|
Литературэ
10 апреля, 2023 - 07:53
Си цIыкIущхьэу зэрызысцIыхуж лъандэрэ мэзхэм, къуршхэм сыдахьэх. АтIэми, сызыIэпамышэнкIэ Iэмал яIакъым сыкъыщыхъуа Лэскэн ЕтIуанэ къуажэр къызыдэунэхукI тIуащIэ лъагъугъуафIэм и лъэныкъуитIымкIи ди анэм и дыщ Хьэтуей жылэу куэдрэ дыздишэжым ипщэ лъэныкъуэмкIэ къыщыхуеплъых джабащхьэ зэпыгъэщхьэхукIахэмрэ зыуфэбгъуа щхъуантIагъэм.
9 апреля, 2023 - 09:15
Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэс 50-м щIигъукIэ псэ хьэлэлу пэрыта, ноби гъащIэм жыджэру хэт ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъур зымыцIыху куэд щыпсэу къыщIэкIынкъым ди щIыналъэм.
7 апреля, 2023 - 12:02
Бемырзэ Мухьэдин Хьэмид и къуэр 1948 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз щIыналъэм хыхьэ Али-Бэрдыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) къуажэм къыщалъхуащ. 1966 гъэм Мухьэдин къуажэ еджапIэр дыжьын медалкIэ къиухащ. Къэрэшей-Шэрджэс педагогикэ институтым и филологие факультетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэта нэужь, Бемырзэм дзэм къулыкъу щищIащ. 1971 - 2003 гъэхэм Али-Бэрдыкъуэ къуажэ еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щригъэджащ. А илъэсхэм Бемырзэмрэ езым нэхърэ нэхъыжь егъэджакIуэ Шорэ Хьэсинрэ я жэрдэмкIэ еджапIэм къыщызэIуахауэ щытащ къуажэм и тхыдэр къэзыIуэтэж музей.
6 апреля, 2023 - 12:06
Щомахуэ Залинэ и рассказхэм, повестхэм, прозэу тха усэхэм, сабий псысэ цIыкIухэмрэ хъыбархэмрэ Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ. ИIэщ абы философие гупсысэ зыхэлъхэри, шыпсэ ухуэкIэм хуэкIуэхэри, гъащIэм къигъэув упщIэхэм я жэуап узыгъэлъыхъуэхэри.
6 апреля, 2023 - 07:35
ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ щIэныгъэншагъэм хэтами, адыгэ лъэпкъхэр къызэрызэщыур, мащIэ-мащIэурэ гъуэгуанэщIэ ахэр зэрытеувэр наIуэ къыпщащI япэрей лъэпкъ узэщIакIуэхэм Iуэху щхьэпэ ирахьэжьар зэрымыужьыхыжым, абы зэрыпащэм, нэхъ зэрызиубгъум. Абыхэм нэхъыбэу тетхыхьахэм ящыщ профессор ХьэкIуащэ Андрей. Абы и тхыгъэхэм ящыщ зым и гугъу щещI тхакIуэ, щIэныгъэлI Цей Ибрэхьим.
5 апреля, 2023 - 09:38
Бжьыхьэ мазэщ. ФокIадэм дунейр уэшхырилэ хъу и хабзэми, зы пшэ закъуи уафэгум щыгъуэщатэкъым, къытхуеблагъэ бжьыхьэм и фащэ дыщафэр къызэкъуихыни щIидзатэкъым. Дыгъэм и гуащIагъым жьыр мащIэу щIэпщэрти, Iэпкълъэпкъым гурыхь щыхъуу, махуэфIт.
ЩIылъэ щхъуантIэм къыщыгъэгъэжа удзхэм къапих мэ гуакIуэм си псэр ятхьэкъуарэ дыгъэпсми зезгъэууэ, «Псей щхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэм и пщIантIэ Iэхуитлъэхуитым сыдэст, тIэкIуи сыхэгупсысыхьауэ.
3 апреля, 2023 - 09:31
«Нарт эпосым и ныбжьыр пхуэгъэбелджылынукъым, апхуэдизкIэ жыжьэ къыщожьэри. Пасэрей дунейм и даущ къахьэсащ ди зэманым нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, абыхэм лъабжьэрэ купщIэрэ яхуэхъуар ди лъэпкъым и тхыдэрщ. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъ ягъэлъапIэ IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэ яIэкъым адыгэхэм.
Хъыбаррэ пшыналъэу зэхэухуэнауэ къэсащ нарт эпосыр ди лъэхъэнэм. Хъыбарыр яIуатэ къудеймэ, нарт пшыналъэм макъамэ щIэлъщ. Макъамэр щIыгъумэщ, нарт пшыналъэр щыз щыхъур», - жиIащ КIуащ БетIал.
31 марта, 2023 - 13:00
Къэбэрдей-шэрджэс литературэм лъэужьыфI къыхэзынахэм ящыщщ Дыгъужь Къурмэн (1941-1984). Ар къыщалъхуащ Хъумэрэн (Абыкъухьэблэ) шэрджэс къуажэм, Псыжь (Кубань) Iуфэм Iусым. Къурмэн а псыр зыхилъхьэ щымыIэу, фIы дыдэу илъагъуу щытащ. Абы и образыр и усэхэм зыубгъуауэ хэтщ, уеблэмэ и япэ тхылъым «Псыжь и толъкъунхэр» щIыфIищари аращ.
31 марта, 2023 - 10:09
Дудар Хьэутий Мызэ и къуэр 1921 гъэм накъыгъэм и 15-м Бахъсэн районым щыщ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм (Къуэнхьэблэ) къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэу Налшык дэт институтым и егъэджакIуэ курсхэм 1938 - 1940 гъэхэм щеджащ. 1940 гъэм я къуажэ игъэзэжри, курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щригъэджащ 1942 гъэ хъуху. И узыншагъэр зэрымыщIагъуэм къыхэкIыу ар зауэм ягъэкIуатэкъым.
Страницы
|