Литературэ

ХъумпIэцIэдж пцIыупс

Зэрыщхьэхынэм и зэранкIэ гупым къызыхахуа хъумпIэцIэджыр макIуэ, удз кIырхэм пхыпщу. КъоувыIэ, зеплъыхь, пшхы хъун щимылъагъум, и башыр зыщIегъакъуэри адэкIэ йожьэж. Мо хуабэм и Iур  игъущIыкIауэ псы Iуфэм Iуохьэ, ауэ псы уэрышхуэм бгъэдыхьэн мэшынэ - хэхуэмэ!

Си къуэшхэр щымщ

Зантарие Владимир

Си къуэшхэм сепщIыхьащ ныжэбэ гуэрым,
ЩIэслъагъуэрт я нэ кугъуэм зэрешар.
Ди пщIантIэм ахэр щыму дэтт зэгуэрым,
Нэщхъейхэт, я щхьэр псоми ехьэхат.

Сыт фи хъыбар? КъысхуэфIуэтэж, си къуэшхэ!
Ар жысIэурэ сэ ахэм сахыхьащ.
Жэуап къатакъым – сиубыдырт хуэшым,
СамыцIыхуххэу, уеблэм къысщыхъуащ.

Iуащхьэ пIалъэ

Къуэн Исмел Iуащхьэ пIалъэ итауэ ХьэтIохъущокъуэхэ я гуащэ къыхуеблэгъащ. «Фыз хьэщIэ нэхъей» жыхуаIэрати, емыжьэжурэ махуэ зыбжанэ дэкIат. «ХьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ» псэлъафэм тету, къигъанэу ежьэж мыхъуурэ, Iуащхьэ пIалъэм гувауэщ щекIуэлIар.

МыIэрысэм и хъыбар

ЦIыкIухэм папщIэ

Гъуэмылэ

(гушыIэ хъыбар)

Колхозхэтхэр губгъуэм дэзыш шыгур Данэхэ я куэбжэпэм нэсри, къыщызэтеувыIащ. Модрейми куэдрэ зыпигъэплъакъым и гъусэхэр: къыдэувыкIащ, хепIытIэ иджы жыпIэу, сумкIэ хьэлъэшхуэ иIыгъыу. ШыгупкIэмкIэ исхэр зэуэ къэIэбэри Данэр драIэтеящ и сумкIэри зэриIыгъыу. Данэ цIыху лъахъшэ IэмащIэлъэмащIэт, нащхъуэ цIыкIу хъужауэ. Щыгужь гъуэгум теувауэ кIыхьу здэкIуэм, щIэчэ имыIэу жеIэ:

Бэлътоку

- Хэдэ!

Раянэ къищэхуа бэлътокухэр, пшынэм ещхьу, зэтригъэжауэ, Фаизэ и пащхьэм щегъэсыс. Хъыджэбзхэр шэджагъуэ зыгъэпсэхугъуэм ирихьэлIэу, «ПцIащхъуэ абгъуэ» тыкуэным щIэлъэдауэ арати, гъатхэ дыгъэм къыхэувэжауэ, псапэ зэIэпах.

- КхъыIэ, сэри зы бэлътоку къызэт! - цIыхубз макъ къоIу.

Нэм къыфIэмынащэу, тыкуэн бжэIупэм деж удз гъэгъахэр щызыщэ нанэр гуфIэурэ къахудоплъей.

- Уэри хэдэ! - игъащIэ лъандэм ицIыхуам ещхьу щогуфIыкI абы Раяни, и бэлътокухэр хуеший.

Бажэр къызэрагъэпцIар

Таурыхъ

Къэт и бынхэм сахуэзэшырт

Хы ФIыцIэ Iуфэм лъэсу сыкъыщежьэри, бгыщхьэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Ло Ипщэ къуажэмкIэ згъэзащ. Ар зыбгъэдэс Ло псы цIыкIур къызыдэж къуэладжэр Шахэпсрэ Сочыпсрэ щешкIурэх тIуащIэхэм я зэхуаку дэтщ.

ЦIыхухэм гунэс ящыхъуа тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа

ТхакIуэ цIэрыIуэ Ахъмэт Мухьэдин Хьуд и къуэр къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу. 
Мухьэдин къыщалъхуащ КъШР-м хыхьэ Зеикъуэ къуажэм (ХьэтIохъущыкъуей), ауэ и сабиигъуэр щигъэкIуар Куэш-Хьэблэ жылэращ. Ар къыщыхъуа щIыпIэ дахэхэм куэдкIэ я фIыгъэу къалъытэ тхакIуэ зэрыхъуар.

Япэ итахэм яхуэфащэу

Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэр 1943 гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжым хэкIуэда щIалэхэм я фэеплъыр зэрагъэуврэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуащ. 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ