Календарь событий

07 мая 2024

Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

Iэщ щхьэ бжыгъэм хэхъуэн папщIэ

Ди республикэм мэкъумэш лэжьыгъэм сыт щыгъуи гулъытэ лей щыхуащIу икIи абы и фIыщIэкIэ зэрыпэгэн ехъулIэныгъэ иIэу къокIуэкI.

Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат. Апхуэдэ зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту къэралым и щIыхьыр яхъумэну дзыхь кърагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэу Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ. 

Къэбэрдейм цеипхъэжь джанэр зэрыщаха щIыкIэр

(Хъыбар)

Абы иужькIэ тхьэмахуэкIэ гувэжащ, шухэм зыбжанэ дыдэ кIэрагъэхужащ. Къэнар, Алджыкъуэ, Тамбий Къэбардэ, ЕщIэнокъуэ Уэзырмэс я пашэу, Кърымым кIуащ. Нэсри, абы ящIэу къыщIэкIынт зэкIуэлIэну къалэр е жылэри, екIуэлIащ икIи жэщым къаувыхьащ.

ГъащIэм цIыхур егъэунэху

 Зи гугъу фхуэтщIыну лIыхъужьыр къытхэтыжкъым. ЗэкъуэшитIрэ зэшыпхъуищрэ хъу мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIат КIэрашэ Хьэжпагуэ Мурид и къуэр. Зи адэр пасэу зыфIэкIуэда бынунагъуэшхуэм я гуащIэр я гъащIэу къэтэджырт. Даухъан быным я нэхъыжьт, абы Хьэзритрэ Хьэтхъанрэ якIэлъыкIуэрт, Хьэжпагуэ еплIанэ бынт, я шыпхъу нэхъыщIэ дыдэр Лиуэзат. Дэтхэнэ къуажэдэсми хуэдэу, абыхэм щIы зэрахьэу, Iэщ зэрахуэу псэурт. IэщIыб ящIыртэкъым еджэнри. 

КъардэнгъущI Зэрамыку игъэзащIэу щыта уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсауэ

«КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэу щыта адыгэ лъэпкъ уэрэдхэр» тхылъыр къыдэкIащ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм я илъэси 100-м ирихьэлIэу. Зырамыку жиIэу щытауэ уэрэд 46-рэ итщ абы. Тхылъыр къыдэгъэкIыныр жэрдэм ищIауэ щытащ республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ащхъуэт Людмилэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я къезыджэ комиссэхэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №17-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 

Адыгэхэр дэни щылэжьакIуэшхуэщ

Шэрджэсхэр сыт хуэдэ къэрал исми, щыпсэу къуажэхэр къахыбоцIыхукI ахэр адрейхэм къащхьэщызыгъэкI нэщэнэхэмкIэ. Къабзэщ, зэлъыIухащ, хамэщIым щахъумэфа, хабзэ щхьэхуэм тет псэукIэ щыIэщ. Тыркур къапщтэмэ, адыгэ къуажэр къызэрыпцIыху нэщэнэхэм ящыщщ дэжьейIэрысэ щагъэкI губгъуэхэри. Зэгуэр а къэкIыгъэр Кавказым икIа мухьэжырхэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэм здахьауэ щытащ икIи шэрджэсхэр зэуIуу щыпсэу щIыпIэхэрт щагъэкIыр. Нобэ ар Тыркум и мэкъумэш IэнатIэм нэхъ щIэупщIэ щызиIэхэм ящыщщ, абы и щIыпIэ куэдым щагъэкI.

НОБЭ

Накъыгъэм и 7, гъубж

Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
1985 гъэм
Налшык Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
1990 гъэм КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
1936 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном Чэгъэду Владимир.