|
Календарь событий
25 марта 2024
25 марта, 2024 - 17:50
КъБР-м и Парламентым и депутатхэр хабзэубзыху IэнатIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ я пашэу хэтащ Москва областым щыIэ «Крокус Сити Холл» концерт гъэлъэгъуапIэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм я благъэхэм ядэщыгъуэу къызэрагъэпэща Iуэхум.
25 марта, 2024 - 17:49
«Москва областым щыIэ «Крокус Сити Холл» концерт гъэлъэгъуапIэм щIэпхъаджащIэхэр теуэри, цIыху пщIы бжыгъэхэр хэкIуэдащ, щэм щIигъу уIэгъэ хъуащ. А гузэвэгъуэшхуэр я гум щIыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу- хэм. Дэ псори гукIи псэкIи дащIыгъущ лей зытехьахэм, абы хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэмрэ благъэмрэ дадощыгъуэ.
25 марта, 2024 - 17:30
Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ гъатхэпэм и 1 - 3-хэм Челябинск къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ республикэм СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм.
25 марта, 2024 - 17:15
Урысейм армрестлингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Орёл къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 48-м я спортсмен ныбжьыщIэу миным нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу а зэхьэзэхуэм хэтащ Бэрэздж Кимран, Къарэмызэ Къантемыр, Балъкъэр Ибрэхьим, Нэдзырэ Альберт сымэ.
25 марта, 2024 - 17:01
Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Михаил и фэеплъу Къэбэрдей-Балъкъэрым картингымкIэ и чемпионат зэIуха иджыблагъэ Нарткъалэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Ставрополь крайм, Ростов, Волгорад областхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Къэрэшей-Шэрджэсым, ди республикэм я командэхэр.
25 марта, 2024 - 16:48
05 апреля 2024 года в 10 часов проводится Всероссийская ярмарка трудоустройства: «Работа России. Время возможностей» для предприятий промышленной сферы, сельского хозяйства, строительной отрасли, в сфере информации и связи, а также предприятий, имеющих значительную потребность в кадрах.
25 марта, 2024 - 16:30
Мы Iуэхум ди къэралым куэд щIауэ щытопсэлъыхь жылагъуэри, щIэныгъэлIхэри, икIэм-икIэжым политикэхэри. НаIэу зэрыщытщи, къыхалъхьэ Урысейм налог къыхэхыкIэщIэ, «прогрессивнэ налог» жыхуаIэм, щыхуэкIуэну. «ЩIэ» жытIэ щхьэкIэ а хабзэр илъэс куэд лъандэрэ нэхъ зызыужьа къэралхэм къыщагъэсэбэп: налогыр зыхуэдизыр зэлъытар къыпIэрыхьэ хэхъуэм и инагъырщ: нэхъыбэ къыпIэрыхьэмэ, нэхъыби птынущ. Мыр экономикэм зегъэужьынымкIэ щIэгъэкъуэныфIщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1930 гъэхэм Iуэхухэр щызэтещэхауэ щыта США-р къызэфIэзыгъэувэжыфар мис а прогрессивнэ налогырщ.
25 марта, 2024 - 16:00
Кавказыр къыщазэу лъэхъэнэ дыджым лIыгъэ зезыхьа ди лъэпкъэгъухэм я сатырым вагъуэ лыду зи цIэр къахэщхэм ящыщщ Сэфралыкъуэ Мэт.
25 марта, 2024 - 15:30
Си гъатхэт абы щыгъуэ. ЩIымахуэку дыдэм къысхуэкIуа гъатхэ. Сэ фIэкIа, нэгъуэщIым илъагъуртэкъым абы щыгъуэ дунейр дахащэу зэрыгъэгъар. Къигъэхуабэрт си гур мо щIымахуэ щIыIэм.
25 марта, 2024 - 15:00
IуэхуфIхэр зи плъапIэ, зи зэфIэкIым зезыгъэужьыну, щIэ гуэр къызэрищIэным сытым дежи хущIэкъу, а и щIэныгъэр жылагъуэм жыджэру хуэзыгъэлажьэ пщащэщ Тау Стеллэ. Ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и экономикэ факультетым, иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ аспирантурэм. Еджэным фIыуэ ехъулIэ хъыджэбзым мызэ-мытIэ къихьащ КъБР-м и Iэтащхьэм, Нэгумэ Шорэ и цIэкIэ ягъэува стипендиехэр. 2015 гъэм абы и диссертацэр Адыгей къэрал университетым ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIри, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат хъуащ. Стеллэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щылажьэ ЩIалэгъуалэ советым хэтщ, аутсорсинг компанием и бухгалтерщ.
25 марта, 2024 - 14:30
Тыкуэнхэм, бэзэрхэм щащэ фохэм я къабзагъыр къэхутэным теухуауэ гъэ кIуам къащта унафэр гъэзэщIэнымкIэ лэжьыгъэм мы илъэсми пащэнущ.
Фор къызыхахым елъытауэ, лIэужьыгъуэ куэд мэхъу, я фэкIи зэщхьэщокI. АрщхьэкIэ, ар къабзэу зыщэр мащIэщ. Iуэхум и пэжыпIэм фыщагъэгъуэзэнущ «Россельхознадзор»-м и Кавказ Ищхъэрэ IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм.
25 марта, 2024 - 13:30
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Светловодскэ жылэм и уэрам нэхъыщхьэхэм ящыщу Лениным и цIэр зезыхьэр, километр 1,1-рэ зи кIыхьагъыр, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.
25 марта, 2024 - 13:00
«Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ къэрал бюджетым къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуаутIыпщащ сом мелуан 46,5-рэ. Урысей Федерацэм и Правительствэм а IэнатIэм зрагъэужьыным трагъэкIуэдэну щIыналъэхэм псори зэхэту сом меларди 6,3-рэ яхухихащ. Абыхэм ящыщу нэхъапэ ирагъэщахэр я деж къакIуэ туристхэм щхьэкIэ хьэщIэщхэм къэувыIэпIэ нэхъыбэ щызиIэхэрщ.
25 марта, 2024 - 12:30
2030 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым электрокъарууэ езым къилэжьыжым и куэдагъыр киловатт мелард 1,8-м щхьэдэхынущ. Апхуэдэ гугъэхэр уагъэщI республикэм и энергетикэ IэнатIэм иужьрей илъэсхэм жыджэру зэрызиужьым.
25 марта, 2024 - 12:15
Дунейр къызэригъэщIрэ илъэс мелард бжыгъэ хъужами, цIыхур абы куэд щIауэ щыпсэуми, мы ЩIым щэхуу пкъырытыр иджыри къэс къахуэтIэщIакъым. ЗыхэтщIыкIыр зырикIщ, къыдгурымыIуэмрэ дымылъагъумрэ елъытауэ. Ауэ, иужьрей къэхутэныгъэхэм ящыщщ Кърымымрэ Кавказымрэ зы къурш тхыцIэм щыщу къызэрахутар.
25 марта, 2024 - 12:10
Пащтыхьхэм я хьэлт цIыху губзыгъэхэмкIэ, зэчий зыбгъэдэлъхэмкIэ зыкъаухъуреихьыну. Языныкъуэ пащтыхьхэр езыхэм я зэчийкIэ цIэрыIуэ хъуахэщ, адрейхэм гу зылъата сурэтыщIхэм, щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, гъуазджэм дихьэххэм ядэIэпыкъукIэрэ я цIэр Iуащ.
* * *
25 марта, 2024 - 12:07
Гъатхэпэм и 25, блыщхьэ
♦ЦIыхур гъэпщылIынымрэ щхьэхуимытхэмкIэ сату щIынымрэ я лей зытехьахэм я дунейпсо махуэщ
♦ООН-м и лэжьакIуэхэу гъэру яIыгъхэм, хъыбарыншэу кIуэдахэм къащхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ
♦Спорт кином и дунейпсо махуэщ
♦Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
Дунейм и щытыкIэнур
|