|
Махуэгъэпс
14 апреля, 2022 - 08:00
Куржым щагъэлъапIэ я анэдэлъхубзэм и махуэр
1801 гъэм Урысейм и пащтыхь Александр Езанэм унафэ къыдигъэкIащ щIэпхъаджагъэ илэжьауэ шэч зыхуащIым щыпкърыупщIыхькIэ залымыгъэ кIэлъыземыхьэным теухуауэ.
1848 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ цензурэмкIэ комитет. Абы и къалэнт печатым къытехуэхэм щэхуу кIэлъыплъыныр, къэрал унафэщIхэм ягу иримыхь тхыгъэхэр къытремыгъэдзэныр.
1871 гъэм Германием парламент – рейхстаг – къыщызэрагъэпэщащ.
1879 гъэм Урысей император Александр ЕтIуанэр яукIыну хэтащ.
14 апреля, 2022 - 06:00
ЩIупхъ (вальдшнеп, бжьыхьэджэд) бзу лIэужьыгъуэм Евразием и субарктикэ, абы ищхьэкIэ щыIэ щIыпIэхэм ущыхуозэ.
13 апреля, 2022 - 08:26
Рок-н-роллым и дунейпсо махуэщ
Гъуазджэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм защIэзыгъакъуэм, псапащIэм и махуэр Урысейм щагъэлъапIэ
1517 гъэм Каир щаукIащ мамлюкыдзэм и дзэпщ ин Ал-Ашраф Тумэн-бей.
1895 гъэм Урыс Къэрал музейр къызэIуахащ.
1895 гъэм алыдж къалэжь Помпеи, ди эрэм и 79 гъэм Везувий мафIэбгыр къибыргъукIыу зэрыщыту сахуэмрэ пшахъуэмрэ щIигъэнауэ щытам, къыщIэгъэщыжыным, къыщIэтIыкIыжыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIым хъугъуэфIыгъуэ куэдыкIей къагъуэтауэ щытащ.
12 апреля, 2022 - 07:35
Нобэ
Фашист гъэрыпIэм исахэр хуит къызэращIыжам и дунейпсо махуэщ. 1945 гъэм гъатхэпэм и 11-м, IэщэкIэ щэхуу зызэщIаузадэри, къызэрыIэтауэ щытащ Бухенвальд нэмыцэ лагерым исхэр.
Паркинсон узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ. А узыфэр къэзыхута дохутыр Паркинсон Джеймс къыщалъхуа махуэм (1755 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м) техуэу ягъэуващ 1997 гъэм.
11 апреля, 2022 - 14:10
Сочэрэ ТIуапсырэ я зэхаку щежэх псыщ. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм «Грачёв и щхьэдэхыпIэ» зыфIаща и гузэпыщIэм (метр I286-рэ и лъагагъщ) ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщIэж псынэпс цIыкIухэмкIэ зыкъызэщIекъуэри, къуэладжэ куухэм зыщигъазэ-зыщиIуантIэу, яфIыдэкIуасэ-къыщыдэунэхукIыжурэ, километр 41-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ телъыджэр зэпича иужь, Лазаревск (ПсыфIыпэ) посёлкэм и гъунэгъуу хы ФIыцIэм щыхолъэдэж.
Зэреджэм ехьэлIауэ
11 апреля, 2022 - 11:00
Нобэ
♦Фашист гъэрыпIэм исахэр хуит къызэращIыжам и дунейпсо махуэщ. 1945 гъэм гъатхэпэм и 11-м, IэщэкIэ щэхуу зызэщIаузадэри, къызэрыIэтауэ щытащ Бухенвальд нэмыцэ лагерым исхэр.
♦Паркинсон узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ. А узыфэр къэзыхута дохутыр Паркинсон Джеймс къыщалъхуа махуэм (1755 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м) техуэу ягъэуващ 1997 гъэм.
8 апреля, 2022 - 15:55
Цыджанхэм я дунейпсо махуэщ. Цыджанхэм я дунейпсо Конгрессу 1971 гъэм Лондон щызэхэтам къыщащтащ абы теухуа унафэмрэ а лъэпкъым и гимнымрэ и ныпымрэ.
Урысей анимацэм и махуэщ
УФ-мрэ Белоруссиемрэ я Дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1766 гъэм мафIэсыр щагъэункIыфIкIэ къагъэсэбэп пкIэлъей зэрыгъэжыр къызэрагупсысам и патент дунейм щыяпэу США-м щатащ.
1918 гъэм плъыфищу зэгуэлъ Урысей бэракъыр зэрахъуэкIащ щэкI плъыжь зэфIэзэщым къыхэщIыкIа, зи къуапэм, гъубжэ, уадэ, вагъуэ хэщIыхьа ныпкIэ.
7 апреля, 2022 - 06:00
Нобэ
♦Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэща махуэм (I948 гъэм) хуэзэу ягъэлъапIэ.
♦Рунетыр - урысыбзэкIэ лажьэ интернетыр (Ru дамыгъэр зиIэр) - къыщызэрагъэпэща махуэщ. 1994 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м лэжьэн щIидзащ абы икIи дунейпсо «хъым» хэтыну хуитыныгъэ зиIэхэм хагъэхьащ.
♦Урысейм ягу къыщагъэкIыж псыщIагъырыкIуэ кхъухьым къулыкъу щызыщIэу хэкIуэдахэр
6 апреля, 2022 - 13:03
Абазэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ пцIащхъуэр фIыуэ ялъагъу. Абыхэм я IуэрыIуатэм ар цIыхухэм я къегъэлакIуэу къыхощ. А къуалэбзум иухуэ абгъуэм зи зэран екIым, нэхъ Iеижыращи, ар зэтезыкъутэм гуэныхьышхуэ къихьу ябж. Унэм пцIащхъуэ щIэлъэтамэ, ар зей унагъуэм дежкIэ насыпышхуэу къалъытэрт. А бзу лъагъугъуафIэр гугъу езыгъэхьыр цIыху мыхъумыщIэу ябжырт.
6 апреля, 2022 - 12:25
Нобэ
Зыужьыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ яхуэлажьэ спортым и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 20I3 гъэм шыщхьэуIум и 23-м унафэ къищтащ илъэс къэс а махуэр мэлыжьыхьым и 6-м къэралхэм зэдагъэлъэпIэным теухуауэ.
СтIолыщхьэ теннисым и дунейпсо махуэщ
УФ-м и МВД-м и следственнэ органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Къыргъызым щагъэлъапIэ физкультурэмрэ спортымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
Страницы
|