Литературэ

ЦIыхубз щIалэжь

гушыIэ

Етхуанэ Iыхьэ  

7

Хабзэхъумэр махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу ялъагъурт егъэджакIуэхэми, псори Зубер къыщыгуфIыкIащ. Езым «фызгъэгувэнукъым» жиIэурэ утыкум ихьэри, «Iущыцэ» журналыр къызэгуихащ. Борэн Iущыцэ и цIэр зэракIэщIэтыр имылъагъу зищIри, тхыгъэм и цIэм къеджэм, ар зи IэдакъэщIэкIым щIэупщIэурэ, Зубер журналым и кIэм нэс ирикIуащ.

- «ИугъащIэ гъэмахуэм» тхыгъэр зейр хэт?

- Сэращ! - Гений и Iэр еIэт.

- «Бжыгъэхэм епха хъыбархэр»?

Къербэч и хъыбарымрэ и гъыбзэмрэ

Къербэч теухуауэ хъыбарыжьхэм къаIуэтэжыр икъукIэ мащIэщ. Уэрэдым и хъыбарыр зытхыжыгъа КъардэнгъущI Зырамыку зэрыжиIэмкIэ, Щхьэгуащэпсыр я зэхуакуу Къербэч зыдэса Къэние къуажэмрэ Нэгъуей къуажэмрэ зэпэщысу псы Iуфэ зырызым Iусащ. А зэман жыжьэм лъэпкъхэр фIыуэ зэрымылъагъуу, зэбийуэ, зэкъуэхуауэ зэрыгъуэтмэ, зыр адрейм теуэрэ зэрипхъуэу щытащ. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкIэ, зыхуэсакъыу, щхьэж и къуажэ ихъумэжу апхуэдэут зэрыпсэухэр.

Шыпсэ пэжхэр и гъунэжщ

 

УсэкIэ бауэрт

Къэшэж Иннэ и усыгъэм цIыхупсэр къулей ещIыф – Хэку лъагъуныгъэкIэ, гукъэкIыжкIэ, гухэлъ къабзэкIэ, гуапагъэкIэ… Куэд къыпыпщэ хъунущ. ЦIыхухэм я гум псалъэ защIэкIэ нэсыфым езым игури и псэри сыту къулей! Усэм и лъагъуэкIэ цIыху гупсысэхэр егъэпIейтей Иннэ. Сабиигъуэм тетхыхьми, щIалэгъуэм хуэусэми, лъахэм епсалъэми, адэ-анэм яхуиIэ хуабагъэкIэ гуашэми, щIыуэпсым итхьэкъуми ди нэгум теплъэ гуапэхэр къыщIохьэ.

Iуащхьэмахуэ и псысэ

Дунейр псыкIэ щикъутэжым щыгъуэ, Нухь бегъымбарым и кхъухьыр гъуни нэзи зимыIэж хы гущIыIум къытенауэ щытащ. Зэман зыбжанэкIэ псым тетащ ар. Кавказ къурш екIуэкIхэр зэлъигъэIэсащ, Iуащхьэмахуэ жьэхэуэху. АдкIэ Нухь бегъымбарым и кхъухьыр мыкIуэжыф хъуащ, икIи Нухь Iуащхьэмахуэм табущхьэщэщкIэ елъэIуу щIидзащ къуршым щхьэдигъэхыу адэкIэ иутIыпщыну. АрщхьэкIэ Iуащхьэмахуэ ауи идакъым. ИтIанэ пщIэншэу лъаIуэурэ еша Нухь бегъымбарым жиIащ:

ЦIыхубз щIалэжь

гушыIэ
ЕплIанэ Iыхьэ  
5
Сыт Хьэрф хуэдэу географием делэ ихъукI егъэджакIуэр зыщIэбэгынкIи хъунур? Пэжщ! Езым хуэщIэр зыгуэрым иригъэщIэным. Iущыцэ сабиижкъым, щIэныгъэм и ней щыхуащ. Ауэ борш щыхуэгъавэкIэ, еджэкIэ иримыгъэщIэфыну пIэрэ? И цIэр тхыгъэм кIэщIэту илъагъуну щыфIэфIкIэ, и цIэ-унэцIэр пэжу щыхуэтхыжкIэ (хьа-хьа-хьа), зы псалъэуха-псалъэухаитI, е абзац-абзацитI, хуэмурэ тхыгъэ-тхыгъитI еджэуи пхуегъэсэнущ! 

АнэнэпIэс

Къэхъуа хъыбар

Хывхэр

Хъыбар кIэщI

ПщIантIэ зэв кIыхьым хыв гуп зэкIэлъхьэужьу къыдокI. Фэ Iувыр къызэпхачыну къоныкъуэкъу жыпIэнщ, лъакъуэр зэблахыху тхыцIэм къытридзэ дзажэ зэкIэрыблэр щыплъагъукIэ.

Щхьэгъубжэм удэплъмэ…

Новеллэ
Бжьыхьэ уэшхыр ныщхьэбэ хъийм икIащи, екIуэлIапIэншэу щхьэгъубжэ къэс тоуIуэ. Ар щIыхьэнут а унэхэм язым, зигъэпсэхунут, ауэ цIыхухэр апхуэдэ хьэщIэ хуейкъыми, «къеблагъэ» къудей къыжрамыIэу щхьэгъубжэхэр хуащI. Ар зи жагъуэ хъуа уэшхыр, нэпс щIыIэу, абджым йожэх. 

ЦIыхубз щIалэжь

                                                                                                                                гушыIэ
                              Ещанэ Iыхьэ 
                             Дали и хъыбарыр

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ