызэраIуэтэжымкIэ, 1859 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ япэ школхэр. Абы лъабжьэ хуэхъуат «Бгырыс еджапIэхэм я устав» дэфтэрыр. Апхуэдэ гулъытэ щIэныгъэм ирата нэужь, еджэным гу хуэзыщIа щIалэгъуалэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ.

 

Эшерэ дэт кхъащхьэмрэ музеймрэ

Абхъазым и щыгъуэ махуэм мыхьэнэшхуэ зрат зы щIыпIэ иIэщ республикэм. Ар дэтхэнэ зы абхъазым дежкIи лъапIэу къалъытэ.  Зи гугъу тщIыр  АР-м и япэ Президенту щыта, лъэпкъ лIыхъужь Ардзинбэ Владислав щыщIалъхьа щIыпIэрщ - Сыхъум пэмыжыжьэу щыIэ Эшерэ Ищхъэрэ къуажэм дэтщ.

Сыжажэ Тимур и дыщэ лъэхъэнэ

Тхьэмахуэ махуэм зэхэтащ Налшык и Дерби Саугъэтышхуэр – илъэсищ зи ныбжь шыхэм я зэхьэзэхуэр. Зэхьэрхуэрэгъу шы куэд, саугъэт лъапIэхэр, Налшык ипподромым и рекорд – а псомкIи ягу къинэжащ иджырей шыгъажэр.

Зэпеуэхэр къызэIуахащ альпинизмэм и махуэм папщIэ ягъэува саугъэтыр къэхьыным ехьэлIауэ метри I200-м къыщызэдэжа илъэситI зи ныбжь иджылыз-адыгэшхэм. А гъуэгуанэр псом нэхърэ нэхъ жыджэру къызэпичащ Къурсакъ Лиуан и уанэм щIэта гъуабжьэ-фIыцIафэ Палладэ. Хьэгъэжей Мудид и гъэхъуным жыжьэу къызэринэкIащ шыбз лъэщ куэд.

Илъэс къэс нэхъыбэ мэхъу

«ШIэныгъэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу, Бахъсэн и «Кооператор» хьэблэм школакIуэу 1224-рэ зыщIэхуэн школ щаухуэ.

Къатищу зэтет унэм метр зэбгъузэнатIэ мин 26-рэ и инагъщ. Школым хэтынущ цIыху 560-рэ зыщIэхуэ пэшышхуэ. Абы хэтынущ къэфапIэ, музыкальнэ Iэмэпсымэхэмрэ фащэхэмрэ я хъумапIэ, зытIэщIыпIэ, зытхьэщIыпIэ, спортпэшу тIу.

Анэхэм я нэпсыр гъущакъым

1992 гъэ… ШыщхьэIум и 14… - Абхъаз Республикэм и тхыдэм и напэкIуэцI щхьэхуэщ, гуIэгъуэрэ бэлыхькIэ гъэнщIауэ… Илъэс 30 и пэ, а махуэм Куржы Къэрал советым и дзэр Абхъазым къытеуауэ щытащ.

Лыр щыфшхкIэ фысакъ

Трихинеллёз узыр къегъэхъей лы зэIыхьам, Iэщ сымаджэм ейм къыхэщIыкIа ерыскъыхэр шхыным. Абы цIыхур ныкъуэдыкъуэ щищIи щилIыкIыпи щыIэщ.

А узыфэр Iэщышхуэм и лым къызэрыхэкIыр къэплъытэмэ, зэуэ цIыху зыбжанэ сымаджэ зэрыхъур гурыIуэгъуэщ. Ар цIыхум зэрыпкърытыр къыщыпщIэр Iэщ сымаджэм ил зэIыхьар зэрашхрэ махуи I0-20 хуэдэ дэкIа иужьщ. Абы къыхэкIыуи сымаджэр зыгъэщхьэжагъуэр зэуэ къахуэщIэркъым. Тхьэмахуэ ипэкIэ е нэхъапэжкIэ пшха ерыскъым зыгуэр къуищIэнкIэ хъуну абыхэм хуагъэфащэркъым.

Псори автобусым фынитIысхьэ!

«Мыгъэрей «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык щокIуэкI», - къыддогуашэ и нэгу щIэкIахэр къызэрыщыхъуамкIэ Адыгэ республикэм къыщыдэкI «Маяк» газетым и корреспондент Васильевэ Нафисэ.

Дунейм щыхъыбархэр

НОБЭ

ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ

Каспий тенджызым и дунейпсо махуэщ

Урысейм и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я махуэщ

1851 гъэм Америкэм щыщ дэрбзэр Зингер Исаак Iэрыгъадэ машинэщIэ къигупсысащ. Махуэ 11 къудейкIэщ ар зэрелIэлIар иужькIэ езыр дуней псом цIэрыIуэ щызыщIа, и цIэр зезыхьэ а Iэмэпсымэр зэпкърилъхьэным.