Махуэгъэпс

Нобэ

♦ЗэгуэкIуахэм я дунейпсо махуэщ 
♦Тхылъхэр саугъэт щIыным и дунейпсо махуэщ
♦Компьютерхэр зэпкърызылъхьэхэм, ахэр зэтезыухуэхэм я махуэщ
♦1848 гъэм
зэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ Мексикэм Техас штатыр США-м иратащ.
♦1918 гъэм «ЛэжьакIуэхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ я социалистическэ Флот Плъыжьым теухуауэ» унафэр ЦIыхубэ комиссархэм я советым къыдигъэкIащ. СССР-м и Дзэ-Тенджыз Флотыр къыщызэрагъэпэща махуэу ягъэлъапIэу щытащ.
♦1918 гъэм Совет Урысейр григориан махуэгъэпсым техьащ. 

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

♦Сымаджэм и дунейпсо махуэщ

♦ЩIэныгъэм хэт бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэр

♦Тутын емыфэным и урысейпсо махуэщ

♦Азербайджаным и налог къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ 

♦Япониер къэралыгъуэ щхьэхуэ щыхъуа махуэщ

1697 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Урысейм тутын щащэну хуит зыщI унафэм.

НОБЭ

♦УФ-м щагъэлъапIэ дипломатие IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр
♦Пушкин Александр и фэеплъ махуэщ.
1837 гъэм урыс усакIуэшхуэр дунейм ехыжащ.
♦1636 гъэм етур къагупсысащ. Иджыпсту иIэ теплъэм хуэдэ етум щигъуэтар абы щыгъуэщ, щыгъын упIышкIуахэр зэраузэхуж Iэмэпсымэхэр ди эрэм и пэ къихуэуи щыIами.
♦1784 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Екатеринэ II унафэ ищIащ Кърымым щыIэ Ахтиар къалэм, кхъухь тедзапIэм и цIэр Севастополь жиIэу зэрахъуэкIыным теухуауэ. ♦АлыджыбзэкIэ абы «щIыхьым и къалэ» жиIэу къокI.

Нобэ

♦Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ

Февралым адыгэхэр мазаекIэ еджэрт

Февралыр пасэрей римлянхэм я илъэсыр зэриух мазэт. Латин «фебруариусым» – «зыщагъэкъэбзэж» жиIэу арат къикIыр. А мазэм тхьэлъэIу, къурмэн римлянхэм ящIырт, я гуэныхьхэр къахуэгъун папщIэ. 
 Февралым адыгэхэр мазаекIэ, мазэ хъуанэкIэ, мазэ ябгэкIэ еджэрт, псоми къикIыр а лъэхъэнэр зэрыябгэрщ. Мазэ-е - мазае. Адыгэбзэм мы псалъэ къэхъукIэм мащIэущ узэрырихьэлIэр. Суффикс – е-м псалъэм отрицательнэ мыхьэнэ ирегъэгъуэт. Щапхъэ: уае «буря, плохая погода» фае «бесцветный, бледный, неяркий». Адыгэбзэм суффикс – е- р щыIэцIэ е-м хуокIуэ. 

ВЫНД

Теплъэгъуэ

Нобэ

Урысей щIэныгъэм и махуэщ. 1724 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Петербург ЩIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Иджыпсту ар РАН-рщ.

Урысейм и дзэ топографым и махуэщ

Словением щагъэлъапIэ я щэнхабзэм и махуэр

Иракым и революцэм и махуэщ

1725 гъэм дунейм ехыжащ Урысейм и япэ император Пётр Езанэр.

1819 гъэм Санкт-Петербург университет къыщызэгъэпэщыным теухуа унафэр къащтащ.

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

♦Тэтэрстан Республикэм и Гербым и махуэщ

♦Гренадэм и лъэпкъ махуэшхуэщ – щхьэхуит зэрыхъуар (1974 гъэм) егъэлъапIэ

1795 гъэм Хаджибей кхъухь тедзапIэм и цIэр Одессэу зэрахъуэкIащ.

1893 гъэм США-м щыщ инженер Крей Алан мафIэсыр зэрагъэункIыфI Iэмэпсымэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ дэфтэр иратащ.

1965 гъэм США-м щыщ боксёр цIэрыIуэ Клей Кассиус муслъымэн диныр къищтащ, иджыпсту дуней псом къызэрыщацIыху Мохаммед Али цIэри къыфIащауэ щытащ.

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Нобэ

♦Лышх узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

♦Японием щагъэлъапIэ илъэсыщIэр къыщихьэ махуэр - Гъатхэм и махуэр

1719 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Урысейм щыпсэухэр бжыным теухуа унафэм. Нэхъапэм апхуэдэ лэжьыгъэ къэралым щрагъэкIуэкIатэкъым.

Адыгэ мэкъумэшыщIэм и илъэс махуэгъэпсыр

Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм ящыщ зыщ адыгэхэр. Абыхэм я тхыдэмрэ  хабзэмрэ я лъабжьэр къызэрежьэрэ илъэс мин куэд мэхъу, зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм, къэгъэщIыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Ещхьыркъабзэщ адыгэ хабзэм цIыхум я зэхущытыкIэр зэрызэригъакIуэри, къэзыухъуреихь дунейм сакърэ щысхьрэ хэлъу бгъэдыхьэу зэрыщытари.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс