Щэнхабзэ

Кхъухь гъэщIэгъуэн

Дунейпсо цIыхубэм илъэсыщIэр зымыгъэмахуэшхуэ лъэпкъи абы гулъытэ егъэлея хуэзыщIи яхэтщ. Сыт хуэдэ зэмани гъэщIэгъуэнщ гъэм и къэщIэрэщIэжыгъуэм гугъэщIэхэр езыпх цIыхухэм я лъэпкъ хьэлхэм укIэлъыплъыну. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ илъэсыщIэм деж Японием къесылIэ «Насыпырыхь кхъухьым» и Iуэху зыIутыр зыгурыдгъэIуэну иужь дихьащ нобэ.

Дыщэ фэеплъ зыхуэфащэ Дашу Хьэшыр

Урысей Федерацэмрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артист Дашу Хьэшыр къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирикъуащ щIышылэм и 11-м.  Ди республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми къыщацIыхуу щытащ ар. Балетмейстер Iэзэм, къэфакIуэ гъуэзэджэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди адыгэ гъуазджэм икIи Алыхьым къыхуиутIыпща гъащIэ мащIэм къриубыдэу хузэфIэкIащ лъэужьыфI абы къыхинэн.

Лъэужь дахэ къэзыгъэна

РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ, пшынауэ Iэзэ, макъамэтх, къэфакIуэ, адыгэ лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, лъэужь дахэ къэзыгъэна Къашыргъэ КIурацэ къызэралъхурэ щIышылэм и 11-м илъэси 125-рэ ирокъу.

Адыгэ журналистикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа

ТхакIуэ икIи зэдзэкIакIуэ Дым Iэдэм адыгэ журналистикэми и гуащIэ хилъхьащ. Абы тхэным зэрызыпищIар цIыхухэр зыпэмыплъат, ауэ езыр куэдрэ зэгупсыса, зыхущIэкъуа Iуэхут. Ари и щыхьэтщ Дымыр лъэпкъым и гъащIэм епхауэ, зэманым декIуу зэрыпсэуам. 
1917 гъэм Урысейм щекIуэкI революцэ зэщIэхъееныгъэр адыгэ лъэпкъми, Кавказым щыпсэу адрей бгырысхэми зэхуэдэу къажьэхэуат. А зэманырщ газет къыдигъэкIыну Дымым мурад щищIар. АбыкIэ ар адыгэхэм ядэIэпыкъуфынут дунейм щекIуэкIхэм щыгъуазэ защIынымкIэ, Iуэхур зыIутыр къагурыIуэнымкIэ.

ЩIэрыщIэу къызэIуахыж

Тхылъыр зи Iэпэгъухэм ящIэ тхылъым уасэ зэримыIэр, ар фIыуэ зылъагъухэм уащыгугъ зэрыхъунур – апхуэдэхэр, зэрыхабзэщи, гупсысэхъуажэщ, зэхуэсыпIэ къалъыхъуэ.

Самарэ и уэрам театрыр ди хьэщIэщ

Налшык къалэм Абхъазым и утым мы махуэхэм Самарэ къикIа «Пластилиновый дождь» уэрам театрым щигъэлъэгъуащ «Белые сны», «Хранитель времени» перфомансхэр.

ЩIымахуэ сурэтхэр

Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ "Платформа" институтым къыхилъхьащ Къэбэрдей-Балкъэрым щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ Налшык къалэм щIымахуэм щызытрагъэха сурэтхэр Къэбэрдей уэрамым и лъэс зекIуапIэм щыгъэлъэгъуэным теухуа Iуэхур.

Балигъхэри сабийхэри фрагъэблагъэ

«Парк столетия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем IэпщIэлъапщIэхэм ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм балигъхэмрэ сабийхэмрэ папщIэ мастер-классхэр щат. 

ИлъэсыщIэ кинохэр ягъэлъагъуэ

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм пщыхьэщхьэм сыхьэт I9-м щIидзэу Къуэныкъуей уэрамым щаухуа «Курортнэ» зыгъэпсэхупIэм и киногъэлъэгъуапIэм ИлъэсыщIэ кинохэр щагъэлъагъуэ. Iуэхур къызэригъэпэщащ Налшык къалэ администрацэм, къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтыр и дэIэпыкъуэгъуу.

Тхылъ емыджэр щоуэ

ЗэрыбкIэ къэщыпа хьэрфым пщIэ хуэзыщI дэтхэнэ цIыхуми шэч къытрихьэн хуейкъым тхылъым и мыхьэнэр зэрыабрагъуэм. Дигу ирихьу е иримыхьу ди хъуреягъым щытлъагъу псори зэгуэр тхылъымпIэ напэм ихуащ, абы зыгуэр къеджащ, ар адрейм жриIэжащ. Тхылъым и закъуэкъым зыужьыныгъэм лъабжьэ хуэхъур, ауэ тхылъыншэу гъуэгу пэж къыхэзыха куэд щыIагъэнкъым.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ