Тыркум щылажьэ кавказ хасэхэм я федерацэм (КАФФЕД) хэтхэр мы махуэ- хэм КИФЩI-м адыгэ зэрыс и республикэхэм щохьэщIэ. Ахэр дыгъуасэ ирагъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым. ХьэщIэхэм яIущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.