Махуэгъэпс

Нобэ

Псыежэххэм я дунейпсо махуэщ
Балтие тенджызым и дунейпсо махуэщ
Таксистым и дунейпсо махуэщ.
1907 гъэм Лондон (Инджылыз) и уэрамхэм къыдыхьащ икIуа километр бжыгъэмрэ абы пэкIуэ уасэмрэ къэзыгъэлъагъуэ счётчикхэр зытет автомобилхэр. Ди зэманым таксихэр дуней псом къыщалъытэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ нэхъыбэ дыдэ яхуэзыщIэхэм ящыщу.
1874 гъэм Нью-Йорк и Стейтен Айленд щIыпIэм дунейм щыяпэу щрагъэкIуэкIащ теннисымкIэ зэпеуэ. 

НОБЭ

Лъэпкъ зэхэгъэж зэращIым ебэныным и дунейпсо махуэщ
Усыгъэм и дунейпсо махуэщ
Гуащэ зыщIым и дунейпсо махуэщ
Даун узыфэр зыпкърытхэм я дунейпсо махуэщ
Мэзхэм я дунейпсо махуэщ
Гуащэ театрым и дунейпсо махуэщ
КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хыхьэ къэралхэм щагъэлъапIэ Анэм и махуэр
Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэщ

Куржым и гъунапкъэхъумэхэм я махуэщ
♦1918 гъэм Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ Совет властыр щагъэуващ.
♦1935 гъэм Персием и цIэр Иран жиIэу зэрахъуэкIащ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Жейм и дунейпсо махуэщ

♦Кърымыр Урысейм къыщыхыхьэжа махуэщ. 2014 гъэм Iэ традзащ Кърым Республикэмрэ Севастополь къалэмрэ Урысей Федерацэм къыхэгъэхьэжыным теухуа зэгурыIуэныгъэм.

♦Белоруссием и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ

♦Тыркум ягу къыщагъэкIыж Чанаккъалэ деж 1915 гъэм щекIуэкIа зауэм хэкIуэда я зауэлIхэр

«Пшы» - «Псы»

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIуэкIуэ Джэмалдин «Черкесская топонимика» и тхылым къыщигъэлъэгъуа щапхъэхэр гъэщIэгъуэнщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.

НОБЭ

♦Къэрандащ зэмыфэгъухэм я дунейпсо махуэщ
♦Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм экономикэ шынагъуэншагъэмкIэ и IэнатIэхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ. СССР-м и НКВД-м хыхьэу 1937 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ
♦Къэзахъстаным и республикэ гвардием и махуэщ
♦1870 гъэм
Урысейм щыяпэу Новгород Ищхъэрэ къалэм щыщ Сормовэ районым щаутIыпщащ гъущI щагъавэ хьэку.
♦1895 гъэм Москва трамвай зрикIуэн япэ гъуэгур ухуэн щыщIадзащ.

«Ди адэ-анэр дощэж…»

Мыр къыщыхъуар Япониеращ. Токио къыщыдэкI газетхэм ящыщ зым мыпхуэдэ хъыбар къытрадзащ: «Ди адэ-анэр дощэж: адэр илъэс - 70, анэр илъэс 65-рэ мэхъу. Я уасэр йен 1000-щ!»

КъызэрыгуэкIыу щымыт апхуэдэ хъыбарым къеджэ псоми ягъэщIагъуэрт: «Дэ дызыхуэкIуам еплъ! Бынхэм адэ-анэхэр ящэж». НэгъуэщIхэм жаIэрт: «Ар щхьэ идэрэ властым. Дунейкъутэж жыхуаIэр аракъэ?!». А хъыбарым псалъэмакъыу кърикIуам гъуни, щIэи иIэкъым, абы щытепсэлъыхьырт унэми, уэрамхэми, тыкуэнхэми, дэни.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

♦Социальнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ

♦Тюленым и шырыр хъумэным и дунейпсо махуэщ

♦Беларусь Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ – я Конституцэм и махуэщ. Ар 1994 гъэм Белоруссием и Совет нэхъыщхьэм къищтащ.

1892 гъэм Инджылызым щыщ хьэрычэтыщIэ Холдинг Джон «Ливерпуль» футбол командэр къызэригъэпэщащ.

ТIуапсы и гъунэгъущ

                                                 

Агуий – аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абы и бгъум блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ и лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри. 

Дунейм щыхъыбархэр

 Нобэ
Псыежэххэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
Пи бжыгъэм и дунейпсо махуэщ
Зэныбжьэгъу къэралхэм я зэгухьэныгъэм и махуэщ.
А зэгухьэныгъэм къызэщIеубыдэ къэрал 54-рэ – я нэхъыбапIэкIэ Инджылызым и бжьым щIэтахэмрэ мы зэманми абы хэтхэмрэщ.
Адыгэ тхыбзэм и махуэщ
Эстонием щагъэлъапIэ я анэдэлъхубзэм и махуэр

1730 гъэм Санкт-Петербург къалэм и гербыр къащтащ.
1853 гъэм адыгэбзэкIэ къыдэкIащ Берсей Умар и «Адыгэ псалъалъэр».

Нобэ

♦УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦Литвам и къэралыгъуэр щызэфIагъэувэжа махуэщ. 1990 гъэм Литва ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ республикэм и щхьэхуитыныгъэм теухуауэ.
♦1931 гъэм СССР-м къыщыхалъхьащ къэралым щыпсэухэм ГТО-м и мардэхэр ягъэзэщIэн хуейуэ.
♦1970 гъэм Испанием щыщ сурэтыщI цIэрыIуэ Пикассэ Паблэ и лэжьыгъэ 800 Барселонэ дэт музейм иритащ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс