|
Литературэ
8 ноября, 2023 - 12:27
Iуэтэж
Iэзэу зызыгъэIу цIыхухъум и нэхэм зэрыщIэплъэу, абы къыгурыIуащ аргуэру зэрыщыуар. ЦIыху Iувым хэсу и чэзур къыщысынум сыхьэт бжыгъэкIэ пэплъат ар. Абдеж щыс куэдым хуэдэу, ари нэхъыбэрэ щысыху нэхъыбэкIэ гугъэрт, Iэзэм теухуауэ иIэ фIэщхъуныгъэр багъуэрт, ауэ зэрыIуплэу… Ар зыгъэхъужыну къэзыгъэгугъам къыпхуищIэфынуIатэкъым.
8 ноября, 2023 - 08:00
Мы Iуэхур къыщызэхъулIар Граждан зауэм и кIэхэрщ. Бэрбащ уфIэкIмэ, Стояновым и щIыгуу щытам деж, ди жылэм щыщ гуэрхэми зэращIу, сэри мэкъупIэ къэсщэхуауэ сыкъэкIуат, удзпыхкIэ (косилкэ) мэкъу сеуэну.
7 ноября, 2023 - 17:38
УФ-м и ТхакIуэхэми и Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт тхакIуэ, усакIуэ-уэрэдус, журналист Джэдгъэф Борис къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.
4 ноября, 2023 - 08:00
Бжьыхьэкум, зы илъэс къэмынэу, уэрам къэгъэшыпIэм къытотIысхьэ нанэ цIыкIуитI - зы урысрэ зы адыгэрэ. Зым къуажэ хадэм къриха мыIэрысэ, пасэрей къыпцIэ кIыхь цIыкIу, адрейм хризантемэ ящэ. Щыуэу зыгуэр гъусэ къахуэхъуауи зэ плъагъункъым абыхэм. Сэри, а зы мардэм сытету, фокIадэм и кIэм сокIуэ «нанитIым я бэзэрым». СызэрыкIуэри зэ закъуэщ, гъэм хуэзэу зэ зым и мыIэрысэмрэ адрейм и хризантемэ Iэрамэрэ къэсщтэн къудей щхьэкIэщ.
3 ноября, 2023 - 13:15
Имысыр нэхъыжьу, Уэзырмэсыр нэхъыщIэу псэуащ нарт зэшитI. Имысым фыз къишагъащIэу, Уэзырмэсыр фызыншэу, Имысыр илъэс зекIуэ ежьащ. Уэзырмэсу и шынэхъыщIэр щIалэ бжьыфIэт, Iэпкълъэпкъ дахэ иIэт. Имысыр илъэс зекIуэ щыIэу и фызыр Уэзырмэс и шынэхъыщIэм ехъуэпсэжащ, ауэ Уэзырмэсым идакъым.
3 ноября, 2023 - 09:44
Iуэтэж
- Алло, кIуэдахэр къыщагъуэтыж IуэхущIапIэра сыздэпсэлъар? - щIэупщIащ сабий макъ.
- Аращ, тIасэ. Зыгуэр пфIэкIуэда? - къыжриIащ зи ныбжь хэкIуэта цIыхубзым.
- СфIэкIуэдащ... Си анэр... Згъуэтыжкъыми, фи деж щыIэу пIэрэ? - къыдришеящ сабийм.
- Сыт хуэдэу уи анэр зэрыщытыр? - щIэупщIащ цIыхубзыр.
- Сэ си анэр дахэщ, цIыхуфIщ икIи IэфIу мэпщафIэ, - жиIащ сабийм.
- Си тIасэ, дыгъуасэ апхуэдэ къэкIуащ мыбы. Умыгузавэ, къызэрыплъыхъуэр жетIэжынщ. Уэ езыр дэнэ уздэщыIэр?
- Сабий унэм.
1 ноября, 2023 - 15:00
Шэджэм щыщ уэрэдус - арат зэрызэджэжыр балъкъэр лъэпкъым, ди республикэм, къэралым я усакIуэ щэджащэ Кулиев Къайсын. Ар къызэралъхурэ нобэ, щэкIуэгъуэм и 1-м, илъэси 106-рэ ирокъу. Шэджэм аузыр - ди щIыналъэр зыгъэдахэ щIыпIэхэм ящыщ зыр и псэм хэлъу дунейм тетащ усакIуэр. Къайсын и дежкIэ и унэр, къыщалъхуа щIыпIэр нэхъыжьхэм я щIэин къудейтэкъым, атIэ и гъащIэм, творчествэм къыпызыщэ лъапIэныгъэт. Хэт абы хуэдэу къэзыIуэтэфар щIыналъэм и беягъымрэ абы щыпсэу бгырысхэм я уардагъымрэ?
Страницы
|