Махуэгъэпс

НОБЭ

Мазаем и 14, бэрэжьей
ЗэгуэкIуахэм я дунейпсо махуэщ
Тхылъхэр саугъэт щIыным и дунейпсо махуэщ
1932 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, 1997 - 2000 гъэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Акъбащ Борис.
1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м промышленностымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, политик Атэлыкъ Анатолэ.

НОБЭ

         Мазаем и 13, гъубж

Радиом и дунейпсо махуэщ

         1908 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, политик, Къэбэрдей АССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу 1951 - 1957 гъэхэм щыта Лъостэн Чэлимэт.

         1945 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъыдэ Валерэ.

НОБЭ

Мазаем и 12, блыщхьэ

ЩIэныгъэмрэ гуманизмэмрэ я дунейпсо махуэщ

1929 гъэм Налшык щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ курорт хъуащ.

1957 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу Налшык телевиденэм лэжьэн щыщIидзащ.

1884 гъэм къалъхуащ Тыркум щыпсэуа адыгэ тхакIуэ, дунейпсо литератруэм и классикыу къалъытэ Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин).

НОБЭ

Мазаем и  10, щэбэт
УФ-м щагъэлъапIэ дипломатие IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр
1883 гъэм къалъхуащ Кавказ Ищхъэрэ совет республикэм и гъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм и унафэщIу щыта Куэцэ Пщымахуэ.
1890 гъэм къалъхуащ узэщIакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактору щыта, «Адыгэбзэ» тхылъыр зэхэзылъхьа Хъуран Батий.
1917 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артист Сонэ Мухьэрбий.

НОБЭ

Мазаем и 9, мэрем
Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Граждан авиацэм и махуэщ
1951 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Иуан Анатолэ.
1953    гъэм къалъхуащ Европэм дзюдомкIэ и чемпион хъуа, XXII Олимп джэгухэм домбеякъ медаль къыщызыхьа, УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Емыжь Iэрамбий.
Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Мазаем и 8, махуэку

♦Урысей щIэныгъэм и махуэщ

♦Урысейм и дзэ топографым и махуэщ

♦1905 гъэм Урысейм щыяпэу къызэIуахащ журналистхэр щрагъаджэ курсхэр. Ахэр къызэригъэпэщат профессор Владимиров Леонид.

♦1994 гъэм КъБР-м «Газета Юга» газетым и япэ номерыр къыщыдэкIащ.

♦1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Болэ Мурат.

НОБЭ

Мазаем и 7, бэрэжьей

         Урысейм щагъэлъапIэ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэр

         2014 гъэм Сочэ къалэм къыщызэIуахащ XXII щIымахуэ Олимп джэгухэр.

        1890 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Ашуров Танахум.

        1968 гъэм къалъхуащ усакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и член-корреспондент Бэлагъы Любовь.

Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Мазаем и 6, гъубж

ЦIыхубзхэм я узыншагъэм зэран хуэхъу операцэхэр емыгъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ
1918 гъэм
Урысейр григориан махуэгъэпсым зэрыхуэкIуэм теухуа декрет къыдэкIащ.
1935 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблым Советхэм я VII съездым и делегатхэм папщIэ Москва и Театр Иным концерт щитащ.
1923 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Тэмазэ Маржэнэт.

НОБЭ

Мазаем и 5, блыщхьэ
Урысейм ягу къыщагъэкIыж зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда дипкурьерхэр (дипломат къулыкъум и пощтхэр къезышэкIхэр).
1960 гъэм
Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и Урысей университетыр къызэрагъэпэщащ.
1927 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым илъэс куэдкIэ щылэжьа, УФ-м и цIыхубэ артист Токъуий Хъусен.
1928 гъэм къалъхуащ журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тэрчыкъуэ Исуф.

НОБЭ

Мазаем и 2, мэрем

♦Псы-псыпцIэ щIыпIэхэм я дунейпсо махуэщ

♦Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ

♦1943 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм Президиумым унафэ ищIащ «Хэку зауэшхуэм партизану хэтам» медалыр, япэ, етIуанэ нагъыщэхэр зиIэр, къащтэну.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс