Календарь событий

17 августа 2022

ТхакIуэ щыпкъэ

Прозэм и жанр щхьэхуэхэм къащхьэщыкIыу, рассказым лъабжьэ хуэхъу хабзэр гъащIэм и зы пычыгъуэу, Iуэхугъуэу зэманым и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр къызэщIэзыубыдэрщ. А жанрыр нэхъ яфIэтыншу абыкIэ зи тхакIуэ гъуэгуанэр къыщIэзыдзэхэм къадэкIуэу повесть, роман хуэдэхэм хуэIэижь, лъэпкъ литературэм и жьантIэр зылъыса тхакIуэшхуэхэми литературэм а и жанр цIыкIумкIэ «щраIуэнтIэкIыж» къохъу. Ар щынэрылъагъущ адыгей литературэм, псом хуэмыдэу лъэпкъым гурыхь щыхъуа и романхэм яужькIэ, новеллэмкIэ, рассказымкIэ «езыIуэнтIэкIыжа» КIэрашэ Тембот и творчествэм.

УНЭИДЗЫХЬЭ

Къэхъуа Iуэху

Мы хъыбарыр къэзыIуэтэжар си гуащэм и анэ Вэрыкъуэ Хулэщ. Ди жылэм и къекIуэкIыкIам, абы дэсахэм ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэн куэд ищIэу, акъыл жан иIэу дунейм тетащ а цIыхубзыр.

ТпэIэщIэ къытфIэщIми

Астрономхэр куэд щIауэ йогупсыс уахэ жыжьэм ит вагъуэ бжыгъэншэхэм ящыщ гуэрхэр ди Дыгъэм и къэухьым гъунэгъу зыкъыщыхуащIкIэ къэхъунур зыхуэдэм.

Псыкъелъэхэмрэ къуршхэмрэ

«Си щIыпIэ жыжьэ» зэпеуэм хэтахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэ зыплъыхьакIуэхэм я нэ къызыхуикI Iуащхьэмахуэ лъапэм, Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл ЩхъуантIэхэм яшат. Псоми я нэгу щIэкIар зыуэ, ауэ зэрытепсэлъыхь бзэр зэмыщхьу, дэтхэнэ журналистми и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Шэрхъым тесу ятха репортаж». Мы тхыгъэр зей Евушкинэ Людмилэ Пензэ областым хыхьэ, Сердобск къалэм къыщыдэкI «Сердобские новости» газетым щолажьэ.

Къалэм лъэщ

ЦIыхубэр сыт щыгъуи ирогушхуэ, иробжьыфIэ тхакIуэм и гуащIэм. Псом хуэмыдэжу лъагэщ лъэпкъ литературэм и зэхэублакIуэхэм я щIыхьыр. Адыгэхэм я дежкIэ апхуэдэ тхакIуэщ КIэрашэ Тембот. Адыгэ тхыбзэм япэ лъэбакъуэр щича махуэм къыщожьэ КIэрашэм и литературэ лэжьыгъэр. ЛIы ныбжь гъуэгуанэ и нэгу щIэкIащ Тембот и къалэмым. А къалэмым игъэбэтащ къэрал псом щыцIэрыIуэ «Гъуэгу насыпыфIэ» романыр, повесть хьэлэмэт зыбжанэ, рассказ куэд, нэгъуэщI тхыгъэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Урысей Федерацэм и субъектхэм я гъэзэщIакIуэ властым и органхэм я лэжьыгъэм къыщахьа ехъулIэныгъэхэм  папщIэ 2022 гъэм федеральнэ бюджетым къыхэкIыу дотацэ (грант) щIыкIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и республикэ бюджетым къыIэрыхьа бюджет зэхуаку трансфертхэр зытрагъэкIуадэ унэтIыныгъэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа Указ №67-УГ-м и 1-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Нобэ

♦Латвием и къалащхьэ Ригэ и махуэщ

♦Индонезие Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

1771 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм и указкIэ Къэбэрдей цIыхубэм Щытхъу тхылъ къаритащ.

1812 гъэм пащтыхь Александр Езанэм урысыдзэм и командующэ нэхъыщхьэу игъэуващ Кутузов Михаил.