Литературэ

ГъащIэ гъуэгуанэ

Ар и фIэщыгъэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Молэ Барэсбий (1933 - 2010) и тхылъ, Молэм ипхъухэм ягъэхьэзырауэ. 

ЦIыкIураш

(Сабийхэм папщIэ)

Гъэмахуэкут. Залинэ и джэду хужь - къуэлэнышхуэр и кIэм иту лъэгу хадэм здехым, джэду шыр макъ къызэхихащ. Плъэмэ, мыIэрысей дэгу жыгыжьым и лъ лъабжьэм джэду шыр цIыкIуищ кIэщIэсщ, зэкIэщIэпщхьэпарэ, тIэкIуи зэрыпIыщIар плъагъуу. Я анэр ящIыгъутэкъым - гурыIуэгъуэт ар зы кIуэдыпIэ зэрихуар. Залинэ шырхэр пхъэ ашыкым иригъэтIысхьэри, гуэщ плIанэпэм щигъэуващ.

Къощэм щэ ирегъэкъу

ХьэтIохъущокъуэ Едыджыпщым лIы и псалъэ итати, къэгъазэ иIэжтэкъым. Аргуэру пелуанитI къегъуэтри, егъэIущ.

ЦIыхугъэ

Вакъэ щащэ тыкуэным и бжэIупэм илъэсипщI ныбжьым ит щIалэ цIыкIур Iутщ, абы и гъэлъэгъуапIэм тет вакъэ щIэрыпсхэр зэпеплъыхьри. А тхьэмыщкIэ цIыкIур и нэр тедияуэ вакъэ хуабэхэм йоплъ, зэрехъуапсэри нэрылъагъущ.

Пасэрей

Iуэтэж

 

«Гуауэмрэ губжьымрэ»

Къагъырмэс Борис и поэмэхэм Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэми, абыхэм я нэхъыбэм Хэку зауэшхуэм иужь къащIихуащ икIи а и тхыгъэхэмкIэ цIыхухэр мамыр гъащIэм къыхуреджэ. Зи лъэпкъым и тхыдэр зымыщIэм, абы и нэгу щIэкIамрэ игъэвамрэ щымыгъуазэм нобэрей зэманри нэгъэсауэ къыгурыIуэнукъым. И лъэпкъым и блэкIами и къэкIуэнуми хуэгумащIэщ Борис. Ар фIыуэ щыгъуазэщ лъэпкъ тхыдэм. Абы зыкъомкIэ щыхьэт тохъуэ «Гуауэмрэ губжьымрэ» поэмэр. Адрей поэмэхэми хуэдэу, мыр пIытIа-къузауэ щыткъым, зытепсэлъыхь IуэхугъуэкIэ къуэпсыбэщ.

Щыхь хужь

Iуэтэж

 Окко хъыджэбз цIыкIум Рылтын дадэ и унэбжэр хуэсакъыпэурэ Iуихри, джащ.
- Дадэ, ущIэс?
ЗаулкIэ зыщIэдэIукIа иужь, хъыджэбз цIыкIум адэшхуэм и макъ тхъунщIар зэхихащ:
- НтIэ, тIасэ, къыщIыхьэ.
 ЖьыкIэфэкIэхэм зэрахабзэу, унэм хьэпшып лейр щыкуэдт, кхъахэ хъуа унэлъэгур лъэбакъуэ къэс дэкIыргъыурэ хъыджэбз цIыкIур пэш мыиным щIыхьащ. Адэшхуэр, дапщэщи хуэдэу, пэщащэу стIолым бгъэдэст.
- Дадэ, мамэ сыкъигъэкIуащ, зыгуэр тхуэбгъэхьэзырамэ, схьыну.

Иримыкъур къащIэ

ЛIыхъужь хъуну зэи щIэхъуэпсакъым Махъсымэ. И гъунэр ещIэж. Ауэ зи пэ лъы ивэжауэ дэтхэми ящыщкъым. ФIыуэ къэзылъагъу цIыхуфIхэр пщIэ къыхуэзымыщI фыгъуэнэдхэм нэхърэ щынэхъыбэкIэ, зы адыгэлI ирокъу. Сыт къыщIамылъагъуныр? Ефэкъым, дыгъуэкъым, зауэкъым, и Iэр шияуэ дэткъым, фыз иригъэкIыжакъым, къэзылъхуари къилъхуари епIыж. И унэр лъагэщ, и пщIантIэр хуитщ, и быныр гъэсащ, и телефоныр зарядкэм пылъщ. Зыгуэр дэбгъуэну уигу къэкIыххэкъым Махъсымэ, укъыфIэмыIуэхукIи уи жагъуэ хъунукъым, апхуэдизкIэ щIалэфIщи. Бзаджэкъым икIи акъылыншэкъым, щхьэхынэкъым икIи хабзэншэкъым. ЦIыхуфI?

Жэщ хьэщIэ

Къэбэрдей прозэм куэдрэ узыщыхуэмызэ фантастикэ, детектив лIэужьыгъуэхэм тету тха тхыгъэхэм ящыщщ Къанкъул Заур и «КIэгъуасэ хужь» рассказыр.  Фантастикэ жанрым и мардэм ит абы и рассказхэм ущеджэкIэ гу лъыботэ, тхакIуэм щапхъэуи чэнджэщэгъууи иIар езым и дуней, гъащIэ еплъыкIэр зэрыарар икIи ахэр езым и акъылым зэрызригъэзэхуэфым хуэдэу зэригъэзахуэри, ди пащхьэм кърилъхьащ.

ГъащIэм и дамыгъэ ятелъщ

Поэмэ тхыным зрипщытын ипэкIэ Къагъырмэсыр зыкъомрэ жыджэру икIи хъарзынэу щылэжьащ ди лъэпкъ литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ сабийхэми балигъхэми яхуэгъэза усэхэр, рассказхэр, басняхэр, жыIэгъуэхэр, гушыIэхэр, балладэхэр, сонетхэр, нэгъуэщI тхыгъэ лIэужьыгъуэхэри.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ