|
Литературэ
7 декабря, 2023 - 09:00
Гъэ еджэгъуэщIэм и кIэм курыт школхэр литературэ зэхьэзэхуэ гуэркIэ куейм дыщызэхашат. МыпIащIэурэ къызэщIэуфIыцIэщ, шэджагъуэхуэкIуэу зихъу-зилъри, щыблэшхуэкIэ зэщIэчэ уафэгъуагъуэ уэшхыу зыкърикIутащ уафэ уэндэгъум. Дызэрыс стадионым и тетIысхьэпIэхэр нэщI хъууэ хуежьат, уафэр лэгъупыкъу куэщIым зигъафIэу къыщигъуэлъхьэжам.
- Зыри зэхэпхыжыркъэ?! - къаджэм, и Iэ-и лъэ ищIурэ си классэгъу щIалэ цIыкIу, тхылъ щхъуантIэ гуэр иIыгъыу, къызбгъэдохьэ. - Мис уи япэ увыпIэр, уэ жыжьэ ущыIэти, сэ…
6 декабря, 2023 - 13:26
Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ.
4 декабря, 2023 - 16:43
ФIы дыдэу зэрылъагъу зэныбжьэгъуитI щыIэт. Хьэбалэ зыпхъу нэхъ иIэтэкъым, Гъур зы щIалэ закъуэт иIэр.
Илъэсхэр блокIри, хъыджэбз цIыкIур пщащэ, щIалэ цIыкIури щауэ мэхъу. АдитIым ар я жагъуэнт? Я адэхэм ядэплъейри, я бынхэри «зы тхьэмпэм тошхыкI» жыхуаIэм хуэдэу, фIы дыдэу зэрылъэгъуат.
ПIалъэ ягъэуври, я бынхэр зэрагъашэ. Нысашэм и дауэдапщэхэр докIри, ныбжьыщIитIым зэдэпсэун щIадзэ…
Зэман дэкIауэ Гъур Хьэбалэ деж къэкIуауэ зэпсалъэу щысхэт. Хьэбалэ и ныбжьэгъум зыхуегъазэри:
4 декабря, 2023 - 13:36
Iуэтэж
КIуэкIуцэ къалэшхуэм яшэу зэрыджэгу хьэпшыпхэм щыхагъадэм, япэ дыдэ Iэбэу къищтар джэдущ. Ари езым хуэдиз хъурэ цы щабэшхуи тетыжу, дэбжьеи къебжьыхыжи хъууэ. Ар абы зыкIэ фIыуэ елъагъури, шхэми здагъашхэ, жейми здагъэжей. Дэджэгум, дэджэгуурэ ицхэр фIей хъуамэ, езым егъэпскIыж. Уеблэмэ и анэм игъэпскIыуи, и шыпхъум къыдигъэпскIыуи идэркъым. Ауэ апхуэдэу фIыуэ зэрылъагъуу куэдрэ яхьакъым а тIум.
2 декабря, 2023 - 09:00
Iуэтэж
(Ещанэ Iыхьэ)
Ябжщ, къабжщ, шым ишхынри, гугъу зэрыдехьынри хагъэкIыжри, Хъуэжэ дыщэ сом щибгъу къратри, зэкъуэшитIым пщIэгъуалэжьыр ирашэжьащ. ПщIантIэм щыдэкIыжым ахэр Хъуэжэ къигъэувыIэри, дыщэ тумэн щIыхуэу телъыр яритыжащ.
– ФIыкIэ фышх, – жиIащ абы, – ирикъункIэ сывгъэIыгъащ. – Фи щIыхуэ стелъыжкъым, пэжкъэ?
– Пэжщ, Хъуэжэ, узыншэу ущыт.
– Гъуэгу махуэ. ХуэнщIей куэд евмыгъэшх пщIэгъуалэм, абы кIэтIийр екудэ, – якIэлъыкIиящ Хъуэжэ зэкъуэшитIым.
28 ноября, 2023 - 13:03
КъардэнгъущI Зырамыку зэритхыжымкIэ, бийм яIэщIэкIуэда Хьэсанш и хьэдэр гум къралъхьэри Къэзанш Дасусэрэ и жэмхэгъасэ хъыджэбзымрэ къежьэжащ. КъыздэкIуэжым, Дасусэм уэрэд иусащ.
28 ноября, 2023 - 06:16
Iуэтэж
(ЕтIуанэ Iыхьэ)
Ар жиIэри, унэгуащэм и жыпым хъыдан зэкIуэцIыпха тIэкIу кърихащ. ХьэщIитIми ялъагъуу ар зэкIуэцIихри, хугу IэмыщIэ мыхъуну кIуэцIылъым щыщ зы хьэдзэ къыхихащ, ар плIыуэ зэгуигъэпкIри, Iыхьищыр хугум хилъхьэжри, хъыданыр зэкIуэцIипхэжащ. Ар и жыпым ирилъхьэжа нэужь, къэна Iыхьэ плIанэр унэгуащэм илъэсри, псы къавэм хидзащ. Куэд дэмыкIыу Хъуэжэ и фызым хьэкум къытрихыжащ бахъейр къыхихыу пIастэ шыуан. ЗэкъуэшитIым я нэр зэблэжащ.
- Дэ дыкъыщIэкIуар.... - къригъэжьащ зым.
27 ноября, 2023 - 11:47
Адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Теунэ Хьэчим мыпхуэдэу яфIищат и тхыгъэ гупым (езым «гупсысэ кIэщIхэр» жеIэ). Дунейм къыщыхъухэм, и лъэпкъым и щхьэм кърикIуам, и унагъуэм, нэгъуэщI-къинэмыщIхэм щегупсыскIэ, цIыхум и щхьэм куэд щызэрегъэзахуэ. Абы щыгъуэми ар тхакIуэмэ, гупсысакIуэмэ - нэхъыбэж. Щызэригъэзахуэрэ ар тхылъымпIэм нихьэсмэ, нэгъуэщIхэри щыгъуазэ мэхъу, гъащIэ дерс къыхах. Апхуэдэ щIэныгъэ къигъэхъуапIэу къызолъытэ Теунэм и псалъэ гъэпсахэр, аращ абыхэм ящыщ зыбжанэ «Адыгэ псалъэ» газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм щхьэкIэ къыщIыхэсхар.
27 ноября, 2023 - 09:55
Шэджэмокъуэ Хьэсаншыр щIалэ закъуэт, жаIэ. Закъуэми, зэшибл я лIыгъэ и лIыгъэт. Ежьэрти, куэдрэ къэтт, къыщигъэзэжкIэ, фIыуэ ялъагъурти, жылэм я гуфIэгъуэт. Езыми жылэм я щIыхуэ зытринэртэкъым: сыт къыздихьми, къанэ щымыIэу, тхьэмыщкIэхэм яхуигуэшырт. Шэджэмокъуэ Хьэсанш зыдэс къуажэм бийм кърикуртэкъым, хъунщIакIуэхэм жыжьэу къыпакIухьырт. Мызэ-мытIэу щихъумащ абы хэкур жыжьэ къикI зэрыпхъуакIуэхэм. ЩIалэм и цIэр жьыми щIэми ящIэрт, и лIыгъэм хэти иригушхуэрт.
Страницы
|