|
Календарь событий
22 августа 2022
22 августа, 2022 - 18:54
«Сыт сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сызэритхьэкъуфынур? Сэ къурш лъагэхэр, мэз Iувхэр, псыкъелъэхэмрэ зи гъунэм унэмыплъыс губгъуэхэмрэ зиIэ Адыгэ республикэм сыщыщщ!» - ахэр и гупсысэу «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалым къэкIуа, Красногвардейскэ къуажэм къыщыдэкI «Дружба» газетым и корреспондент Ковалевэ Иринэ и «шэрхъ репортажыр» Налшыкрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ хузэхилъхьа уэрэдым хэдэу, бзэ дахэкIэ итхыжащ.
22 августа, 2022 - 18:00
Химием зымащIэ хэзыщIыкI дэтхэнэми зэхихащ Кюри Марие и цIэр. Уеблэмэ абы и цIэр 96-нэ химическэ пкъыгъуэм фIащыжащ — Кюрий (лат. CurIum). Марие щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа бзылъхугъэ телъыджэхэм хабжэ.
22 августа, 2022 - 17:51
Зи диныр, нэгъуэщI зи фIэщхъуныгъэхэр зыпаубыду залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэр, абы зи гъащIэр хэзылъхьахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэщ. I99I гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зи мычэзу сессием унафэ къищтащ Урысейм и иджырей ныпыщIэр - хужь-щIыху-плъыжь плъыфэхэу зэгуэлъыр - къэралым и дамыгъэу къэлъытэным теухуауэ. Нэхъ иужькIэ, I994 гъэм шыщхьэуIум и 20-м, УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ «Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым теухуауэ» унафэм.
22 августа, 2022 - 16:47
Железноводск курорт-къалэм гъубжым щекIуэкIащ «Инфорум» журналистхэм я егъэджэныгъэ форум. Ставрополь крайм и Правительствэмрэ Урысей и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща зэIущIэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къищынэмыщIауэ хэтащ медиаэкспертхэр, политологхэр, къэрал унафэщIхэр. «Планёрка» зи фIэщыгъэ зэхыхьэм и темэ нэхъыщхьэу щытащ иужьрей зэманым зэбграгъэх хъыбарыщIэ нэпцIхэм зэрапэщIэтыну Iэмалхэр.
22 августа, 2022 - 14:40
Абын – аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуауэ щыта Абинск къалэ цIыкIум пхрыж псым. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр «мэз» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм хэт «абнэ» псалъэм къытепщIыкIащ.
22 августа, 2022 - 13:35
ЩIыуэпсым хузэфIокI цIыхур зыхуэныкъуэ псомкIи игъэнщIыну. Абы гъащIэ къегъэщI, деIыгъ, зэтрекъутэж и чэзур къыщысым деж. Пэжщ, цIыхум ехъулIэныгъэшхуэхэр зригъэгъуэтащ, щIэныгъэр къигъэщIащ, ауэ щIыуэпсым пэщIэтыну, ебэныну хузэфIэкIыркъым. Дэ зыри тхуещIэркъым щIыхъейм, къэбэкъауэм, псыдзэм. ЦIыхур жыжьэ дыдэ Iэбауэ, куэд къихутауэ къыщыхъужми, укъэзыгъэуIэбжьыр щыгъунэжщ дыкъэзыхъуреихь дунейм.
1. Аргъуейхэм мелуан бжыгъэкIэ цIыхухэр яукI илъэс къэс.
22 августа, 2022 - 12:33
Бадзэуэгъуэм и кIэм Иракым и правительствэр траху пэтащ. Ар зи Iэужьыр суннитхэмрэ шиитхэмрэ-исламым и къудамэ нэхъыщхьитIым - яку къыдэхъуа зэныкъуэкъурт. Апхуэдэ къаугъэхэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щIэх-щIэхыурэ къыщохъей икIи абыхэм яжь ящIеху гъащIэм и лъэныкъуэ Iэджэм: псалъэм и хьэтыркIэ, бензиным и уасэм. Абыхэм зауэшхуэхэм щыхуаши щыIащ.
22 августа, 2022 - 11:43
Зыри пхуэсщIэфынукъым
ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, журналистхэм яхэтащ колхозхэм, совхозхэм кIуэурэ тIэкIу яфIефэн-яфIешхэн, якIэрышхыхьын зимыжагъуэхэр. Зы гъэ корреспондентитI зэщIыгъуу кIуат Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ колхоз гуэрым. Ятхынур зэфIэкIа нэужь, колхоз тхьэмадэм къыгурыIуащ щIалэжьитIым зы бжьэ щадзмэ, шэджагъуашхэ ящIмэ, зэрамыжагъуэр. Езыр хущIыхьэртэкъыми, и шофёрыр къриджэри жриIащ:
- Ди хьэщIэхэр шхапIэм шэи тIэкIу егъэдзакъэ. Сэ отчётым иужь ситынущ, сыхущIыхьэркъым.
22 августа, 2022 - 11:31
Май районым хыхьэ Александровскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж, «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек 20I9 гъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ а станицэм щыкIуам яубзыхуащ ар.
22 августа, 2022 - 10:29
«Нэхъ и пэкIэ музыкэр къысфIэмыIуэхущэ хуэдэу щытащ. КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтыр къэзуха нэужъ, уеблэмэ бухгалтеруи седжэжыну си гуращэу КооперацэмкIэ, экономикэмрэ правэмкIэ Белгород университетым Налшык къалэм щиIэ къудамэм сыщIэтIысхьэжауэ щытащ. Музыкэм си лэжьыгъэр еспхыну сигу къэмыкIыхэми, абдеж ирихьэлIэу оперэм мащIэу сыдихьэхат. Ауэ сэ езым згъэщIэгъуэжу, псори зэрыхъун хуейм хуэдэу зэхуэхъуащ. 2008 гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм сылъатэрт.
|