|
Махуэгъэпс
11 января, 2019 - 08:00
ФIыщIэ щIыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и мэзгъэфIэнхэмрэ (заповедникхэмрэ) лъэпкъ паркхэмрэ я махуэщ. 1917 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ япэ мэзгъэфIэныр - Баргузин щIыпIэм (Бурятие) псэущхьэхэр хъумэным хуэщIа къэрал IуэхущIапIэм лэжьэн щыщIидзащ.
Албание Республикэм и махуэщ
1569 гъэм дунейпсо тхыдэм щыяпэу Инджылызым лотерей щагъэджэгуащ.
1693 гъэм Сицилие хытIыгум (Италие) Этна вулканыр къыщиури, щIыр щыхъеящ. Абы цIыху мин 60-м щIигъу хэкIуэдащ.
11 января, 2019 - 05:05
Бахъсэн къалэм щаухуащ кIэрыхубжьэрыхухэр щызэхадз IуэхущIапIэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар, «Бахъсэн ДРСУ» ООО-м и унафэм щIэту, 2018 гъэм жэпуэгъуэм щIын щыщIадзат Къатхъэным и цIэр зезыхьэ уэрамым и лъабжьэкIэ иIэ щIыпIэм деж.
КIэрыхубжьэрыхухэр щызэхадз IуэхущIапIэр ухуэным федеральнэ программэм ипкъ иткIэ сом мелуан 34,5-м нэблагъэ хухахат. Мы махуэхэм ирихьэлIэу лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIащ. ЛъэщапIэщIэр къэгъэсэбэпыным хуэхьэзырщ.
11 января, 2019 - 05:02
Бзэр - псэщ
Дунейм зэрыщызэпсалъэ бзэхэр
28 декабря, 2018 - 05:02
♦Кином и дунейпсо махуэщ
♦Кинематографым и махуэщ. 1895 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м Люмье зэкъуэшхэу Огюстрэ Луирэ дунейм щыяпэу Париж щагъэлъэгъуащ езыхэм къагупсыса аппараткIэ траха фильм кIэщIхэр.
♦1959 гъэм Налшык къыщызэIуахащ телемеханикэ аппаратурэ къыщыщIагъэкI завод.
♦1968 гъэм Мейкъуапэ иIэ Зэныбжьэгъугъэм и утыкум «ИгъащIэкIэ Урысейм дыщIыгъуу» фэеплъыр къыщызэIуахащ.
26 декабря, 2018 - 05:05
♦Инджылызым, Австралием, Новэ Зеландием, Канадэм щагъэлъапIэ тыгъэ щIыным и махуэр
♦Словением и щхьэхуитыныгъэмрэ и зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэщ
♦1783 гъэм Франджым щыщ физик Ленорман Луи Себастьян, езым иригъэфIэкIуэжа парашютыр къигъэсэбэпри, Париж дэт унэ лъагэм япэ дыдэу къелъащ.
♦1812 гъэм Наполеон и дзэ зэхакъутам и сэлэтхэр Урысейм икIыжащ
21 декабря, 2018 - 05:07
ГъущIым жырым жриIэрт: «Дэ тIури дыкъызыхэкIар зыщ икIи дызэщхьщ. АтIэ сыт уэ нэхъ лейуэ ущIагъэлъапIэр? Захуагъэкъым ар».
Абы и жэуапу жырым жиIащ: «Пэжщ, дэ дыкъызыхахар зыщ икIи дызэщхьщ. Ауэ сэ джатэ къысхащIыкI, уэ къыпхащIыкIыр къыдырым щIалъхьэ налщ».
21 декабря, 2018 - 05:07
♦Илъэсым къриубыдэу махуэр щынэхъ кIэщIщ, жэщыр щынэхъ кIыхьщ
♦1610 гъэм яукIащ Урысейм пащтыхьыгъуэр щызыубыдыну хущIэкъуа Лжедмитрий ЕтIуанэр.
♦1891 гъэм США-м и Спрингфилд къалэм дунейм щыяпэу баскетболымкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. А джэгукIэ лIэужьыгъуэр къигупсысат физкультурэмкIэ егъэджакIуэ Нейсмит Джеймс.
19 декабря, 2018 - 05:08
♦ХуэмыщIауэ псэухэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и дзэ тIасхъэщIэх къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦1863 гъэм Инджылызым щыщ Уолтон Фредерик лъэгухэм тралъхьэ линолеумыр къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ къратащ.
♦1866 гъэм Урысейм и Телеграф агентствэр къызэрагъэпэщащ.
14 декабря, 2018 - 05:07
Академик Сахаров Андрей и фэеплъ махуэщ. Совет физик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Нобель саугъэтым и лауреат Сахаров Андрей 1989 гъэм дунейм ехыжащ.
1542 гъэм Шотландие пащтыхьыгъуэм и унафэщIу ягъэуващ Стюарт Марие. Абы и гъащIэр гъэщIэгъуэныщэу къызэрекIуэкIар зыфIэтелъыджэу щытар и лъэхъэнэгъухэм я закъуэкъым. Ноби абы теухуа тхылъхэр къыдокI, фильмхэр трах.
1695 гъэм къэралым и пащтыхь Пётр Езанэм къыхилъхьэри, адыгэпщ Черкасский Михаил Алигъуокъуэ и къуэр Урысейм и генералиссимусу хахат.
14 декабря, 2018 - 05:05
*Тыгъэ къуатам и уасэракъым гуапэр,
Ар къозытам и уасэращ.
*ЦIыху губзыгъэр зэи имыIуэху хэлъэдэнукъым,
Губзыгъэу зыкъызыщыхъужыращ дэни хэпкIэнур.
*Ущыуэныр апхуэдэу бэлыхьышхуэкъым,
ПхузэмыхъуэкIыжын щыуагъэ пIэщIэмыкIамэ.
Страницы
|