|
Календарь событий
12 марта 2024
12 марта, 2024 - 18:22
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иджыблагъэ хэтащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэ хэхам. Абы щыхэплъэжащ «Къэралым исхэр хъумэн, цIыхухэм я узыншагъэмрэ псэукIэмрэ егъэфIэкIуэн» къэрал проектыр зэрагъэзэщIам кърикIуахэм, зэлэжьыпхъэхэм, апхуэдэуи абы щаубзыхуащ 2030 гъэ пщIондэ къапэщылъ къалэнхэр.
12 марта, 2024 - 17:21
ЩIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу зи Iэдакъэ къыщIэкIа, этнолог, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Абхъазым «ПщIэрэ щIыхьрэ» и къэрал дамыгъэм и етIуанэ нагъыщэр зыхуагъэфэща Бгъэжьнокъуэ Барэсбий адыгэ лъэпкъым и хабзэрэ щэнхабзэрэ джыным къару мымащIэ ирихьэлIащ. Адыгэхэм я зэхущытыкIэхэр, къэнжал зауэр, шэрджэс джэгукIэхэр, хъуэхъухэр - куэд мэхъу ар фIэгъэщIэгъуэну зэлэжьахэр. Апхуэдэу хьэлэмэту ар зытетхыхьа адыгэ шуджэгу лIэужьыгъуэхэм епха тхыгъэ кIэщIщ адэкIэ фызыщыдгъэгъуэзэнур:
12 марта, 2024 - 16:20
КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Ацкъан Руслан ящыщщ адыгэ литературэм и лъабжьэр быдэ ищIу нобэ тхэ усакIуэхэм. Ар дэ зэрытцIыхур и творческэ дунейрщ, и IэдакъэщIэкIхэм ящIилъхьэ гупсысэхэрщ, ар къызэриIуатэ и бзэрщ.
12 марта, 2024 - 15:18
Ставрополь крайм киокусинкаймкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ а щIыналъэм и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм ягъусэу абы щызэпеуащ Астрахань областым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным я спортсмену 200-м нэблагъэ.
Ди республикэм и щIыхьыр яхъумэу абы щызэуащ каратист ныбжьыщIэу 11 икIи, абыхэм ящыщу, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Таттаевэ Аминэ (кг 40), Биткаш Ашшур (кг 40), Хомченкэ Валерэ (кг 45-рэ), Шыд Ислъам (кг 60) сымэ.
12 марта, 2024 - 14:17
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Китайм жыг хадэм къыщагъэсэбэп техникэхэр къыщыщIэзыгъэкI «SHANDONG NUOMAN ENGINEERING MACHINERY CO.,LTD» заводым и лIыкIуэ Ван Ченг.
12 марта, 2024 - 13:15
Гъатхэм и нэщэнэ дахэхэм ящыщщ къалэр дадий зэмыфэгъухэм нэр ягъэгуфIэ зэрыхъур. Ди къэралым хабзэ щыхъуащ гъатхэпэм и 8-м бзылъхугъэхэм а гъэгъа дахэхэр ирату. Ахэр зэмыфэгъущ, щхьэж фIэфIыр къыхихыу. АтIэ къалэр дадийхэм я теплъэр зэрыдахэм хуэдэу, езым я хьэл яхэлъыжщ, тхыди яIэщ. Удз гъэгъам нэхъри нэIуасэ зыхуэпщIыну гъэщIэгъуэнщ.
Къалэр дадий лъэпкъыгъуэу мини 10-м нэблагъэ щыIэщ.
ЛIэужьыгъуэщIэ къэбгъэкIыным илъэс 20 хуэдиз токIуадэ.
Дунейм псом къалэр дадийр къыщалъытэ гухэлъым, насыпым, гуапагъэм, псэхугъэм я нэщэнэу.
12 марта, 2024 - 12:14
Адыгэ лъэпкъым и бзэм, хабзэм, тхыдэм и къежьапIэр къэтIэщIыным яужь иту, тхакIуэ Мэржэхъу Мухьэмэд хамэ къэрал зыбжанэм къыщыщIидзащ. Адыгэм и псэм, и дунейм, и философием и купщIэр къыщыунэхуа щIыпIэмрэ зэманымрэ къилъыхъуэу, абы зэгъэпщэныгъэкIэ къихутащ Индием и литературэбзэу къалъытэ санскритымрэ адыгэбзэмрэ зы лъабжьэ яIэу. Мухьэмэд иригъэкIуэкIа лэжьыгъэмкIэ къыбгуригъэIуэну хэтщ адыгэбзэм нэхърэ нэхъыжь зэрыщымыIэр, уеблэмэ дунейм лъэпкъыу тетыр къызытепщIыкIыжахэр абы ирипсалъэу щытауэ хуегъэфащэ.
12 марта, 2024 - 11:18
Зи гъащIэр медицинэм хуэзыгъэпса цIыхущ ПащIэ Марьянэ Темударий и пхъур. ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэнми щIэблэр егъэджэнми и гуащIэ хилъхьащ а бзылъхугъэм.
12 марта, 2024 - 07:10
Гъатхэпэм и 12, гъубж
ИнтернеткIэ цIыхухэм якIэлъыплъыныр мыдэным и дунейпсо махуэщ
Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
1912 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, 1965 - 1973 гъэхэм КъБКъУ-м и ректору щыта КIэрэф Къамболэт.
|