Тхыдэ

И анэми щысхьатэкъым…

Тхыдэм зыгуэркIэ щыгъуазэ дэтхэнэми къыхуэхьынущ нэхъапэм цIыху Iейуэ щымытам и щхьэр властым зэригъэуназэм и щапхъэ. Ахэр гъунэжщ икIи, зэрыжаIэщи, кIэи пэи иIэкъым. Дахэу кърагъажьэри, я лъэр быдэ зэрыхъуу зокIуэкI. ДеплъэкIыжынти, блэкIамкIэ.

Кушыкурэ Мэтрэ я жэуап

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алий адыгэм и щэнхабзэр, и тхыдэр хъумэным ехьэлIауэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» жыхуиIэу 2014 гъэм дунейм къытригъэхьари. 
Нэхъыжьхэм къаIуэтэжахэм къахихыу, а тхылъым щызэщIигъэуIуахэм яхэтщ «Кушыкурэ Мэтрэ» зыфIища Iуэтэжри.   

«Молотовым и коктейль». Сыт ар зищIысыр?

     Иджырей Урысейм щыпсэухэм, дауи, ящIэркъым Молотов Вячеслав хэтми, ауэ «Молотовым и коктейль» псалъэхэр, шэч хэмылъу, зэхахащ Хэку зауэшхуэм теухуауэ зыгуэр нэхъ мыхъуми еджахэм. 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м фашист Германиер ди къэралым къыщытеуам ар къебгъэрыкIуэ танкхэр зэракъутэ Iэщэу къагъэсэбэпащ къикIуэт ди зауэлIхэм. Ауэ тхъуэбзащхъуэ гуащIэ зыхэт а ткIуаткIуэр зэрыт птулъкIэр сыткIэ пыщIа 1939 гъэм къыщыщIэдзауэ 1956 гъэр къэсыху СССР-м и дипломат нэхъыщхьэу, щхьэтечу жыпIэмэ, Совет Союзым и унафэщIхэм ящыщу щытам?

ШуджэгукIэ зэджэр сыт?!

ЩIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу зи Iэдакъэ къыщIэкIа, этнолог, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Абхъазым «ПщIэрэ щIыхьрэ» и къэрал дамыгъэм и етIуанэ нагъыщэр зыхуагъэфэща Бгъэжьнокъуэ Барэсбий адыгэ лъэпкъым и хабзэрэ щэнхабзэрэ джыным къару мымащIэ ирихьэлIащ. Адыгэхэм я зэхущытыкIэхэр, къэнжал зауэр, шэрджэс джэгукIэхэр, хъуэхъухэр - куэд мэхъу ар фIэгъэщIэгъуэну зэлэжьахэр. Апхуэдэу хьэлэмэту ар зытетхыхьа адыгэ шуджэгу лIэужьыгъуэхэм епха тхыгъэ кIэщIщ адэкIэ фызыщыдгъэгъуэзэнур:

Адыгэ IуэрыIуатэм и лъэужь

IуэрыIуатэм къихьэсарэ ди бзэм лъэ быдэкIэ къыхэнауэ къыдогъэсэбэп псалъэ куэд. Абыхэм къарыкI дыдэр нэсу къыдгурымыIуэжми, лъым хэту къыддогъуэгурыкIуэ. ЩIэныгъэлIхэм зэпкъраха псалъэ зыбжанэм дрикIуэнщи, зыщыдгъэгъуэзэнщ абыхэм я мыхьэнэ дыдэм.

ИрипIейтейм и Iуэху еплъыкIэ

Адыгэхэм «испы унэ» зыфIаща мывэ джей пIащIэхэу КъухьэпIэ Кавказымрэ Абхъазымрэ я бгылъэ щIыпIэхэм куэду узыщрихьэлIэхэр зы щIыкIэм тету щIащIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. 
Абыхэм ящыщ зыр щызэпкърыха хъуауэ къыдолъытэ адыгэ гъащIэмрэ щэнхабзэмрэ хуэгъэпса «Псынэ» журналым 2009 гъэм дунейм къытригъэхьа и 8-нэ къыдэкIыгъуэм Шыкъ Феррухь «Испы унэ» зыфIища и тхыгъэу къытехуам. 
А къэхутакIуэм къызэрилъытэмкIэ, испы унэхэр хы ФIыцIэм къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и Iуфэхэм илъэс мини 5 ипэкIэ щыпсэугъа пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм я щIэинщ. 

Лъэпкъым и шыфэлIыфэр къэзыхутэ щIэныгъэлI

 Адыгэхэм ди тхыдэм теухуауэ къыдэкI дэтхэнэ къэхутэныгъэри, тхыгъэри, тхылъри лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, ди тхыдэр фIыуэ зэрыдмыщIэр къэплъытэмэ. Дызэрыщыгъуазэщи, апхуэдэ тхылъхэр нэхъыбэу къыдэкI щыхъуар 90 гъэхэм щыщIэдзауэщ. 
Псалъэм папщIэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэу Сокъур Валерэ, Къэжэр Валерэ, Мэрзей Аслъэнбэч, Къармэ Руслан, нэгъуэщIхэми я къалэмыпэ къыщIэкIахэр уасэншэщ. Адыгэ лъэпкъ тхыдэм куууэ хэIэбэфауэ къысщохъу зи цIэ къисIуа щIалэхэр.  

Ди сабиигъуэм щыщ джэгукIэхэр

Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэу яIэщ щIэблэм зэрызрагъэужьу, зэрагъасэу щыта Iэмалхэр. Абыхэм ящыщт сабий джэгукIэхэр. 

Инджылызырщ къыщежьар

         Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхар зыхуэгъэза мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ а къэралым нацизмэм и бжьыр щхьэщыхыныр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и  Iэужьхэр къощIэрэщIэж, СССР-р я пашэу ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щызэхапIытIа пэтми. Зэрытлъагъущи, къуэпсхэр къэнащ. Мыр удз бзаджэм ещхьщ: сыт хуэдизри ираупщIыкIми, щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщызэфIоувэж хьэфIанэр зэрагъэтIылъу.

И цIэр тхыдэм къыхэнащ, адыгэлI нэсым и щапхъэу

Хэкум и щхьэхуитыныгъэр, абы и щIыхьыр къэмылэнджэжу зыхъумахэм жыджэру яхэтащ ди щIыналъэм щыщ щIалэ куэд. Псэемыблэжу, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу япэщIэтащ ахэр бий зэрыпхъуакIуэхэм. 

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ