Махуэгъэпс

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Радиацэ къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ дунейм ехыжахэм я фэеплъ махуэщ

ЦIыху акъылым къилэжьа мылъкум и дунейпсо махуэщ

Армением и гъунапкъэхъумэм и махуэщ

Тэтэр Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ - я анэдэлъхубзэм и махуэщ

Марий Эл Республикэм щагъэлъапIэ лъэпкъ лIыхъужьым и махуэр

1658 гъэм Урысейм и пащтыхь Романов Алексей и унафэкIэ Москва и Кремлым и чэщанэ нэхъыщхьэм и цIэр Спасскэ жиIэу зэрахъуэкIащ.

Нобэ

Астрономием и дунейпсо махуэщ
Техьэгъуэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
ДНК-м и дунейпсо махуэщ
Италиер фашизмэм къыщыIэщIагъэкIыжа махуэщ
. 1945 гъэм фашист диктатор Муссолини Бенитэ къэралым ирахуауэ щытащ.
Адыгэ ныпым и махуэщ
Португалием щагъэлъапIэ хуитыныгъэм и махуэр
Австралиемрэ Новэ Зеландиемрэ я лъэпкъ гуфIэгъуэщ - Хэкум и хъумакIуэм и махуэщ
Германием жыг щыхасэ и махуэщ
Мысырым щагъэлъапIэ Синай хытIыгуныкъуэр хуит къыщащIыжа (I973 гъэм) махуэр

Нобэ

ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэщ

Ди зэхуэдэ пщэрылъщ

ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм (ООПТ-хэм) гулъытэ хэха хуэщIын зэрыхуейм траухуа Iуэхугъуэхэм «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъкIэ» («March for Parks») йоджэ. Мы гъэм ахэр ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 200-м щIигъум мэлыжьыхьым и 21-м къыщыщIэдзауэ и 30 пщIондэ щрагъэкIуэкI.
Жылагъуэм, властым, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм хуащI гулъытэм хегъэгъэхъуэным, къытщIэхъуэ щIэблэр дыкъэзыухъуреихь дунейм пщIэ хуищIу гъэсэным хуэгъэза, «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъ» зыфIаща Iуэхугъуэр I990 гъэм япэ дыдэу США-м щекIуэкIащ.

НОБЭ

УФ-м щагъэлъапIэ ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэр
Бухгалтер нэхъыщхьэм и махуэщ
Исландием щагъэлъапIэ хъыджэбзхэм я махуэр
Рим и махуэр ар зи къалащхьэ Италием щагъэлъапIэ.
Ди эрэм ипэкIэ 753 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м Ромул пащтыхьым Рим и лъабжьэр игъэтIылъауэ щытащ.
1920 гъэм Налшык цIыхубэ хозяйствэм и щIыналъэ совет къыщызэрагъэпэщащ.
1921 гъэм Налшык Лъэпкъ музей къыщызэIуахащ.
1921 гъэм Армян ССР-р къызэрагъэпэщащ.
1926 гъэм Къыргъыз АССР-р къызэрагъэпэщащ.

НОБЭ

Урысейм щагъэлъапIэ Лъы зытым и махуэр
1656 гъэм
Урысейм дыжьын ахъшэ жьгъейхэм я пIэкIэ гъуаплъэм къыхэщIыкIахэр къыщежьащ.
1770 гъэм Кук Джеймс къихутащ Ипщэ-КъуэкIыпIэ Австралиер.
1841 гъэм литературэм щыяпэу къыдэкIащ япэ детектив рассказыр. Ар По Эдгар итха «Убийство на улице Морг» жыхуиIэрт.

УэсхэкIыкI-ажэгъуэмэ пасэ

 Мэлыжьыхьым и 19-р Ажэгъуэмэм и махуэу япэ дыдэу щагъэлъэпIар Инджылызырщ. Ар къыщыхъуар 1984 гъэрщ. Абы иужькIэ куэд дэмыкIыу, а Iуэхум ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщ куэдыр «еувэлIащ».   

НОБЭ

Ажэгъуэмэм и махуэр щагъэлъапIэ дунейм и къэрал куэдым
Урысей полиграфием и махуэщ
1563 гъэм
Урысейм щыяпэу Фёдоров Иванрэ Мстиславец Пётррэ я типографием Москва лэжьэн щыщIидзащ.
1783 гъэм Кърымымрэ Кубань областымрэ Урысейм къыгуагъэхьащ. Потёмкин Григорий и чэнджэщкIэ апхуэдэ унафэ къищтауэ щытащ урысей императрицэ Екатеринэ ЕтIуанэм.

Нобэ

Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
Радиор фIыуэ зылъагъухэм, ар зэпкърылъхьэным дихьэххэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ
- I242 гъэм Невский Александр и зауэлIхэр нэмыцэдзэхэм Чудскэ гуэлым и мылым деж зэрыщатекIуам и щIыхькIэ ягъэуващ. 
Нидерландхэм щагъэлъапIэ музейхэм я махуэр. А къэралым щыпсэухэри и хьэщIэхэри а махуэм Iэмал зэриIэкIэ музейм кIуэн хуейуэ къалъытэ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Щэнхабзэм и дунейпсо махуэщ

♦Экологием теухуа щIэныгъэхэм я махуэщ

♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я радиоэлектроннэ дзэхэм я IэщIагъэлIым и махуэщ

♦Къэзахъстаным щагъэлъапIэ зэгуэкIуахэм я махуэр

♦Босниемрэ Герцеговинэмрэ Республикэм и армэм и махуэщ

♦Ингуш Республикэм и къалащхьэ Магас и махуэщ. КъалащхьэщIэр илъэс 28-рэ ирокъу.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс