25 сентября, 2019 - 05:15
Шэджэм щIыналъэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ Адыгэхэм я махуэр. Шэджэм къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхэта гуфIэгъуэ зэхуэсым кърихьэлIат щIыналъэм ис нэхъыжьыфIхэр, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа хьэщIэхэр, щэнхабзэм, спортым дихьэх щIалэгъуалэр, абыхэм я гъэсакIуэхэр.
18 сентября, 2019 - 05:00
Къэралищым я унафэщIхэм я зэIущIэ
13 сентября, 2019 - 05:19
Урысейм щыщу Тыркум я нэгу зыщрагъэужьыну кIуа унагъуэ куэдым я дежкIэ гуауэшхуэу къыщIидзащ я мыгъэрей зыгъэпсэхугъуэр: мы илъэсым абы дунейм щехыжащ цIыху 88-рэ.
13 сентября, 2019 - 05:12
Нобэрей щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэмкIэ мыарэзыуэ псалъэмакъ зэхуэмыдэхэр ирагъэкIуэкIыу куэдрэ зэхыбох. Апхуэдэу щытми, псори зы къупхъэм щIэбгъэкIыныр тэмэмкъым. ФIыи Iеи здэщымыIэ щыIэкъым. ГъащIэм и хабзэхэм ящыщ зыуэ къыщIэкIынщ, сыт хуэдэ зэманми нэхъыжьхэр щIалэгъуалэмкIэ мыарэзыуэ щытыныр.
11 сентября, 2019 - 05:17
Тхьэмахуэ махуэ кIуам, фокIадэм и 8-м, къэралым щызэхэтащ хэхыныгъэхэр - УФ-м и субъект 85-м щекIуэкIащ хэхыныгъэ, референдум зэхуэмыдэу 6015-рэ.
6 сентября, 2019 - 08:55
Багам хытIыгухэр, США-р махуэ зыбжанэкIэ зыгъэгулэза «Дориан» жьапщэшхуэм и къарур нэхъ кIуэщIащ.
Багамхэм къыщежьа гъуэжькуийм а щIыпIэм щыпсэухэр гузэвэгъуэшхуэ хидзащ. ХъыбарегъащIэ агентствэхэм зэкIэ къызэратамкIэ, а къэхъукъащIэ шынагъуэм хытIыгухэм щыщ цIыху тIощIым щIигъу хэкIуэдащ.
6 сентября, 2019 - 05:05
Абрэдж Сэфият Адыгэ Республикэм щыщ сабий тхакIуэ цIэрыIуэщ. Абы и усэхэр, таурыхъхэр, пьесэхэр мызэ-мытIэу къытехуащ «Адыгэ макъ» газетым, «Вагъуэбын» сабий журналым, урысыбзэкIи тхылъитI дунейм къытехьащ. Сабий усакIуэр илъэс куэдкIэ Мейкъуапэ дэт 3-нэ курыт школым егъэджакIуэу щылэжьащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр теухуащ хэкум, щIыуэпсым, сабиигъуэм.
Абрэдж Сэфият УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым 2012 гъэ лъандэрэ хэтщ.
Си шы къарэм жыжьэ сехь
4 сентября, 2019 - 05:20
Германием и Ганновер къалэм щыпсэухэм ящыщу цIыху мин 15 къыдагъэIэпхъукIын хуей хъуащ иджыблагъэ. А щIыпIэм ухуэныгъэ щрагъэкIуэкIыу щIыр къыщатIым ухуакIуэхэм къагъуэтащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым къагъэсэбэпу щыта бомбэхэм хуэдэ зы.
30 августа, 2019 - 05:17
Урысейм щыпсэухэм я хэхъуэхэр хэпщIыкIыу нэхъыбэ зэрымыхъум зэригъэгузавэр УФ-м и Президент Путин Владимир щыжиIащ экономикэм ехьэлIа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэм.
30 августа, 2019 - 05:05
Хъыбар цIыкIухэр
Езым къыфIэIуэху?
Страницы