Махуэгъэпс

Дунейм щыхъыбархэр

♦МафIэдзым (сенычым) и дунейпсо махуэщ

♦Индием щагъэлъапIэ гъатхэмрэ плъыфэ зэмыфэгъухэмрэ я махуэр

Я закъуэ яхузэфIэкIынукъым

Ди республикэр щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ бей щIыналъэу къалъытэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэу куэд щопсэу. Абыхэм яхэтщ Кавказым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэнухэри. Ар къыхокI ди щIыгум щIыIагъэ-хуабагъэ, псыIагъэ-гъущагъэ я лъэныкъуэкIэ щыщыIэ щытыкIэмрэ лъэхъэнэ кIыхьым къриубыдэу и геологием къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ.

ЕзыгъэзэкIар къахуэщIэркъым

ЩIым къыхуэблагъэу зыхужаIа уафэщIым, къызыхэкIар къахуэмыщIэу, лъэныкъуэкIэ ириIуэнтIэкIыжащ.

«2022 AEI» нагъыщэр зрата астероидым япэу гу щылъатар щIышылэм и 6-рщ. Жэщ-махуэ зэрыдэкIыуи, абы и зыгъэзэкIэм кIэлъыплъа, къыр дзакIэ абрагъуэхэр хьэршым зэрыщызекIуэр (орбитэр) къыIэрыхьа хъыбархэмкIэ езыр-езыру зэхэзыгъэкI AstOD Iэмалыр щыхьэт техъуащ зи гугъу тщIы уафэщIыр дыщыпсэу планетэм дежкIэ шынагъуэ ин дыдэ къэзышэу зэрыщытым.  

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Граждан зыхъумэжыныгъэм и дунейпсо махуэщ

Гуапагъэ зэжеIэным и дунейпсо махуэщ

СПИД узыфэр зыпкърытхэм ящымымэхъэшэным и дунейпсо махуэщ

УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и эксперт-криминалистым и махуэщ

Къэзахъстаным фIыщIэ щIыным и махуэр щагъэлъапIэ

Японием щрагъэкIуэкI мамырыгъэм щIэбэныным и махуэм теухуа дауэдапщэхэр

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэм я дунейпсо махуэщ

♦ЦIыхур жеиным и дунейпсо махуэщ

♦Исландием щагъэлъапIэ пирожнэ IэфIыкIэм и махуэр

1732 гъэм Петербург Урысейм щыяпэ Кадет корпусыр - дзэм къулыкъу щызыщIэну зи мурад щIалэгъуалэр абы щыхуагъэхьэзыр IуэхущIапIэр - къыщызэIуахащ.

1854 гъэм США-м и Республикэ партыр къызэрагъэпэщащ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Эстонием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦Мексикэм и къэрал ныпым и махуэщ

♦Кубэм и щхьэхуитыныгъэм папщIэ иригъэкIуэкIа зауэм щIидзащ (1895 гъэм) 

1466 гъэм Бельгием и Брюгге къалэм дунейм щыяпэу лотерее щагъэджэгуащ.

1881 гъэм Панамэ кIэнауэр ухуэн щIадзащ.

1942 гъэм «Америкэм и макъ» радиостанцым и япэ нэтыныр эфирым кIуащ.

Мэжджытхэм ягъэщIэращIэ махуэгъэпс

КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту дунейм къытехьащ 2022 гъэм и махуэгъэпс. КъыдэкIыгъуэр дунейм къытехьэным хэлIыфIыхьащ республикэм фIыуэ къыщацIыху тхылътедзэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес.

Нэр игъафIэу, инрэ щхъуэкIэплъыкIэу традза махуэгъэпсым и IуплъапIэм тетщ Налшык зыгъэщIэращIэ ухуэныгъэхэм яхыубжэну зыхуэфащэ, Къанокъуэ Арсен иригъэщIа, Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэр щылажьэ мэжджытышхуэр. Дэтхэнэ зы мазэми адыгэ, балъкъэр къуажэхэм дэт мэжджытхэм ящыщ зым  и сурэтым уIуегъаплъэ.

Сыт мазаем и 23-р махуэшхуэу щIагъэувар?

1922 гъэм Iэ традзащ Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсиплI зэ­ры­рикъур мазаем и 23-м Iэтауэ гъэлъэпIэным ­теухуа Указым. Ауэ ипэ ита илъэсхэм а гуфIэгъуэр зэи хаIэтыкIакъым.

1923 гъэм къэрал псом гуфIэгъуэ зэ­хыхьэхэр щекIуэкIащ Дзэ Плъыжьыр илъэситху зэрырикъум ехьэлIауэ. Мис абы къы­щыщIэдзауэ мазаем и 23-р илъэс къэс ягъэлъапIэ.1946 гъэм мазаем и 23-р Совет Армэмрэ Дзэ-Тенджыз Флотымрэ я Махуэ хъуащ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ
ЩIэпхъаджагъэ зыкIэлъызэрахьа цIыхухэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
Мысырым и Зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
Индием Анэм и махуэр щагъэлъапIэ
1714 гъэм
Санкт-Петербург къыщызэрагъэпэщащ Аптекарскэ хадэр. Иджыпсту ар РАН-м и Ботаническэ хадэрщ.
1819 гъэм Флоридэр Испанием къыхэкIри, США-м и штат хъуащ - ар Америкэм доллар мелуанитхукIэ иращат.
1921 гъэм СССР-м и Къэрал планыр къызэрагъэпэщащ.

Мазаем и 21-р Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ

ХъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ

Дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Анэдэлъхубзэр бзэ къудейкъым - ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс