Тхыдэ

Хэт Анапэ щыпсэуар?

Ди эрэм и I, II лIэщIыгъуэхэм Боспор пащтыхьыгъуэм хиубыдэ Горгипие къалэм Алыджым сату дищIу щытащ фэмкIэ, фомкIэ, гуэдзымкIэ, мэ дахэ зыщыу дыхухэмкIэ, шагъырымкIэ.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Анапэ къыщыунэхуащ езыхэм я жызумей хадэхэмрэ абы елэжь IуэхущIапIэ цIыкIухэмрэ. Зэманыр нобэ здынэсам, дунеяплъэ къэзыкIухьхэр щIоупщIэ античнэ лъэхъэнэм а щIыпIэр зи псэупIэу щыта лъэпкъымрэ абы и псэукIамрэ.

Боннели и жэуапыр

Зэман-зэманкIэрэ тхыдэм дроплъэж. Ди лъэпкъ щэнхабзэр яIэту дуней псом къыщызыкIухьа «Кабардинка» къэфакIуэ гупым и гъуэгуанэм пычыгъуэ-пычыгъуэурэ фыщыдогъэгъуазэ. Ар зи фIыгъэр артистхэр утыку зэрита щIыкIэм къищынэмыщIа, хамэ къэрал зэхуэмыдэхэм абыхэм гъэщIэгъуэну щалъэгъуамрэ гугъуехьу щашэчамрэ ди нэгум щIэкIым хуэдэу зытхыжа Ефэнды Джылахъстэнщ (а зэманым республикэм щэнхабзэмкIэ и министрт) мы тхыгъэ зэддзэкIар зейр.

Сурэтхэр щыхьэт зытехъуэр

Адыгэм и псэукIам, ди Хэкум и дахагъэм, щIыуэпсым и IэфIагъым ди эрэм ипэкIэ лIэщIыгъуэ етхуанэм Диодор Сицилийскэр тетхыхьауэ щытащ. Нэхъ кIасэIуэу адыгэхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ куэд къритхэкIащ Полиен. Тыргъэтауэ гуащэм и хъыбар ди нобэм къэзыхьэсар Полиен и тхыгъэхэращ. ЖыпIэнурамэ, лъэпкъ зэщымыщхэм къахэкIа цIыху Iущ, зэчиифIэ куэд Кавказым щыхьэщIащ.

Къуэшыр зыгъэхамэу, хамэр зыгъэблагъэ

Къэхъугъэ телъыджэхэмкIэ зи гъащIэр гъэнщIауэ щыта, ныбжьэгъу пэжхэмрэ жагъуэгъу гущIэгъуншэхэмрэ зи бэу дунейм тета, гупсэхугъуэмрэ ажалымрэ я зэхуакум къыщызыкIухьу дэта… Иджырей тхыдэджхэм ар зэрамыгъэфIа фIэщыгъэцIэрэ хуамыгъэфэща дзырэ щыIэжкъым. Европэм нэхъ ин дыдэу щыIа Сан-Джорджио ахъшэ хъумапIэм и унафэщIхэм зэрыжаIэу щытамкIэ, щIыхуэм ишхарэ езыр щхьэщытхъу хъужауэ апхуэдэт а цIыхур. Къаффэм зэригугъэмкIэ, ар и щхьэцыпэм къыщыщIэдзауэ и лъэхъуамбэ жьакIэм нэс зэрыщыту къаугъэт.

Бэрокъуэ и лIыгъэр

(ЕтIуанэ Iыхьэ)

Пщыкъуий и яужь зекIуэ

(Япэ Iыхьэ)

Кавказ зауэм и тхыдэр я гукъэк1ыжхэм къыщагъэлъэгъуэжащ ц1ыху ц1эры1уэ куэдым. Абыхэм ящыщщ поляк зауэлI хахуэ Лапинский Теофил (1826 - 1886 гъгъ.) Зауэ гуащIэм хэт кIахэ адыгэхэм я хэкум щилъэгъуахэм триухуащ  1863 гъэм абы Гамбург къыщыдигъэкIа «Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ» тхылъым. Абы щыщ пычыгъуэщ нобэ фи пащхьэ итлъхьэр.

 

Яхуэмышынэр Мэшыкъуэт

ТхакIуэ, усакIуэ, еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, «КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэу щыта Нало Заур 1954 гъэм къыщыщIэдзауэ КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и гуащIэ щымысхьу щылэжьат.

ПсэукIэр нэсу къигъэлъэгъуэфырт

Урыс пащтыхьымрэ абы блыгущIэтхэмрэ Iэмалрэ фIеягъэу къамыгъэсэбэпа щыIэкъым бгырысхэмрэ урысхэмрэ яку лъагъумыхъуныгъэ къыдалъхьэн, ахэр зыщагъэIеин, зэбий ящIын папщIэ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ пхэнжым зыкъомхэр игъэжэкъуами, ар зэрымытэмэмыр, зэрыгъэпцIагъэр, зауэ екIуэкIыр абы хэша лъэпкъхэм дежкIэ зэрынасыпыншэгъуэшхуэр, лей - бэлыхь мыухыжхэр псоми абы къазэрыхуихьыр нэхъыбэм къагурыIуэрт. 

Псэхэхым хуагъадэт хьэтыжьыр

 Уэркъ хабзэ дахэмрэ лIыгъэ IэубыдыпIэншэмрэ зэкIужу зыхэзагъэ адыгэ зауэлIхэм я хъыбар телъыджэхэр дуней псом щызэIэпахыу щытащ. 

ПIургъэлъагъу

Пасэм щыгъуэ адыгэпщхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ я быныр атэлыкъхэм хуапIырт. Дауи, ахэр къуажэ сабийм хамыгъыхьэу щIэубыдауэ ягъасэртэкъым. Хабзэм къызэрищтэкIэ, абы хуащIапхъэ зыри къагъанэртэкъым. Абы я лъэтеувэри, я щхьэц упсри, къинэмыщIхэри, зэрыжылэу зэдагъэлъапIэу, яIэту щытащ. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ ди бзэм къыхэна: «И къангъэшхэгъуэщ. Уи къангъэшхэгъуэр сыт?» - жыхуаIэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ