Литературэ

Лъэужь куу къэзыгъэна

Зи художественнэ тхыгъэхэм лъэпкъ щIэныгъэмрэ литературэмрэ я тхыдэм щIыпIэшхуэ щызыубыд Хъан-Джэрий псом нэхърэ нэхъ гъунэгъу зыхуэхъуар урыс тхакIуэ икIи журналист Н.И. Гречщ. Махуэку пщыхьэщхьэ къэс абы и деж щызэхуэс цIыху цIэрыIуэхэм адыгэ щIалэр ирагъэблагъэрт, зэрыхуэбгъэфэщэнкIи, Греч и унагъуэрауэ къыщIэкIынущ Пушкинымрэ абырэ цIыхугъэ щызэхуэхъуари, абы и тхыгъэхэм нэхъ пасэу зэреджам и гугъу умыщIыххи.

ЖьыкIэфэкIэм я къарур зыхэлъыр

Зы унагъуэ гуэр къалэм къиIэпхъукIыжри, къуажэм дэтIысхьэжат. Къуажэр псы  Iуфэм Iуст. Абыхэм къыздашэжат зи ныбжьыр хэкIуэта бзылъхугъэ. Нанэр жьы дыдэ хъуат. Ар пасэм мы унэм щыпсэууэ щытащ, ауэ куэд щIащ абы лъандэрэ. И къару къимыхьыж щыхъум, и закъуэу имыгъэпсэун папщIэ, и пхъум къалэм ишэжат. Фызыжь цIыкIум ишх щIагъуи щыIэтэкъым, и лъакъуэхэр ерагъыу зэблихыу арат, щыгъупщэхи хъуат. Абы и иужьрей махуэхэр и унэжьым щигъэкIуэну щIэхъуэпсырти, ар зэхащIыкIри, и пхъумрэ и малъхъэмрэ  къашэжауэ арат. Сыти жыIи илъэс 90-м нэсат. Зэщхьэгъусэхэм къуажэм щыIэ гугъуехьхэр къатехьэлъэми, зыхуагъэшэчырт, нанэр дунейм ехыжмэ, и гуэныхь къамыхьу,  къыщалъхуа щIы кIапэм щыщIалъхьэжыну.

Гуибгъу я гулъэмыжрэ фызибгъу я цудэчийрэ

Шырэ уанэрэ зэхуэсхьыфыртэкъым, ауэ сыкъаIэтрэ сагъэшэсмэ, жыхуаIэм сынэсырти, сыкъэкIуэжыни схузэфIэкIырт, Динэху (арат зэреджэр) нанэу жэнэтыр тыншыпIэ зыхуэхъуным мы псысэр къыщызжиIэжам щыгъуэ.

КъыкъуэмыкIа дыгъэ

Автобусыр къуажэм дэлъадэри къыщыувыIати, сыкъикIащ. Уэрамыр иджыри нэщIщ, адакъэ Iуэхэмрэ хьэ банэхэмрэ я макъхэр лъэныкъуэхэмкIэ къоIукI. Жьы упщIыIужар пщэдджыжьым Iэпкълъэпкъым щызэпреху, къэплъа щIыфэр игъэтхытхыу.

Къэгъэпсэуныгъэм теухуауэ

Къэгъэпсэуныгъэм теухуауэ

Эндирей щыщ СулътIан- Мут

ЕтIуанэ Iыхьэ

СулътIан-Мут и тетыгъуэм зиубгъуху, и анэм и лъэныкъуэкIэ IыхьлыгъэкIэ къыгуэт Анзорхи, Къэбэрдейм щыпашэ адрей лIакъуэхэми сыт и лъэныкъуэкIи зыкъыщIагъакъуэу щытащ. Дэфтэрхэм языхэзым  мыпхуэдэ псалъэхэм ущрохьэлIэ: «СулътIан-Мут Къэбэрдейм дзэ абрагъуэ къришащ». «Мин 15» бжыгъэр СулътIан-Мут Къэбэрдейм щызэригъэпэща дзэм и инагъырщ. Мис  апхуэдэу къыхэувэрт къэбэрдей адыгэхэр абы зэригъэпэщ Iуэхухэм.

Къалэмым Iэщэр къыдащтэн хуей щыхъум

Хэку зауэшхуэр гъэунэхуныгъэ ин дыдэу щытащ совет къэралыгъуэмрэ и цIыхухэмрэ я дежкIэ. Ар зэриухынум елъытат я къэкIуэнури. Ар фIыуэ къызыгурыIуэ совет цIыхухэр а зауэм хэтащ я гуащIи, я гъащIи щымысхьыжу. ТекIуэныгъэм мылъкурэ цIыху гъащIэу халъхьари, жыпIэ пэтми, пхуэмыIуэтэжыным хуэдиз мэхъу. Аращ совет къэралыгъуэм иса лъэпкъ псори зэкъуэувэу бийр щыхагъэщIа, хуэдэ къэмыхъуауэ гущIэгъуншэу щыта зауэ зэманми, абы кърикIуа псэукIэ хьэлъэми тхылъ мин бжыгъэхэр щIытраухуар.

ИкIутар из хъужыркъым

Адыгэ литературэр ди курыт школхэм тэмэму щегъэджыным, еджакIуэхэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтыным икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ныбжьыщIэхэр гъащIэм нэхъыфIу хуэгъэхьэзырынымкIэ, лъэпкъ хабзэ-нэмысыр, лIыгъэ къэмыланджэжыр, цIыхугъэ лъагэр зыхегъэщIэнымкIэ, лъэпкъым и хьэл-щэныфIхэм ди щIэблэр щIэпIыкIыным.

Газетхэмрэ романхэмрэ

Сыт гъащIэм и мыхьэнэр? «ЩIэныгъэ, фIэщхъуныгъэ, лъагъуныгъэ», - къыбжиIэнущ зи жэуапыр хьэзыр интеллигентым. «Узыншагъэ, мылъку, пщIэ», - ахэри гъащIэм щыщщ, уимыIэу хъунукъым.

ТхакIуэ, усакIуэ Гъубж Мухьэдин къызэралъхурэ илъэси 110-рэ мэхъу

Гъубж Мухьэдин Прохладнэ щIыналъэм щыщ Къэрэгъэш (Иналхьэблэ) къуажэм 1913 гъэм къыщалъхуащ. Школ нэужьым Псыхуабэ дэт педучилищэмрэ Налшык щыIэ мэкъумэш техникумымрэ щеджа щхьэкIэ, ар и IэщIагъэм зэи ирилэжьакъым. 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ