Календарь событий

07 апреля 2024

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр

«Урысей» дунейпсо гъэлъэ­гъуэныгъэ-зэхуэсым хыхьэу мы махуэхэм ВДНХ-м и 75-нэ ­павильоным къыщеджащ адыгэ, балъкъэр усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэм. 

Бзэмрэ псэмрэ зэпыщIащ

«Унагъуэр еджэмэ - къэралри йоджэ» къыхуеджэныгъэм щIэту 2024 гъэм гъат­хэпэм и 23 - 31-хэм къэралым и дэнэ щIыпIэкIи щрагъэкIуэкIащ «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» фIэщыгъэр зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. Абыхэм хыхьэу Налшык къалэм Сабийхэмрэ щIалэ­гъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм иджыблагъэ зэIущIэ хьэлэмэт къыщы­зэрагъэпэщат. Ар хуэгъэпсауэ щытащ сабийхэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджыным, тхылъ еджэным дегъэхьэхыным, щIыпIэм и тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыгъэ­гъуэзэным, лъэпкъ тхыдэм, хабзэм, щэнхабзэм фIыуэ хащIыкIыу щытыным. 

НэхъыфIхэм хабжэ

Дунейпсо IэщIагъэлIхэри къыхашэу, Моск-ва щекIуэкIащ Неврологхэм я етIуанэ конгресс. Абы и утыку къыщрахьащ щхьэ куцIым щызекIуэ лъым игъуэта сэкъатым еIэзэнымкIэ лэжьыгъэм и пIалъэ нэхъыфI къэзыгъэлъэгъуахэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр. ­Урысейм и щIыналъэхэу ехъулIэныгъэ зиIэу къалъытахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрри. 

Яхуэ­лъэщ сабийхэми

Фошыгъу диабетыр дунейпсо медицинэр зыIууэ узыфэ ­нэхъ гугъухэм икIи хьэлъэхэм хабжэ.  Мы зэманым фошыгъу узыр къефыкIыу дуней псом тетщ цIыху мелуан 450-рэ, абыхэм я нэхъыбэм - мелуан 424-м - узыфэм и 2-нэ лIэужьыгъуэр япкърытщ, нэгъуэщIу жы­пIэмэ, инсулиныр яхури­къуркъым. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, Урысейм а узыр зыпкърыту щыпсэухэм я бжыгъэр мел­уани 5-м ноблагъэ. Иужьрей зэманым дохутырхэр нэхъ игъэгузавэ хъуащ а узыфэр зэуалIэхэр нэхъыбэ зэрыхъум, ди жагъуэ зэрыхъунщи, балигъхэм я мызакъуэуи ар  яхуэ­лъэщ сабийхэми.

ГъащIэ насыпыфIэм, зэIузэпэщым и лъабжьэ

1950 гъэм щегъэжьауэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэр мэлыжьыхьым и 7-м ягъэ­лъапIэ. Апхуэдэ махуэ щIыхахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщ­хьэр я узыншагъэм гулъытэш­хуэ хуащIын зэрыхуейр  цIы­ху­хэм ягурыгъэIуэнырщ, ар егъэ­фIэкIуэнымкIэ зэ­фIэхыпхъэхэр убзыхунырщ.