|
Литературэ
7 июня, 2023 - 14:31
Быным я щIыбагъ къыщыпхуагъазэм деж хьэлъэщ. Иужьрей илъэсипщIым си бын балигъхэр къызэпсалъэркъым, сыкъыщалъхуа махуэм зэзэмызэ къыщащI щыIэщ армыхъу.
6 июня, 2023 - 13:35
ГъащIэм щекIуэкI Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуауэ дэтхэнэми гупсысэ щхьэхуэхэр иIэщ. Хэти ар и щхьэм щызрегъэзахуэ, хэти тхэным къыхуигъэщIамэ, абыкIэ тхылъымпIэм догуашэ. Апхуэдэ гупсысэ гъэщIэгъуэн куэд иIэщ усакIуэ, тхакIуэ Хьэту Пётр.
***
6 июня, 2023 - 12:54
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м Литературэмрэ гъуазджэмкIэ и Къэрал саугъэтым и лауреат Бещтокъуэ Хьэбас и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу!
6 июня, 2023 - 11:03
Мэкъуауэгъуэм и 6, гъубж
Урысыбзэм и махуэщ
1939 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, егъэджакIуэ, СССР-м егъэджэныгъэмкIэ и лэжьакIуэ нэхъыфI Апажэ Ахьмэд.
1942 гъэм къалъхуащ физико-матемитикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-м метеорологиемкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалэ Хьэжбарэ.
1951 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Абыдэ Мусэ.
5 июня, 2023 - 14:12
- Иджы плъэгъуащ! - пидзыжащ Казар, урыс псалъэхэр ерагъыу зэхуигъакIуэри. ЩIалэжь цIыкIур ауаныщIу къызэрыпыдыхьэшхыкIам къызэщIигъэплъат ар.
- Уделэ уэ? Зыгуэр бжесIауэ ара? - пэгуныр къищтэжри, икIуэтыжащ адрейри.
5 июня, 2023 - 08:57
Зи лъэпкъым и псэукIэ хьэлъэм игъэхыщIэ, абы ар къыхэшыныр зи къалэну зылъытэж тхак1уэ, щ1эныгъэл1 Цей Ибрэхьим и 1эдакъэщ1эк1хэм къадэк1уэу, публицист тхыгъэ зыкъом газетхэм къытрыригъэдзауэ щытащ. ИджыкIэ дызыщыгъуазэхэм, къызэтенахэм ящыщхэщ «Улъия», «Лей зылъысхэр», «Пшапэ зэхэуэгъуэ» тхыгъэхэр.
2 июня, 2023 - 13:38
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ, уэрэдус, журналист Багъэтыр Нинэ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Акъбащ Ипщэ (Астэмрей) къуажэм къыщалъхуащ.
1 июня, 2023 - 12:24
Новеллэ
Пщыхьэщхьэшхэм ирихьэлIэу унагъуэр стIол кIыхьым къетIысэкIащ. Емызэшу гъэмахуэ махуэ хуабэм къэзыжыхьа сабийхэмрэ лэжьыгъэ хьэлъэм къыпэрыкIыжа адэмрэ IэфIу шхэуэ гъуэлъыжыну фIэкIа зыри хуейтэкъым.
- Мамэ, хьэзыр хъурэ?!
- Мамэ, дапщэщ дыщыбгъэшхэнур?
А упщIэхэр къытригъэзэжурэ пщэфIапIэм щыкIэрахъуэрт.
- Мис, мис, иджыпсту нызохь, - зэпымыууэ жэуап къитыжырт анэми.
31 мая, 2023 - 10:04
Алтай таурыхъ
Еуэри, зы хьэндыркъуакъуэ псыпцIэ Iуфэм щыпсэурт. Махуэ гуэрым ар и унэм къыщIэкIри пкIэм-лъэурэ жыжьэIуэ IукIри, гъуэщащ. АдэкIэ кIуащ, мыдэкIэ кIуащ, гъуэгур къыхуэцIыхужакъым. Абы хэту, хъумпIэцIэдж гупым яхэувэри, мохэр и тхыцIэм тез къэхъуащ.
-УаI, уаI, дауэ фымыукIытэрэ сэ гъуэща тхьэмыщкIэм, мэжэщIалIэм фыкъыстегушхуэну? - жиIэри къэгуоуащ удзыфэжьыр.
30 мая, 2023 - 12:27
Жэбагъы зыдэс жылэр бгы лъапэм тест. Бгым дэкIауэ, Жэбагъы гу лъитащ бгыр къызэрежьам. Бгы къэчапIэм мывэ дилъхьащ Жэбагъы. Зэман дигъэкIри, мывэм еплъащ: мывэр бгым дэкIуэтат. Тригъазэурэ зыбжанэрэ кIэлъыплъащ мывэм: мывэр бгы къэчам дэкIуатэ зэпытт. Къуажэпщым деж кIуащ Жэбагъы:
- Бгыр къыгуэунущ, къуажэр гъэIэпхъуэ, - жери.
Къуажэм и ныкъуэр бгы лъапэм къытекIащ, бгы лъапэм къытенар бгыр къыгуэури щIиубыдащ.
Страницы
|