Литературэ

Абазэ таурыхъхэр

IуэрыIуатэ къулей къадогъуэгурыкIуэ абазэхэм - нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, пасэрей уэрэдыжьхэр, таурыхъхэр, псысэхэр, псалъэжьхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ныбжьышхуэ яIэщ, лъэпкъ фащэкIэ гъэпсащ, купщIафIэщ. Абазэхэм я гъунэжщ, пса­лъэм папщIэ, таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ. Щыгъуазэ фыдощI Къэрмокъуэ Хьэмид зэхуихьэсыжа ап­хуэдэ зыбжанэм.

 Абазэхэмрэ адыгэхэмрэ зэблагъэ дыдэщ - я бзэкIэ, я щэн­хаб­зэкIэ, я лъэпкъ хабзэхэмкIэ, аращ я IуэрыIуатэм зы купщIэрэ зы гъэ­п­сы­кIэ­рэ щIаIэр.

Хьилэшы къэрабгъэ

Балъкъэр таурыхъ
Бгы лъапэм деж хьилэшыуэ икIи къэрабгъэу зылI щыпсэурт. Ар апхуэдизкIэ сытми щышынэрти, пщыхьэщхьэм унэм къыщIэкIын хуей хъумэ, и фызыр е и джэдур къыздищтэрт. И хьэлым зыщимыхъуэжым, цIыхухэм абы Хьилэшы къэрабгъэ къыфIащащ. 
Зэгуэрым, жэщыр къэблэгъауэ, ар и фызым и гъусэу къуажэ уэрамхэм языхэзым къытехьащ. Фызым жеIэ:
- Еплъыт, жэщыр мазэхэу кIыфIщ. Мыпхуэдэ жэщым шыбэ къепхужьэу бгым щыбгъэпщкIуну гугъу хъунукъым. Абы хэт шыхэм нал ящIэлъкъыми, я лъэ макъыр зэхэпхынукъым, дыгъужьхэри мыпхуэдэ жэщым къежьэркъым. 

ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!

2-нэ Iыхьэ.

Тхьэм и фIыщIэкIэ, Зерэ и операцэр фIы дыдэу зэфIэкIащ. Ар дохутырым къыджиIа нэужь, куэдыр епIэщIэкIыу, сымаджэщым къыдэкIыжащ, нэхъ ди благъэхэм заIэжьащ.

 А уэ пщIэ «си цIыхугъэщIэр» зэрыщыст, зимыгъэхъеяуэ. Фэ есплъащ зыгуэрым егупсысу. Зэпымычу тутын ефэрт. Зэм и Iэр и щхьэм щIэгъэкъуауэ къызэфIэтIысхьэрти, зэрыгупсысэр наIуэу щыст, зэми уэгум дэплъейт, Тхьэ елъэIу фIэкI умыщIэну. Пэж дыдэу и акъылыр мытэмэму пIэрэ-тIэ?! Пэрыс… Пэрыс… ЦIэ хьэлэмэтщ. ИкIи дахэщ. Бийпэрыс щыIэу зэхэсхащ, ауэ «Пэрыс» зэи срихьэлIакъым. Пэрыс…

Бэм пэгъунэгъу IэдакъэщIэкIхэр

Журналист, тхакIуэ КIэбышэ Лилэ и Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэхэр щIэджыкIакIуэхэм я гум дыхьэу къокIуэкI. Сыту жыпIэмэ, абыхэм я дэтхэнэри теухуащ къызэрыгуэкI гъащIэм, цIыхухэм къадекIуэкI  гурыгъухэм, гущыщIэхэм, махуэ къэс зыхэплъэ дунейм и къэхъукъащIэхэм. Лилэ и лIыхъужь къэс тхылъаджэм и нэIуасэщ, абыхэм я гуфIэгъуэри гущыщIэри дагуэшу, дерси къыхахыу.

ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!

1-нэ Iыхьэ

Си анэ шыпхъур сымаджэщым кIуат, зригъэплъыну. Сэри къалэм сыщылажьэрти, ар къыщысщIэм, сыкIэлъыкIуащ, и закъуэ дыдэу анализ гъунэншэхэм яужь измыгъэтын папщIэ. КъызэрыщIэкIамкIи, и закъуэтэкъым – си анэр щIыгъут. Си япэ къищат. Сэрыншауи зэфIэкIынут Iуэхури, сыкъежьэжащ. 

ПащIэ Бэчмырзэ теухуа пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей Къэрал драмэ театрым литературно-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, дызэрыгушхуэ адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 170-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ.
Театр бжэIупэм лъэпкъ фащэхэр зыщыгъ щIалэгъуалэм уэрэдрэ къафэкIэ гуапэу щрагъэблэгъащ Тыркум къикIа ди лъэпкъэгъухэр.

Адакъэпщрэ Купраузрэ

Пщэдджыжь къэс Iуэ адакъэпщым и макъ жьгъырур нышэдибэ кIуэдат. Нанэ фIэфIт ар жэщым щыIуэм и деж едэIуэну, «мэлэIыч елъагъу» жиIэрти. 

Япон усэ зыбжанэ

 Япон лъэпкъым и усыгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу япон литературэм гуэт къудамэшхуэщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, зэман кIыхькIэ японхэр китаибзэкIэ фIэкIа мытхэу щытащ, хамэбзэр къазэрытекIуэм, езыхэри Китайм и унафэм зэрыщIэтым къыхэкIыу. Нэхъ пасэу ятха усэхэр японыбзэжь жыхуаIэ тхыкIэмкIэ ятхамэ, хуэмурэ усэкIэ хабзэхэр тIууэ зэщхьэщыкIащ. Зыр китаибзэм нэхъ пэгъунэгъу «канси» жыхуиIэращ, етIуанэр – езы бзэм и лъабжьэм екIуэлIэж «вакэ» гъэпсыкIэр.

Тхылъ тыкуэным

- Тхылъыр гъэтIылъ! 
 Налшык зэрынэсыжу, тхылъ тыкуэным блэкIрэ пэт щIэпкIа Iэсият зыгуэр къызэрепсалъэр занщIэу къыгурыIуакъым. Шанэ здыпэплъэм, психологием теухуахэр зыдэлъ дапхъэм бгъэдэлъэдати, зэи имыужэгъу Фромм итха гуэрым дихьэхауэ ирожэ. 
 - Тхылъыр гъэтIылъ! – къоIу аргуэру. 
 - Сеплъу арат, - дыгъу къаубыдам и макъкIэ зеумыс хъыджэбзми, IэщIэлъ тхылъыр жыIэщIэу зэтрепIэж. Я Алыхь! Нобэ сыт махуэ?! Зеплъыхь. 
Зи макъ зыхихыр къыхуэлъагъуркъым. 
 - Уеплъу аракъым уэ абы, уоджэ! 

ЕщIэнокъуэхэрэ КIэфыщхэрэ я таурыхъ

КIэфыщхэрэ ЕщIэнокъуэхэрэ нэхъ лIыгъэ зиIэIуэрэ нэхъ зэфIэкI зиIэIуэрэ хэкум имысу апхуэдэти, лъэпкъитIыр, щIызэхуэхъуари ямыщIэжу, бий зэхуэхъуат. Апхуэдэурэ зэбийуэ екIуэкIыурэ, зэгуэрым ЕщIэнокъуэхэ я фызыжьыр хамэ къуажэ хьэдагъэ щыIауэ выгу ису къэкIуэж пэтрэ, КIэфыщхэ ящыщхэм гъуэгум щаубыдри, и нэкIущхьэр кърагъэжащ, щыIукIыжхэм шабзэкIэ къеуэри, и гупхъэтIэкIумрэ гулъэмыжымрэ зэтрагъэIулIащ.
Апхуэдэу фызыжьыр губгъуэм къранэу ежьэжынхэ щыхъум, фызыжьыр и IэлъэщIыр зытрихри ялъэIуащ:

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ