Календарь событий

26 марта 2024

Лъэпкъыбзэхэр кIуэдыжыныр пэж?

Лъэпкъ мащIэхэм я бзэхэр зэман кIэщIкIэ кIуэдыжын гъуэгум теувауэ ЮНЕСКО-м къызэрилъытэрэ куэд щIащ. Ауэ а гузэвэгъуэр зыжьэхэуэнур хэтми, зыми ищIэркъым. Апхуэдэ гурыщхъуэ зыхуащI бзэхэр зезыхьэхэр къэушрэ, елэжьын щIадзэмэ, мыкIуэдыжынри хэлъщ.  Абы теухуауэ иIэ гурыгъу-гурыщIэхэр къытхуеIуатэ Ерджиес университетым и профессор Иуан Зэуал. «Анэдэлъхубзэхэр хъумэным теухуауэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым куэд елэжь. Абы и Iуэху пажэхэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэнымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ ехьэлIахэр. Университетым и ректор Узденов Т.

Кавказым щомыщыр щагъэбэгъуэж

Пасэм щомыщыр Кавказым куэду щыIащ,  ахэр щызэхэзекIуэрт Кавказ къуршытх Нэхъыщхьэм. ХХ лIэщIыгъуэм и кIэухым щомыщхэр Кавказым мащIэ дыдэ щыхъуащ, кIуэдыжынкIэ шынагъуэу. 1980 гъэхэм закъуэтIакъуэт мэзхэм узэрыщрихьэлIэжыр. Илъэси 5 - 8-м къриубыдэу зыбжанэрэ щалъэгъуат Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэм, Къэрэшей-Шэрджэсым.

Адыгэхэм я къежьапIэр

                 ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. Апхуэдэу щытми, цIыху лъэпкъыр я бзэкIэ, я дуней тетыкIэкIэ, щIыпIэу зыщыпсэухэмкIэ хуабжьу зэщхьэщокI. Нобэрей щIэныгъэм цIыхухэр я сурэткIэ, я нэпкъпэпкъкIэ егуэш негроид, монголоид, европеоид расэхэмкIэ.

ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ

Рассказ

2 Iыхьэ

  Сурэтхъан  и макъыр нэхъ щэху хъуурэ, тIысыпэри, щым хъуащ. И гур къызэфIэзэрыхьа хъунт.

    - Псы тIэкIу уеIубын? – сыкъэгузэвэжауэ соупщI.

    - Хъунт, тхьэ.

 Псы стэчан къыхуизгъэхъуам, Iэдэб дыдэу зэ йоIубри, къызетыж.

    - Упсэу, дахэ.

   Сэри, зы щытыкIэ дахэ иджыри дэслъэгъуащи, пщIэ хуэсщIыр нэхъ лъагэж хъуауэ соплъ, и макъыр зэтрегъэувэжри, пещэж.

Дунейпсо зэхьэзэхуэр я плъапIэу

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи щIалэгъуэ спортсмен нэхъ лъэщхэм ящыщу 700-м нэблагъэ.

IэнатIэм и зэфIэкIхэр ягъэлъагъуэ

Мэзкуу къалэм и «Крокус Экспо» центрым гъатхэпэм и 19 - 21-хэм щекIуэкIынущ туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ ехьэлIа 30-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри.

Дунейпсо утыкум ирахьэнущ турагентствэхэм, туроператорхэм, хьэщIэщхэм, цIыхухэм щIыуэпсым и дахагъэкIэ къулей щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыщегъэплъыхьыным пыщIа IэнатIэхэм, нэгъуэщIхэми нобэ яIэ зэфIэкIхэмрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ. Псом хуэмыдэу, зыплъыхьакIуэхэр нэхъыбэу зыщIэупщIэ, ахэр къызэрыдахьэх, щIэуэ къежьа я Iуэхутхьэбзэхэр ягъэлъэгъуэнущ.

Информационное сообщение

В соответствии с планом проведения антитеррористических учений на 2024 год, утвержденным Председателем НАК, Оперативным штабом в Кабардино-Балкарской Республике 27 марта 2024 года в Урванском муниципальном районе будут проводиться антитеррористические учения.

Оперативный штаб в КБР просит жителей и гостей региона отнестись с пониманием к возможным неудобствам, связанным с введением временных ограничительных мер.

Губгъуэ лэжьыгъэхэм я екIуэкIыкIэм топсэлъыхь

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжыжэ Хьэсэн иджыблагъэ хэтащ абы и унафэм щIэт IэнатIэм щылажьэ Жылагъуэ советым и зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр республикэм и щIыналъэхэм зэрыщеужьэрэкIым. 

         Сыжажэм къыхигъэщащ губгъуэ лэжьыгъэхэр и чэзум зэрырагъэжьар, махуэ къэси, зэрыжаIэу, зэрыщIагъэхуабжьэр.

Каспийск щызохьэзохуэ

  Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. Ахэр хэтащ КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ а къалэм щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм медаль зэхуэмыдэу 11 абы кърахащ, ауэ дыщэ медалу зы къыхэкIауэ аращ. Ар къэзыхьар килограмм 55-рэ хъухэм я деж щыбанэ Тэркъан Казбекщ.

         Зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуащ Хъуп Астемыррэ (кг 63-рэ) Гъубж Аскэррэ (кг I30-рэ).

Гулъытэ хэха ягъуэт

     ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ къэралым щылажьэ «Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ федеральнэ, щIыналъэ бюджетхэм къахэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелард 1,55-рэ къыхуаутIыпщащ иужьрей илъэситхум къриубыдэу.

Ди шабзауэхэр ятокIуэ

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ шабзауэхэм я республикэ чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ Урысей Ипщэм и щIыналъэхэм ящыщу 7-м я спортсмен 70-м щIигъу.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым и шабзауэхэм зэхьэзэхуэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ икIи зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Рахманкуловэ Даринэ, ДыщэкI Рустам, Кулюшинэхэ Янэрэ Натальерэ сымэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

   Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал къулыкъумрэ унафэщI лэжьакIуэхэр  зэзыхъуэкIынухэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №177-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр  хэлъхьэным  теухуауэ

НОБЭ

Гъатхэпэм и 26,  гъубж

         Къэмэх узыфэр зыпкърытхэм я махуэщ

         1898 гъэм къалъхуащ кавказыбзэхэр зыджа щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Куржым щIэныгъэхэмкIэ и академием и академикыу щыта, Абхъазым, КъБР-м, Шэшэн, Ингуш, Дагъыстэн республикэхэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Куржым и къэрал саугъэтым и лауреат Чикобавэ Арнольд.

        

Дунейм и щытыкIэнур