|
Литературэ
31 января, 2024 - 12:27
Жэмыр щыдэсхукIэ, кIэнауэ Iуфэм сызэрынэсу, зы къуаргъ хъущIэу къыспежьэрт пщэдджыжь къэс, сигъэбампIэу. Ар лъахъшэу къысщхьэщыхьэрти, къызэдзэкъэным хуэдэу, лъэмыжым нэс сигъэкIуатэрт, къигъэзэжырти, джабэ нэкIум кIэрытIысхьэжырт. КъысхуэщIэртэкъым къыщIыскIэрыхъыжьэри зыхуейри. Иужьым гу лъыстащ ар зэрыхъумакIуэм: псы Iуфэм Iут гъущI пкъо иным, вольт лъагэ зыхэт кIапсэр зышэм, и щхьэ дыдэм абгъуэ иIэт, гъущI кIапсэ зэрыхъахэм къыхэщIыкIауэ. Абы ист нэгъуэщI зы къуаргъ – анэрагъэнт, мыдрейр – адэр – хъумакIуэу къыщIэкIынт.
31 января, 2024 - 12:27
ГУЭНГЪЭПЩ Хьэсэнбий
Iуэтэж
Гъэмахуэ мазэти, июль дыгъэр жьэражьэу уафэгум итт. Дунейр апхуэдизкIэ зэщIэплъати, къэлыдыным хуэдэт. ЗуплъыхьакIи, зы тхьэмпэ закъуи хъейуэ бгъуэтынутэкъым.
ПщIантIэкум илъ хьэжьым и щхьэр къиIэтри, занщIэу иридзыхыжащ. ИужькIэ зэуэ къыщылъэтри, ину пщIэууэ, унэшхуэм и хъуреягъыр къижыхьу щIидзащ. Унэм и бжи, и щхьэгъубжи гъэбыдат, цIыху щIэсу умыщIэну. Хьэжьым сыт хуэдизрэ къимыжыхьами, и пэр щIиIуну зы жьауапIи къыхуэгъуэтакъым.
30 января, 2024 - 11:38
- КъэгъэувыIэ, сыкъэсащ! – бжэкъум Iэбэурэ, зегъэмакъ гъум КхъуэпIащэм.
29 января, 2024 - 12:29
Нартхэ я щакIуэжьыр махуэ къэсыхукIэ щакIуэ кIуэрт. Махуэ къэсыхукIи зыгуэр къихьырт. Е бжэн, е щыхь, е бланэ къимыукIауэ зэи къигъэзэжакъым. Апхуэдэу нартхэ я щакIуэжьыр щакIуэ кIуауэ, шыгъу шхыпIэ ищIам зы бжэн къыбгъэдыхьэри, шыгъур ишхыу щIидзащ. ЩакIуэжьыр еуэри, бжэныр къиукIащ. Бжэным бгъэдыхьэри и фэр трихащ, и жьэнфэныр къридзри, мафIэ ищIри игъэжьащ. Бжэным и фэр техауэ лъэныкъуэмкIэ щылъу, и лыр жыгым фIэдзауэ фIэлъу, и жьэнфэныр дзасэм къыфIихыжри, «сшхынщ» жиIэу и жьэм щыхуихьым, лы Iыхьэр IэщIэлъэтри, бжэныр зэрыщытауэ къеплъу къэувыжащ.
26 января, 2024 - 09:22
ЦIырэ-цIырэхэм шэдхэмрэ гуэлхэмрэ я Iэхэлъахэхэр хэщIапIэ ящIауэ щытащ иджыри илъэс мелуан 350-рэ япэкIэ. Гъудэ-бадзэр лIэужьыгъуэ минищу зэщхьэщокI, дунейм и сыт хуэдэ щIыпIи щопсэу.
ЦIырэ-цIырэхэм яхэтщ дамитI зытетхэри, дамиплI зиIэхэри. ДамитI зиIэхэм я дамэр ныбэгум иракъузылIэ, щымылъатэм деж. Мыдрей лIэужьыгъуэхэм я дамэхэр зэтралъхьэу аращ. ДамитI зиIэ цIырэ-цIырэхэм я нэхэр зэжьэхэуэу зэбгъурытщ, адрейхэм я нэхэр зэкIэщIэхащ. Ижь-ижьыжым цIырэ-цIырэхэр къатехъукIауэ хуагъэфащэ меганисоптерхэмрэ протодонатхэмрэ. Ахэр палеозой эрэм щыгъуэ щыIауэ жаIэ.
26 января, 2024 - 07:22
Апхуэдэу гъэ ехъугъуэри духри, бжьыхьи хъуауэ дыкъыщыкIуэжым, жэщ къыттехъуэри, зы къуажэ гуэрым и бгъум деж дыкъыщыувыIауэ, мэлыхъуэ щIалэхэр къуажэм дыхьати, хъыбар къахьри къэкIуэжащ: «Къуажэм гузэвэгъуэ дэлъщ, жылэр пщым и пщIантIэм щызэблокI.
24 января, 2024 - 11:53
гушыIэ
Япэ Iыхьэ
1
И набдзэ IувитIым хы сыджу зыкърасарэ и дзэ зэтекъузахэмкIэ и губжьыр къыжьэдикъуэу, Хьэрф лъэбакъуэхъуу школ кIэлындорым ирокIуэ.
- ПщэдджыжьыфI, ей! Нэху бгъэщтэкъэ? Дэнэ уздэпIащIэр? - завуч Дали къыкIэлъоджэ.
- НэхъыфIыжу! - ирит жэуапыр езым зэхихыж къудейщ. ЗримыгъэзэкIыу, Iэ ижьыр хуеIэт.
20 января, 2024 - 13:00
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Кавказ тхакIуэхэм я клуб» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта, балъкъэр тхакIуэ Гуртуев Сэлихь псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.
19 января, 2024 - 14:15
Зыгъэпсэхугъэ махуэт. Аслъэн цIыкIурэ сэрэ ди къалэ жыг хадэм къыщыткIухьырт. Уэлбанэ нэужьти, дыгъэм хуэзэша бзу цIыкIухэм макъамэ зэхуэмыдэхэр зэпеуэу кърашырт. Куэдым щIэупщIэу еса Аслъэни дэтхэнэ бзум и макъри зэригъэцIыхурт…
ДыздэкIуэм, гъуэгум ибгъумкIэ щыт псей лъагэм зы дэшхуэ къехуэхащ. Ар щIы гъурым техуэри тIууэ зэгуэудащ.
- Папэ, псейм дэ къыпыкIэрэт-тIэ? - къысхудэплъеящ Аслъэн. И упщIэр зэрыгъэщIэгъуэным иджыщ гу щылъыстар.
Страницы
|