Календарь событий

19 марта 2024

И анэми щысхьатэкъым…

Тхыдэм зыгуэркIэ щыгъуазэ дэтхэнэми къыхуэхьынущ нэхъапэм цIыху Iейуэ щымытам и щхьэр властым зэригъэуназэм и щапхъэ. Ахэр гъунэжщ икIи, зэрыжаIэщи, кIэи пэи иIэкъым. Дахэу кърагъажьэри, я лъэр быдэ зэрыхъуу зокIуэкI. ДеплъэкIыжынти, блэкIамкIэ.

Дэтхэнэми хэплъэнущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурор Хабаров Николайрэ Налшык гарнизоным и дзэ прокурор Васильцов Александррэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъынымкIэ «Хэкум и ХъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэм и IуэхущIапIэу республикэм и щыхьэрым щыIэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 13-м щрагъэблэгъащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, военнэ къулыкъум къыхагъэкIыжахэр, СВО-м хэтхэм я унагъуэхэм щыщхэр. 

Къуажэ уэрамхэр зыхуей хуагъазэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Тэрч щIыналъэм щыщ Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Ар хагъэхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм. 

Кушыкурэ Мэтрэ я жэуап

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алий адыгэм и щэнхабзэр, и тхыдэр хъумэным ехьэлIауэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» жыхуиIэу 2014 гъэм дунейм къытригъэхьари. 
Нэхъыжьхэм къаIуэтэжахэм къахихыу, а тхылъым щызэщIигъэуIуахэм яхэтщ «Кушыкурэ Мэтрэ» зыфIища Iуэтэжри.   

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Ныкъуэдыкъуэхэм я IуэхухэмкIэ щыIэ советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм и 24-м къыдигъэкIа Указ 110-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Энергетикэм и щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ «Шэрэдж ГЭС» ухуэныгъэм и щIыналъэр зэраубзыхунум и проектымрэ абы и щIым IуэхущIапIэхэр зэрыщагъэувынум и проектымрэ къэщтэным и IуэхукIэ

ПщIэрэ щIыхьрэ зиIа цIыху

РСФСР-м щэнхабзэмкIэ щыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Адыгэ Республикэм и усакIуэ, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Жанэ Къырымызэ къызэралъхурэ гъатхэпэм и 7-м илъэси 105-рэ ирикъуащ. 
Адыгэ Республикэм и Теучэж районым (иджы Тохъутэмыкъуей) хыхьэ АфIыпсыпэ къуажэм 1919 гъэм гъатхэпэм и 7-м къыщалъхуащ Жанэ Къырымызэ Хьэжмусэ и къуэр. Ар хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ къызэрыгуэкI адыгэ унагъуэм къыщыхъуащ. 

Шабзауэхэр зэпоуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Кисловодск и унафэщIым и Кубокыр шабзэ еуэнымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха иджыблагъэ а къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъи 8-м я спортсмен 88-рэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и шабзауэхэм зэпеуэм медалих къыхахыфащ - дыщэу щы, дыжьыну тIу, зы домбеякъ.
Зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Кулюшинэ Янэ, ДыщэкI Рустам, Стрельниковэ Аннэ сымэ. 

ЦIыху лъэужьыфIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, лэжьыгъэм и ветеран Шумахуэ Владимир псэужамэ, гъатхэпэм и 13-м и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 19-м къыдигъэкIа унафэ №I53-ПП-м къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ

ЯмыгъэтIысу илъэси 3 тралъхьащ

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ «Нальчикмежтранс» IуэхущIапIэм и унафэщI Кандоров О.М. илэжь щIэпхъаджагъэр. 
ЗэраубзыхуамкIэ абы зыкIэщIиупщIащ Налшык къалэ автовокзалым и щIыналъэм щыIэ сату щIыпIэхэр бэджэнду къэзыщта щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм кърата ахъшэр. 

НОБЭ

Гъатхэпэм и 19, гъубж
Iуэхутхьэбзэ зыхуащIэм и дунейпсо махуэщ
Урысейм и псыщIагъырыкIуэ кхъухьхэм къулыкъу щызыщIэхэм я махуэщ
1930 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къашыргъэ Билал.
1945 гъэм къалъхуащ къэфакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ ДзыхьмыщI Зарэ.
 
Дунейм и щытыкIэнур

Абрэджхэр

(Къэхъуа Iуэхум Нэхущ Мухьэмэд къытрищIыкIыжа хъыбар)
Абрэдж гуп гъуэгу зэхэкIыпIэм тесщ. Я тхьэмадэр жыг жьауэм щIэсщи гупым ящыщым йоджэ:
- Гъуэгум ириплъэт, къакIуэIарэ?
ЩIалэм зеIэтри Iэдакъэжьауэ ещI:
- Гужь гуэр къыдокIуей, зы фыз исщ, щIалэ цIыкIуи гублащхьэм дэсщ. 
- Фыз щискIэ, блэгъэкI.
Тэлай докIри, тхьэмадэр аргуэру маджэ:
- Плъэт иджыри, къакIуэIарэ?
ЩIалэр гъуэгум ироплъэ:
- ЛIыжь гуэр солъагъу, витI IумпIэкIэ иIыгъыу.
- ВитIри лIыжь цIыкIури къэфху мыдэ.