|
Календарь событий
24 апреля 2024
24 апреля, 2024 - 17:30
ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академиер къызэрыунэхурэ илъэси 300 ирикъуащ мы гъэм. Академием хэтщ Нобель Альфред и цIэкIэ ягъэува саугъэт лъапIэр зыхуагъэфэща щIэныгъэлI куэд.
24 апреля, 2024 - 16:32
ЩIыналъэм и экономикэм зиужьыным шэсыпIэ хуэхъу IэнатIэхэм хохьэ ухуэныгъэр. «ПсэупIэ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2019 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым унэу щатар метр зэбгъузэнатIэ мелуани 2,5-м щIигъуащ.
Республикэм исхэм абы и лъэныкъуэкIэ я Iуэху езыгъэфIэкIуэнухэм ящыщщ Налшык къалэм и «Мей», «КъуэкIыпIэ» хьэблэщIэхэм щаухуэ псэупIэ зэхэтхэр Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм 2030 пщIондэ зегъэужьынымкIэ щыIэ программэм зэрыхагъэхьар. Абы ипкъ иткIэ а хьэблэхэм щаухуэнущ псэупIэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мелуан 1,2-рэ.
24 апреля, 2024 - 15:23
2-нэ Iыхьэ.
Тхьэм и фIыщIэкIэ, Зерэ и операцэр фIы дыдэу зэфIэкIащ. Ар дохутырым къыджиIа нэужь, куэдыр епIэщIэкIыу, сымаджэщым къыдэкIыжащ, нэхъ ди благъэхэм заIэжьащ.
А уэ пщIэ «си цIыхугъэщIэр» зэрыщыст, зимыгъэхъеяуэ. Фэ есплъащ зыгуэрым егупсысу. Зэпымычу тутын ефэрт. Зэм и Iэр и щхьэм щIэгъэкъуауэ къызэфIэтIысхьэрти, зэрыгупсысэр наIуэу щыст, зэми уэгум дэплъейт, Тхьэ елъэIу фIэкI умыщIэну. Пэж дыдэу и акъылыр мытэмэму пIэрэ-тIэ?! Пэрыс… Пэрыс… ЦIэ хьэлэмэтщ. ИкIи дахэщ. Бийпэрыс щыIэу зэхэсхащ, ауэ «Пэрыс» зэи срихьэлIакъым. Пэрыс…
24 апреля, 2024 - 14:28
Сэбаншы Ларисэ инджылызыбзэмкIэ «Sab School» IуэхущIапIэр къызэрызэригъэпэщрэ илъэситху мэхъу. КъБКъУ-м «хамэ къэрал филологиемкIэ» и IэщIагъэр 2013 гъэм зэзыгъэгъуэта хъыджэбзыр хунэсащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щылэжьэну (Work and Travel программэм ипкъ иткIэ). 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIа ЩIымахуэ Олимпиадэм ар зэдзэкIакIуэу щыIащ, апхуэдэ дыдэуи 2018 гъэм ФутболымкIэ дунейм и чемпионатым (Москва къалэ щекIуэкIам) хэтащ.
24 апреля, 2024 - 14:27
2024 гъэм и щIышылэ - мазаем къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм елъытауэ проценти 122,3-рэ хъуащ. Псом нэхърэ хэхъуэ нэхъыбэ къатащ машинэ зэпкърылъхьэным, ерыскъым, ерыскъыхэкIхэм елэжь, химие, дэрбзэр промышленностхэм пыщIа, ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр къыщIэзыгъэкI IэнатIэхэм. Абыхэм зэгъусэу къагъэлъэгъуащ проценти 129,5-рэ.
24 апреля, 2024 - 13:21
«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.
Зэман дэкIри, гудзакъагъэ тхэлъу щIыуэпсым дыхущытыным, гулъытэ абы хуэтщIыным теухуауэ гъатхэм кърахьэжьэ Iуэхугъуэ псоми «ЩIым и махуэ» фIащащ. Абы къытекIыу, цIыхухэм гъатхэм и кIыхьагъкIэ пщIантIэхэмрэ уэрамхэмрэ ягъэкъабзэ, жыгхэмрэ удз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хасэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ къэралым, жылагъуэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэр даIыгъ.
24 апреля, 2024 - 11:43
Мэлыжьыхьым и 24, бэрэжьей
ЩIалэгъуалэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
Лабораторэхэм къыщагъэсэбэп псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
1899 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я къекIуэкIыкIар зыджа, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Кушевэ Екатеринэ.
1958 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-ми Ингушми щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ.
Дунейм и щытыкIэнур
24 апреля, 2024 - 11:41
Журналист, тхакIуэ КIэбышэ Лилэ и Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэхэр щIэджыкIакIуэхэм я гум дыхьэу къокIуэкI. Сыту жыпIэмэ, абыхэм я дэтхэнэри теухуащ къызэрыгуэкI гъащIэм, цIыхухэм къадекIуэкI гурыгъухэм, гущыщIэхэм, махуэ къэс зыхэплъэ дунейм и къэхъукъащIэхэм. Лилэ и лIыхъужь къэс тхылъаджэм и нэIуасэщ, абыхэм я гуфIэгъуэри гущыщIэри дагуэшу, дерси къыхахыу.
|