Литературэ

И напэ емыплъыжу лъэбакъуэ зымыча IутIыж Борис

Зи гуащIэм утепсэлъыхькIэ пхуэмыухщ, пщIэуэ хуэпщIымрэ зэрыбгъэлъапIэмрэ къилэжьым ефэгъуэкI зэпытщ тхакIуэ, усакIуэ, драматург телъыджэ, сурэтыщI IутIыж Борис.
ФIыуэ тцIыхуа, лэжьапIэми зэIущIэ зэхуэмыдэхэми куэдрэ дызыщрихьэлIэу щыта нэхъыжьыфIым и тхыгъэхэр зэрыгъуэзэджэми, и адыгэбзэр зэрышэрыуэми, унэтIыныгъэ IэджэкIэ и зэфIэкIыр зэрыинми куэдым и гугъу ящIащ, и цIыху щIыкIэми тепсэлъыхьащ. ЗэкIэ и тхыгъэхэм хуэфащэ гулъытэ ягъуэтауэ, зэпкърахауэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэр траухуауэ пхужыIэнукъым, атIэми ахэр псалъэ лей хуэмыныкъуэщ.

Зи усэбзэр къабзэ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм щыщ усакIуэ, журналист, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Уэрэзей Афлик Пщымахуэ и къуэр псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирикъуат. Ар «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым, «Нур» сабий журналым я редакцэхэм зэдзэкIакIуэу, корреспонденту, къудамэм и унафэщIу, газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щылэжьащ.
 

Моттаевэ Светланэ

ИмыщIар хэт гуауэм чэф?
Чэф гуфIэгъуэм имыщIар хэт?
ГъащIэ гуэр къэзыгъэщIауэ
ЩыIэ зи нэр мыхъуа псыф?

Хэхэс адыгэхэм я IуэрыIуатэ

Ахъшэм нэсатэмэ

 Зы абэзэхэ хьэщIапIэ ежьащ. Гъуэгу здытетым, хъунщIакIуэхэм ярихьэлIащ, Узун-Яйла нэблэгъауэ.  Абыхэм къаувыхьри:
- Епсыхи, уи шыр къыдэт! - жаIащ.
Епсыхри, шыр яритащ.
- Уи щIакIуэри къыдэт!

Мокаев Магомет

Къосыр уэс, уэсыр къос хужьрэ хужьу.
Си хьэ цIыкIу, гъэбэяут бэнэныр.
УпIейтейщи, щIэбдзауэ нэхущым,
узыхуейр сщIэркъым сэ сыбгъэщIэну,

Бабаев Ибрэхьим

Сэ си гуапэ мэхъур дыгъэм
щытрихукIэ пшэхэр уафэм.
Хэти хуэдэу, хуабэр сфIэфIщи -
зыри пэсщIкъым махуэ уэфIым.

Зы щIыгум и бынхэр

Усыгъэхэр

2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым, КъШР-м и илъэсыр ди республикэм щагъэлъэпIэну иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ щIыналъэ Iэтащхьэхэм. А Iуэхугъуэм дыпежьэу дыхуейт ди къуэш балъкъэр лъэпкъым щыщ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI курыххэм ящыщу адыгэбзэм кърагъэзэгъахэм нэIуасэ фахуэтщIыну.

Хэхэс адыгэхэм я IуэрыIуатэр

Сигу ебгъэнукъым
 Нысэр игъэпсэлъэн папщIэ, тхьэмадэм жэм ирит хабзэт, нэгъуэщI гуэркIи хуэупсэрт.
Зы тхьэмадэ нысэ къыхуашати, жэм зэщIэс иритащ. Нысэр гуфIэри, жьэрэIурэ хъуащ. Ар игу ирихьакъым тхьэмадэм.
 - Зэ къэдгъэпсэлъащи, ирикъунщ. АфIэкIа къэмыпсалъэкIэ, сигу ебгъэнукъым, - жиIащ тхьэмадэм.

ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ

«Жэмыхъуэ СулътIан и гушыIэхэр» тхылъым къитха хъыбар кIэщIхэм ящыщ зыбжанэ ди гуапэу тыдодзэ ди газе-тым и япэ электрон къыдэкIыгъуэм. Ахэр зытхыжар АбытIэ Хьэжмуратщ.

Дамэдазэу къагъэнащ

Жэмыхъуэ СулътIан щылажьэм тыкуэнышхуэ и гъунэ­гъут. И махуэ къалэнхэр иухауэ, пщыхьэщхьэм лэжьапIэм къыщикIыжым, и цIыхугъэ цIыхубз гуэр абы къеупщIащ:
- СулътIан, тыкуэныбжэр хуащIыжауэ пIэрэ?
- ХуащIыжащ.
- Ан-на, пэж дыдэу хуащIыжауэ пIэрэ? - фызым гузавэу тригъэчыныхьащ.
- Хьэуэ… Бжэр дамэдазэу къагъэнащ, - жиIащ СулътIан.
 
КъуэшхуэкIэ ерыщхэр

* * *

Гур уIэгъэм - мэуз, мафIэм ису.
Лей зытехьэм - ещIэ лейр зищIысыр.

Лъыр йожэх, чы уапIэщи, ди щIыфэм.
Азалыхь, уолъагъур уэ дэ дгъэвыр.

Азалыхь, дэ дгъэвыр уэ уолъагъур.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ