|
Тхыдэ
19 августа, 2022 - 10:41
Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъэгыкI бгыхэм я нэхъ уардэщ Фыщт Iуащхьэжьу метр 2888-рэ зи лъагагъыр.
19 августа, 2022 - 09:45
ТекIуэныгъэм и орденыр I943 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м, езы текIуэныгъэр къэсыным зэманышхуэ иIэжу ягъэуващ
Ар платинэм, дыщэм, дыжьыным къыхащIыкIырт, рубинхэмрэ псори зэхэту карати I48-рэ налкъутхэмкIэ ягъэщIэращIэрт. Мы зэманым доллар мелуан зытхух нэхърэ мынэхъ мащIэ и уасэнут.
ТекIуэныгъэм и орденыр I944 гъэм фокIадэм и I0-м япэу иратащ Совет Союзым и Маршал Жуков Георгий, етIуанэу апхуэдэпщIэ лъысащ Васильевский Александр. I944- I949 гъэхэм а дамыгъэр хуагъэфэщащ Сталин Иосиф, Маршалхэу 7-м, Дзэ Плъыжьым и Штаб нэхъыщхьэм и унафэщI, армэм и генерал Антонов Алексей.
16 августа, 2022 - 10:05
Исмел Псыгъуэ
I763 гъэм урыс дзэпщхэм Къэбэрдейр мафIэлыгъейм хадзащ. Дзэпщ къанлыхэм къагурыIуэрт: Къэбэрдейр Iэрыубыд умыщIмэ, Кавказыр уи лъэгу щIэбгъэувэфынукъым. Зыми и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэтэкъым къэбэрдейхэм: игъащIэ лъандэрэ щхьэхуитт, я хуитыныгъэм папщIэ я псэ еблэжынукъым – ар я тхьэлъанэт ди лъэпкъым и нэхъыбапIэм. Черкасскэ унэцIэр къыфIащауэ урыс къалащхьэм дэс епцIыжакIуэхэр зэщэр нэгъуэщIт: урысыдзэр къагъэсэбэпурэ, Къэбэрдейр я IэмыщIэ зэрыраубыдэжынырт.
12 августа, 2022 - 14:15
Совет цIыху мелуанхэр етIощIанэ лIэщIыгъуэм зыIэпишэу еплъащ «Пираты ХХ века» кинофильм телъыджэм. Ауэ куэдыр щыгъуазэу къыщIэкIынкъым абы къыщыгъэлъэгъуа псори гъащIэм къызэрыщыхъуам- ахэр я нэгу щIэкIащ ди морякхэм.
Сомалим и тенджыз хъунщIакIуэхэр хамэ къэрал кхъухьхэм теуэн щIадзэным илъэс зыкъом ипэкIэ, а «IэщIагъэм» дихьэхауэ щытащ дунейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэм щыщхэр.
11 августа, 2022 - 15:44
Урысей дэфтэрхэр и лъабжьэу едгъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм наIуэ къызэращIащи, япэу Анзорхэ ятеухуа тхыгъэхэм ущрихьэлIэр I563 гъэрщ, пщы Идар Темрыкъуэ уэлий хъуну мурад ищIауэ, и малъхъэ пащтыхь Иван Грознэм къыхуигъэкIуа дзэр и дэIэпыкъуэгъуу, къэбэрдейхэр псори и Iумэтым иригъэхьэну зауэшхуэ щригъэкIуэкIа зэманырщ. Абы и унафэм щIигъэува унагъуэцIэхэм яхэтщ Анзорхи.
11 августа, 2022 - 11:32
X-нэ лIэщIыгъуэм хьэрып щIэныгъэлI Ибн аль – Хайсам (Альгазен) гу лъитащ хьэрфхэр абджыпс пIащIэм нэхъ ину зэрыуигъэлъагъум.
9 августа, 2022 - 12:06
И гъащIэр мащIэми, щIыхь зыпылъ гуащIэ къызыщIэна цIыхухэм яхэбжапхъэщ грузин цIыхубз Кетованэ Иремадзе. И ныбжьыр илъэс тIощIрэ пщыкIущым иту ар 1945 гъэм дунейм ехыжащ. Иремадзе и художественнэ произведенэхэмрэ критикэмкIэ иIа тхыгъэхэмрэ грузин литературэм нэрылъагъу лэжьыгъэфIу хыхьащ. Абы къадэкIуэу, французыбзэр Iэзэу зыщIэ тхакIуэм француз классикхэм я тхылъ зыбжани зэридзэкIащ, француз культурэр нэгъэсауэ иджащ.
9 августа, 2022 - 11:41
Абыхэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Исмел-псыгъуэ, урысыдзэм полковникыу хэтар, Измаил быдапIэр къыщащтэм Очаков и лIыхъужь хъуар, Суворовым и гъусар, Георгий жорым и IV нагъыщэр зезыхьар. 1787 – 1791 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэм абы лIыгъэ щызэрихьащ, Днестр дэкIуэу Тыркумрэ Урысеймрэ я гъунапкъэхэр убзыхуным теухуа зэгурыIуэныгъэм хэтащ.
8 августа, 2022 - 13:25
КъызыфIамыгъэIуэхуу икIи емылIэлIащэу щIыпIэцIэхэр щызэрахъуэкI куэдрэ къэхъуми, апхуэдэ Iуэху къыщекIуэкI щIыналъэм ижькIэрэ иса лъэпкъхэм япэм къагъэсэбэпу щыта фIэщыгъэхэм псэщIэ къащыхыхьэжи щыIэщ.
8 августа, 2022 - 13:10
XVIII лIэщIыгъуэм псэуа нэмыцэ тхакIуэ фон Варкербарт адыгэхэм я псэукIэр, дуней тетыкIэр, лIыгъэр фIэгъэщIэгъуэну, дихьэхауэ иджу щытащ.
Страницы
|