Тхыдэ

Лъэужь телъыджэ зиIэ цIыху

Къаффэм, Сан-Джорджио и ахъшэ хъумапIэм я унафэщIхэм зэрызахуигъэза тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Захарие абы унафэ хэлъу яжриIэрт Матрегэ къашэ, ираш хьэпшыпхэм, ерыскъыхэм папщIэ Iах ахъшэр нэхъ мащIэ ящIыну. Абы и «лъэIум» Iэ къытрадзащ 1472 гъэм. Зыхуейр къыIэрыхьами, Захарие ахъшэ хуэныкъуэт, хурикъуртэкъым, зытригъэкIуадэри къахуэщIэртэкъым.

Джэдур лым лъэмыIэсмэ…

Адыгэхэм диIэщ хъыбар зиIэ псалъафэ гъэщIэгъуэнхэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фигу къыдогъэкIыж.
«Ер вы бжьакъуэм къокI» 
Псалъэжьыр къызытекIар мы хъыбарырщ: Анзорхэрэ Къуэгъулъкъухэрэ я Iэхъушэхэр псыефапIэм щызэхуэзащ. Къуэгъулъкъуэхэ я гуур Анзорхэ я вым епыджри иукIащ. Абы къыхэкIыу лъэпкъитIыр бий зэхуэхъури зэзэуащ. Псалъафэр абы къытекIащ.
 «Ахъмэт и фо изщ»

Адыгэхэр я щапхъэт

Адыгэхэм я дуней тетыкIэм, зыхуэпэкIэм, Iуэху зехьэкIэмрэ я хабзэхэмрэ теухуауэ зыплъыхьакIуэхэм къыдалъэгъуа куэд ятхыжащ. Мы тхыгъэ кIэщIым къыщытхьащ шэрджэсхэм я фащэр къазэрыщыхъуу щытар.
 
Анисимов Сергей (совет философ): «Адыгэ щауэр и фэилъхьэгъуэмкIэ Кавказым ис адрей лъэпкъ псоми къахэщырт. Шэрджэсхэм я зыхуэпэкIэ дахэм пасэ зэманми щапхъэ трахыу щытащ. Адыгэ цейр дахэ къудейуэ къанэркъым, ар къагупсысащ зекIуэхэм дежи фэилъхьэгъуэ тыншу. Кавказым ис лъэпкъхэм ар къащтащ я щыгъыныгъуэу».

ПшэрыхькIэ еджэрт щакIуэ Iэзэми, а щакIуэм къищэкIуами

Адыгэбзэм жьы хъуа псалъэхэр гупищу щыгуэшащ: историзмхэр, архаизмхэр, анахронизмхэр.
Япэр - жьы хъуа псалъэхэщ, абыхэм къагъэлъагъуэу щыта хьэпшыпыр къызэрыдмыгъэсэбэпыжым къыхэкIкIэ псалъэри лъэныкъуэ едгъэзауэ.
Псалъэм папщIэ: лъыщIэж//лъыщIажь - кровная месть; афэ//ашъо – кольчуга; къулъкъэшхъэн - беглый крепостной; азэт – вольноотпущенник; лэгъунэпыт – сословие несвободных крестьян; мэIу - щит.
Архаизмхэр - жьы хъуа псалъэхэщ, абыхэм къагъэлъагъуэу щыта хьэпшыпым нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ зэригъуэтам къыхэкIкIэ къэдмыгъэсэбэпыжу.

Шорэ и къуэхэм я къекIуэкIыкIар

Иджы нэхъ зэпкърыхауэ дытепсэлъыхьынщ Шорэ и къуэ нэхъыщIэхэм я къекIуэкIыкIам. Тэрч областым щIы IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм и тэрмэш Нэгумэм 1868 гъэм шыщхьэуIум и 24-м мыпхуэдэ IуэхухэмкIэ зыхуигъэзауэ щытащ Къэбэрдей округым и тет полковник Нурид: «Мы дызэрыт илъэсым и мазаем округым къыщрахьэжьа зэщIэхъееныгъэхэм, цIыху щхьэкуцIыншэхэм зэхаублахэм, си анэ къилъхуа си къуэш Хьэжы гъэпцIагъэ-делагъэкIэ хыхьа хъуауэ щытащ. Иджы ар абы епшыныж – Гумкъалэ лъэхъуэщым исщ. Хуэфащэщ. Сэ жыжьэу яужь ситкъым абы къыIэщIэщIар мыхъумыщIагъэу щымыту жысIэну.

Ахульго къуршым и хъыбар

Кавказ зауэм и гуащIапIэхэм хабжэ Ахульго бгым и цIэр фэеплъу къызыхуэна зауэзэрылIыр. Псэууэ цIыху куэд къехакъым а дагъыстэн Iуащхьэм 1839 гъэм. Иджы илъэс къэс шыщхьэуIум и 22-м машинэхэм, зыр адрейм и ужьым иту, Ахульго кIуэ гъуэгур яуфэбгъури, лъыкIэ ятхьэщIа сэнтхым цIыкIури инри докIуей. Зэчырхэр жаIэу, лIахэм яхуэлъаIуэу, тхыдэр ягу къагъэкIыжу, дагъыстэнхэр абдежым махуэ псом щощыгъуэ. Дэри а гуауэр ди гъунэгъухэм ядыдогуэш.  

Шорэ и унагъуэр

 «Штабс-капитан Нэгумэ Шорэ Бэчмырзэ и къуэм и унагъуэм исхэр» дэфтэр гъэщIэгъуэн хэлъщ архивым. Ар щатхар 1862 гъэрщ. 

Гуауэр зэманым пщхьэщихкъым

Осетие Ищхъэрэ - Аланием хыхьэ Беслъэн къалэм дэт школ №1-м щIэпхъаджащIэхэр зэрытеуэрэ мы гъэм илъэс 19 мэхъу. Ар пIалъэ ину къызыщыхъуни щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ гуауэр Iэ щIыIэкIэ зыхэIэба унагъуэхэм я уIэгъэр ноби кIыжакъым, зэгуэр кIыжынуи фIэщ щIыгъуейщ.

Егъэджэныгъэм и япэ лъэбакъуэхэр

Налшык къалэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэм къызэраIуэтэжымкIэ, 1859 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ япэ школхэр. Абы лъабжьэ хуэхъуат «Бгырыс еджапIэхэм я устав» дэфтэрыр. Апхуэдэ гулъытэ щIэныгъэм ирата нэужь, еджэным гу хуэзыщIа щIалэгъуалэм и бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ. 

Хэт Анапэ щыпсэуар?

Ди эрэм и I, II лIэщIыгъуэхэм Боспор пащтыхьыгъуэм хиубыдэ Горгипие къалэм Алыджым сату дищIу щытащ фэмкIэ, фомкIэ, гуэдзымкIэ, мэ дахэ зыщыу дыхухэмкIэ, шагъырымкIэ.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Анапэ къыщыунэхуащ езыхэм я жызумей хадэхэмрэ абы елэжь IуэхущIапIэ цIыкIухэмрэ. Зэманыр нобэ здынэсам, дунеяплъэ къэзыкIухьхэр щIоупщIэ античнэ лъэхъэнэм а щIыпIэр зи псэупIэу щыта лъэпкъымрэ абы и псэукIамрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ