Литературэ

ЕхъулIауэ фIэкIа сщIэркъым

КIэбышэ Лилэ

(ГушыIэ рассказ)

Къэсшэну сыхьэзырщ, ауэ сыт хуэдэу ар зэрыщытын хуейр?

МытхьэIухудми содэ, псыгъуэу, зэкIужу, Iэпкълъэпкъ дахэ иIэу щытмэ аращ. Сыщыпсалъэм и деж жысIэр игу зэрынэсыр къызигъэщIэн папщIэ, гуфIэжу къызэдэIуэн хуейщ. ФIыуэ сефауэ сыкъыщыкIуэжым, гушыIэ дахэкIэ къыспежьэу, сыкъыщIишэжынри и къалэнщ.

Псалъэ къару зыщIэлъ усэхэр

Бемырзэ Зураб и усыгъэм гъадэщIыдэ и куууагъщ. Ар къопсэлъыкI тхыдэм, къуоувэ лъэпкъым, епсыхь щIыуэпсым, егъафIэ лъахэр, мэпсэу гухэлъкIэ. Гум къыIэпыкIхэр яхуэфэщэн псалъэхэмкIэ ехуапэри, цIыхугум нехьэс. Сыт щызыхэпщIэр усэхэм?! Уагъэуардэ, уагъэнэщхъей, уагъэгузавэ, уагъэгуфIэ, уагъэпIейтей, уагъэгугъэ.

Бзу гъуабжэ

(сабийхэм папщIэ)
Шындэбзий зэгъуэкIым бзу шыр цIыкIу къыщыхутащ. Цыфэнд фIэкIа зытемыт и дамэ цIыкIуитIыр ешэщIри, щIопхъуэ. АрщхьэкIэ зыхуэмыIэту къоувыIэж, нэщхъейрэ и пэ цIыкIур къыпыхуауэ. Залинэ бзу цIыкIум еIусэн ирикуакъым, Iэмэ щыумэ, языныкъуэ къуалэбзухэм зэрахабзэу, къамыщтэжынкIэ шынэри.

Хэт зи макъ къэIур?

(сабийхэм папщIэ)
    Жыгым дэжея жызумей щхьэкIэм щIэх-щIэхыурэ зыгуэр къыщоджэ. Джэш пичу абдежым щыс Ларисэ шынэри, къыщылъэтащ. Зэрысабийрэ блэм и джэ макъыр зыхигъэгъуащэ щыIэтэкъым абы.
 ПщIащэ пылъэлъыжыгъуэм зэрынэсу, я мыIэрысей хадэшхуэм хьэблэм дэс цIыкIухэр къыщызэхуэсырти, тхьэмпэ самэшхуэхэр джэгупIэ ящIырт. Блэр къаджэу щызэхахкIэ, я джэгунри зэпагъэурти, шынауэ псоми заудыгъурт, ауэ зэи ар къахуэлъагъуртэкъым. Гупым ящыщ Лацэ, «блэ» жаIэу яхуимыдэу щIидзащ.

ЩIымахуэм къыхэIукI усэхэр

Гугъуэт Заремэ

          * * *

Зэхелъхьэ уэсым щIымахуэ псысэ,

Укъыхишэжурэ си гупсысэм.

Укъыхашэжурэ си гупсысэм,

 ГукъэкIыж щимэхэм загъэгусэ.

 

Сынипшэжынущ аргуэру хадэм,

Жыг щIыIэрысхэм уэ сахэбгъадэу.

Жыг щIыIэрысхэм сыхэтми ядэу,

Гукъеуэ щIыIэхэр къысхуаIуатэу…

 

Уэс налъэр IэгукIэ къызоубыдыр,

Мы си гум уи цIэр изоубыдэ.

Мы си гум уи цIэр изоубыдэ,

ЩIымахуэ джанэ хадэкум щызду.

 

Игъэхуэбэнут жыгхэр уэс джанэм,

ГъащIэ гупсысэхэр

Къелъэлъэхыжу зиIэм къыпхуищIар, ущимыIэми, щIы фIыцIэм къыщIэпхыу хуэпщIэжын хуей мэхъу.
Имыкъалэн зыщIэм Аллыхьыр къеплъри, имыкъалэнхэри къалэн щищIащ. 
КъыпхуащIэм уи щхьэр егъэлъахъшэ, ар егъэлеямэ. Уэ яхуэпщIэныр куэдкIэ нэхъ гуапэщ къыпхуащIэным нэхърэ. 
Iэпкълъэпкъым гугъуехьыр хуэшэчынущ, укъызэмылыр псэ гугъуехьращ.
ДжэдыкIипщIым щыгуфIыкIыну цIыхум бдзэжьей хугу килограмм хуихьат жи зыгуэрым.
ЦIыхум хуэпщIар щепхъуэныжа дакъикъэм псори кIуэдыжащ. Аращи, абы и щIыхуэ птелъыжкъым. 

Псалъэ шэрыуэм и къарур

 Бахъсэн куейм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм къыщыбгъуэтыфынукъым зы цIыху балигъ Джэдгъэф Хъусен иримыгъэджамэ, нэгъуэщI мыхъуми фIыуэ зымыцIыхуа, гукъэкIыж хъыбар гуапэ гуэр къыпхуэзымыIуэтэжыфын тхакIуэу, усакIуэу, гъэсакIуэ, егъэджакIуэ цIыхугъэ ин зыхэлъу, адыгэлI нэсу дунейм тетам теухуауэ. Гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэт Хъусен и тхыгъэхэмрэ и лэжьыгъэмрэ нэхъыбэу зытеухуауэ щытар. Псэужам, Джэдгъэфыр илъэс 90 ирикъунут, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэрытхэмытыжрэ мазэ дызыхуэкIуэм илъэситху ирикъунущ. Сыхуейт абы ирихьэлIэу тхылъ дунейм къытригъэхьахэм щыщу «Псалъэ шэрыуэхэр»

Зи анэдэлъхубзэр гугъэзагъэу зыгъэшэрыуэ ТхакIуэ ХьэIупщы МуIэед къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу

ХьэIупщы МуIэед ТIалэ и къуэр Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм 1952 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м къыщалъхуащ. 1970 гъэм къуажэ школыр къиухри, илъэскIэ ухуакIуэ бригадэм щылэжьащ. I97I-I973 гъэхэм советыдзэм къулыкъу щищIащ.

Бжьыхьэ уэшх

ХЬЭIУПЩЫ МуIэед
Новеллэ
Клуб бжэIупэм и закъуэу зеиншафэу Iут кхъужьей жыгыжьым къыпынэжа пщIащэ закъуэтIакъуэр уэшх зыщIэт жьыбгъэм гущIэгъуншэу къызэрыпиудым нэщхъейуэ еплъу щыст Хьэлимэт. ПщIащэ гъуэжьхэр фIэгъэнапIэ гуэр къалъыхъуэу хьэуам тIэкIурэ щыджэрэзырти, щIы псыIэм хэхуэрт. Абыхэм зэ мыхъуми зыкъаIэтыжыну хущIэкъуу къеIэрт, ауэ, зыри яхузэфIэмыкIыу, къарууншэ дыдэу щэнауэрти, щIы щхьэфэ къэуцIынам кIэрыпщIэрт. 

Лъэпкъым и набдзэ

Музыкэ Къэрал театрым иджыблагъэ фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, иужьрей адыгэ джэгуакIуэ, лъэпкъ IуэрыIуатэр хъумэным, зэхуэхьэсыжыным теухуауэ куэд зэфIэзыгъэкIа, адыгэ литературэм и классик ХьэхъупащIэ Амырхъан къызэралъхурэ илъэси 140-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. Пшыхь гуапэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ. 2022 гъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсу зэрыщытым хыхьэу зэфIаха Iуэхухэм ящыщи мыр.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ