|
Литературэ
30 января, 2024 - 11:38
- КъэгъэувыIэ, сыкъэсащ! – бжэкъум Iэбэурэ, зегъэмакъ гъум КхъуэпIащэм.
29 января, 2024 - 12:29
Нартхэ я щакIуэжьыр махуэ къэсыхукIэ щакIуэ кIуэрт. Махуэ къэсыхукIи зыгуэр къихьырт. Е бжэн, е щыхь, е бланэ къимыукIауэ зэи къигъэзэжакъым. Апхуэдэу нартхэ я щакIуэжьыр щакIуэ кIуауэ, шыгъу шхыпIэ ищIам зы бжэн къыбгъэдыхьэри, шыгъур ишхыу щIидзащ. ЩакIуэжьыр еуэри, бжэныр къиукIащ. Бжэным бгъэдыхьэри и фэр трихащ, и жьэнфэныр къридзри, мафIэ ищIри игъэжьащ. Бжэным и фэр техауэ лъэныкъуэмкIэ щылъу, и лыр жыгым фIэдзауэ фIэлъу, и жьэнфэныр дзасэм къыфIихыжри, «сшхынщ» жиIэу и жьэм щыхуихьым, лы Iыхьэр IэщIэлъэтри, бжэныр зэрыщытауэ къеплъу къэувыжащ.
26 января, 2024 - 09:22
ЦIырэ-цIырэхэм шэдхэмрэ гуэлхэмрэ я Iэхэлъахэхэр хэщIапIэ ящIауэ щытащ иджыри илъэс мелуан 350-рэ япэкIэ. Гъудэ-бадзэр лIэужьыгъуэ минищу зэщхьэщокI, дунейм и сыт хуэдэ щIыпIи щопсэу.
ЦIырэ-цIырэхэм яхэтщ дамитI зытетхэри, дамиплI зиIэхэри. ДамитI зиIэхэм я дамэр ныбэгум иракъузылIэ, щымылъатэм деж. Мыдрей лIэужьыгъуэхэм я дамэхэр зэтралъхьэу аращ. ДамитI зиIэ цIырэ-цIырэхэм я нэхэр зэжьэхэуэу зэбгъурытщ, адрейхэм я нэхэр зэкIэщIэхащ. Ижь-ижьыжым цIырэ-цIырэхэр къатехъукIауэ хуагъэфащэ меганисоптерхэмрэ протодонатхэмрэ. Ахэр палеозой эрэм щыгъуэ щыIауэ жаIэ.
26 января, 2024 - 07:22
Апхуэдэу гъэ ехъугъуэри духри, бжьыхьи хъуауэ дыкъыщыкIуэжым, жэщ къыттехъуэри, зы къуажэ гуэрым и бгъум деж дыкъыщыувыIауэ, мэлыхъуэ щIалэхэр къуажэм дыхьати, хъыбар къахьри къэкIуэжащ: «Къуажэм гузэвэгъуэ дэлъщ, жылэр пщым и пщIантIэм щызэблокI.
24 января, 2024 - 11:53
гушыIэ
Япэ Iыхьэ
1
И набдзэ IувитIым хы сыджу зыкърасарэ и дзэ зэтекъузахэмкIэ и губжьыр къыжьэдикъуэу, Хьэрф лъэбакъуэхъуу школ кIэлындорым ирокIуэ.
- ПщэдджыжьыфI, ей! Нэху бгъэщтэкъэ? Дэнэ уздэпIащIэр? - завуч Дали къыкIэлъоджэ.
- НэхъыфIыжу! - ирит жэуапыр езым зэхихыж къудейщ. ЗримыгъэзэкIыу, Iэ ижьыр хуеIэт.
20 января, 2024 - 13:00
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Кавказ тхакIуэхэм я клуб» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта, балъкъэр тхакIуэ Гуртуев Сэлихь псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.
19 января, 2024 - 14:15
Зыгъэпсэхугъэ махуэт. Аслъэн цIыкIурэ сэрэ ди къалэ жыг хадэм къыщыткIухьырт. Уэлбанэ нэужьти, дыгъэм хуэзэша бзу цIыкIухэм макъамэ зэхуэмыдэхэр зэпеуэу кърашырт. Куэдым щIэупщIэу еса Аслъэни дэтхэнэ бзум и макъри зэригъэцIыхурт…
ДыздэкIуэм, гъуэгум ибгъумкIэ щыт псей лъагэм зы дэшхуэ къехуэхащ. Ар щIы гъурым техуэри тIууэ зэгуэудащ.
- Папэ, псейм дэ къыпыкIэрэт-тIэ? - къысхудэплъеящ Аслъэн. И упщIэр зэрыгъэщIэгъуэным иджыщ гу щылъыстар.
17 января, 2024 - 14:10
Гъатхэпэт. Пшапэ зэхэуэгъуэм ирихьэлIэу уэздыгъэ тхущIэзышэну лIыр къэкIуэнущ жаIати, абы псоми зыхуэдгъэхьэзырт. ЦIыхухъухэм пщIантIэм дэлъ пщыхьэщхьэ къалэнхэр нагъэсыжырт, ди анэр къипщэфIыкIт, сэри абы сыриIэпыдзлъэпыдзт. Ауэрэ кIыфI мэхъу.
17 января, 2024 - 12:30
УэрэджыIакIуэ, «Синдей» ансамблым и къызэгъэпэщакIуэ, тхакIуэ ПащIэ Ленэ куэд зэфIигъэкIащ Нартан къуажэм и курыт еджапIэм щIэсхэр ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ музейм къришэлIэным, и гъащIэмрэ тхыгъэмрэ щигъэгъуэзэным теухуауэ.
Ленэ цIыхубэм фIыуэ ялъагъуу, и макъри и уэрэдхэри я гум дыхьэу утыкум итащ. Ар щыIащ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэми, ди гъунэгъу республикэхэм я гугъу умыщIыххэ. Псом хуэмыдэу Адыгеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ.
Страницы
|