|
Махуэгъэпс
11 октября, 2019 - 05:10
Дунейпсо хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр мы махуэхэм нэхъыбэрэ зытепсэлъыхьхэм ящыщщ Сирием щыIэ щытыкIэр. А къэралым зауэр аргуэру къыщызэщIэстыжащ икIи ар хъыбарыщIэхэм я япэ сатырхэм хэтщ.
11 октября, 2019 - 05:02
Мыр адыгэ унэишэм и пкъыгъуэ гъэщIэгъуэну щытащ. Абы и кIапэлъапэу къэплъытэ хъуну къыщIэкIынущ нысащIэр фызыжьхэм я деж щIашауэ абы и щхьэтепхъуэр яIэтурэ щеплъыр. Хъытех хабзэр Нэгумэ Шорэ и лъэхъэнэм къыфIэкIагъэнукъым.
9 октября, 2019 - 05:17
Путин Владимир Iэ тридзащ Къэрал Думэм и унэр зэрагъэпэщыжын папщIэ абы щIэсхэр Союзхэм я Унэм гъэIэпхъуэным теухуа унафэм. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, ягъэIэпхъуэнур Думэм щылажьэхэрщ, абы щIэт унэлъащIэхэмрэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэмрэщ.
3 октября, 2019 - 05:12
«А Iуэхур пIалъэ-пIалъэкIэрэ къаIэт, я нэхъ мащIэрамэ, 2015 гъэм къыщыщIэдзауэ. А зэманым наIуэ къищIащ апхуэдэ зэгурыIуэныгъэ зэтщIылIэным Белоруссиер зэрытемыгушхуэм къэралитIым ди зэхущытыкIэхэр зэрызэIимыгъэхьэм, - жиIащ белорус политолог Шевцов Юрий.
3 октября, 2019 - 05:07
Ноблелэ (Noblella pygmaea) - хьэндыркъуакъуэхэм я нэхъ цIыкIу дыдэщ. Абы и кIыхьагъыр миллиметри 10-13 хъууэ аращ.
* * *
Терафозэ Блондэ бэджыр Гиннесс и тхылъым иратхащ, дуней псом нэхъ ин дыдэу къыщалъытэри. Абы «птицеед-голиафкIэ» йоджэ. Бразилием и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ, Венесуэлэм, Суринам, Франджым, Гвианэ, Гайанэ щыIэ тропик мэзхэм щопсэу.
2 октября, 2019 - 05:00
Жэпуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ Урысейм къару щагъуэтащ закон зыбжанэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм. Псалъэм папщIэ, цIыхухэр шордакъым (балконым) тету тутын ефэу хуадэжынукъым, кинотеатрхэмрэ сымаджэщхэмрэ шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным теухуа хабзэхэр нэхъ щIакъузэнущ, бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэ гуп щхьэхуэхэм я улахуэм хухагъэхъуэнущ
27 сентября, 2019 - 05:17
УФ-м и лIыкIуэхэм ящыщу цIыхуипщIым визэ къратакъым
Нью-Йорк щокIуэкI ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм и 74-нэ сессиер. ФокIадэм и 23 - 30-хэм зэлэжьыну яубзыхуахэм ящыщщ тхьэмыщкIагъэр гъэкIуэдыным, цIыхухэм щIэныгъэфI егъэгъуэтыным, щIыуэпсым уигъэгузавэу игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм зэрыпэщIэтыну щIыкIэхэр убзыхуным, цIыхухэм заужьынымкIэ зэхуэдэ Iэмалхэр къахузэгъэпэщыным пыщIа Iуэхухэр.
27 сентября, 2019 - 05:07
♦ЦIыхур къэпцIыхун папщIэ е удэлэжьэн, е удэшхэн хуейщ.
♦ГушыIэ здэщымыIэ Iэнэм щысыгъуейщ.
♦Нэхъыжьым жиIэм емыдэIуэфым, нэхъыщIи къигъэдэIуэфынукъым.
25 сентября, 2019 - 05:17
Абхъазым IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм зэхъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ, абы и лъэщагъым хэгъэхъуэнымкIэ УФ-р дэIэпыкъунущ. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм апхуэдэ унафэ хуищIащ къэралым и Президент Путин Владимир.
25 сентября, 2019 - 05:17
«Адыгэхэм хуэдэ дэнэ къипхын?» фIэщыгъэр иIэу фокIадэм и 19-м пшыхь щекIуэкIащ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм. Абы хэтащ егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм, библиотекэм я лэжьакIуэхэр. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщар школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Хьэрэдурэ Эммэт.
ЗэIущIэр Джэдгъэф Борис и «Си адыгэ напэ» усэмкIэ къызэlуаха нэужь, ар езыгъэкIуэкIхэм къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ адыгэхэм я махуэр гъэлъэпlэн зэрыщlадзауэ щыта щlыкlэр.
Страницы
|