Гъуэгу хозяйствэмкIэ «Кавказ» федеральнэ IуэхущIапIэм къызэрыхилъхьауэ, 2024 гъэм къриубыдэу, Налшык къалэ Идар Темрыкъуэ и цIэр зезыхьэ и уэрамым и машинэ зэблэкIыпIэу 4-м щыщу Р-217 «Кавказ» федеральнэ автомобиль зекIуапIэм и 450-нэ километрым къыщыщIэдзауэ 455-нэм нэсыр къызыхуэтышэу зэрагъэпэщыжынущ. А Iыхьэр хохьэ Налшык и кхъухьлъатэ тедзапIэм хуэзышэм.