|
Тхыдэ
21 апреля, 2022 - 11:00
Ди адэжьхэм джаур зауэжьым щагъэвар къэтщIэн щхьэкIэ, дэ дэлэл дыхуейкъым. Адыгэшхэм фынэшэс, шыныбэпххэр щIэфкъузи, лъэрыгъыпсыфэхэр нэхъ кIэщI дывгъэщI, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди гуауэм и гъунапкъэр къэтлъагъун щхьэкIэ, уанэгум зитIэтыкIыу тенджызым дызэпрыплъын хуейщ… Хэхэс хъуа ди нэхъыжьыфIхэм я щIалэгъуэмкIэ дывгъэгъэзэжи езыхэм жаIэм девгъэдаIуэ. Дэнэ щызэхэтхыжынур абыхэм я макъыр? Шэч хэмылъу, адыгэ IуэрыIуатэрщ. КъэдвгъэтIэщIыжыт ар дызэгъусэу.
Хэтыт дэ зауэр къыдэзыщIылIар?
- «Урысым и пщышхуэхэр ди щIыгум къыхуолIэ,
20 апреля, 2022 - 14:45
«УIэгъэ хъуауэ и лъыр щIокI,
УзыхищIэжкъым, узэхихкъым…», - Лермонтов Михаил.
Зэхэуэ гуащIэм и Iэужьу зауэлIыр уIэгъэ хъуамэ, и къупщхьэ къутамэ, «щIопщакIуэкIэ» зэджэ Iуэхугъуэм нэхъ сэбэп щымыIэу къалъытэрт адыгэхэм. Абы жьыи щIэи хэтт, ауэ куэд дыдэ зэлъытауэ, Iуэху хьэлъэ зи пщэ къыдэхуэр щIалэгъуалэрат. Дэтхэнэми и акъыл жанымрэ гушыIэкIэ дахэмрэ игъэлъэгъуэну хущIэкъурт, сымаджэм и узыр щхьэщахын, и гупсысэхэр фIым хуаунэтIын папщIэ. ЩIалэгъуалэр гушыIэу, уэрэд жаIэу, къафэу зэхэтыху, Iэзэм шэр къыхихыжырт.
20 апреля, 2022 - 11:44
Тхьэхэм, тхьэпэлъытэхэм зэрелъэIу, зэрагъэлъапIэ щIыкIэщ. Ар езы псалъэми къеIуатэ: тхьэм елъэIун. ЦIыхур къызэрытехъуэрэ тхьэм еджэрэ елъэIуу къогъуэгурыкIуэ. Абы и щыхьэтщ тхьэджэ псалъэри. Ар иджырей адыгэбзэм щIагъуэу щызекIуэжкъым, ауэ зи гугъу тщIыр мы псэлъафэм къеIуатэ: сомыгъэтхьэджэ (умыгъэтхьэджэ). МыхьэнэкIэ абы къикIыр апхуэдизу сомыгъэлъаIуэ (умыгъэлъаIуэ) жиIэу аращ. Тхьэм «еджэнымрэ» тхьэм «елъэIунымрэ» зэхуэдэу щытауэ хуэбгъэфащэ хъунущ.
20 апреля, 2022 - 11:00
Адыгэ-абхъаз-абазэ лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар зыдж еджагъэшхуэ куэдым къызэралъытэмкIэ, адыгэхэм я къежьапIэу убж хъунущ илъэс минитхукIэ узэIэбэкIыжмэ, щыIа Хьэт къэралыгъуэжьыр.
А къэралыгъуэм хыхьэу щытащ хы ФIыцIэ Iуфэхэр хиубыдэу Анатолиер (иджы Тыркур), КъухьэпIэ Кавказыр (иджырей Грузиер), Абхъазыр, Краснодар крайр, Адыгейр. Хьэт къэралыгъуэр къэзыгъэхъуа хьэтит лъэпкъым хыхьэ лIакъуэхэу абешла, кашк жыхуиIэхэрауэ ялъытэр адыгэ-абхъаз-абазэхэм я къежьапIэр. Кашк цIэм къытекIыжауэ ябж зэман жыжьэхэм адыгэхэм зэреджэу щыта кешак, кашаг, касог цIэхэр.
14 апреля, 2022 - 07:00
Нартхэм ираф фадэ лIэужьыгъуэщ. Нарт эпосым къызэрыхэщымкIэ, санэр хужьу щытащ (санэху), санэплъыр е нэхъ иужькIэ къежьащ (ар эпосым щIагъуэрэ къыхэщыркъым), е санэхум дауэдапщэ мыхьэнэр нэхъ епхауэ щытагъэнщ. Япэ щIыкIэ санэми санэ ефэнми нобэрей фадафэ мыхьэнэр иIакъым. Санэм пщIэшхуэ иIэу, абы ефэныр - санэхуафэр - тхьэхуэIухуэщIэу, тыхь пэлъытэу щытащ.
13 апреля, 2022 - 14:06
Уэр - дзэшхуэ. Скифхэм я зэманым арат адыгэхэр дзэм зэреджэу щытар.
Уэрыкъуэ - дзэм и къуэ. Гъэсагъэххэу я унагъуэ исхэу, анэ-адэхэр яхъумэу, ауэ къазэрыкIэлъыджэу дзэм хэувэну хьэзырхэм апхуэдэу еджэт.
УэрылI - дзэм хэт зауэлI, ику ит унафэщI.
Уардэ - дзэ пакIэшхуэ (полк).
Уардэтет – полкым и унафэщI.
Гуартэ – батальон.
Гуартэтет - батальоным и унафэщI.
Мардэ – ротэ.
Мардэтет - ротэм и унафэщI.
Уэрмахуэ - дзэ пакIэхэр щыщIаплъыкI махуэ. А махуэм уэрым и унафэщIхэр зэпеуэкIэ хахт.
13 апреля, 2022 - 13:03
ЦIыхум и Iэпкълъэпкъывр зыхуэныкъуэ, къару къезыт ерыскъы-гъуэмылапхъэхэм, шхыным, нэщэнэ куэд пылъщ, абы мыхьэнэшхуэ иIэщ тхьэлъэIу, джэгу, дауэдапщэ сытхэм я къалэнхэр зэфIэхынымкIэ.
12 апреля, 2022 - 13:44
Мамлюкхэм я дзэр тыркухэм къызэрызэхакъутами, Къанщауэ Гъур зэрылIами я хъыбар щIэх дыдэу нэсащ Мысырым и къалащхьэм. Ар щымыпсэужкIэ, жари, сулътIану хах Тумэн-бей. Тумэн-бей лIы хахуэт, Къанщауэ Гъур и къуэшым и къуэт, илъэс плIыщIым нызэрыхьэса къудейт.
12 апреля, 2022 - 06:00
Мыр миф псэущхьэ шынагъуэщ, езыр цIыху сурэту, цы Iув тету, и нэхъыбэм – бзылъхугъэу къокIуэ. ЦIыхум зэран хуэхъу бзаджэнаджэхэм ящыщщ.
11 апреля, 2022 - 12:45
Истамбыл хиубыдэ Бейогълу куейм Голландие сэрейкIэ еджэу зы уардэунэ дэтщ. 1700 гъэхэм и пэщIэдзэм абы къыщыхъуа зы лъагъуныгъэ хъыбарщ фхуэсIуэтэжынур. ГурыщIэр яку къыдэхъуауэ щытащ адыгэ пщащэмрэ Голландием и лIыкIуэмрэ (посолымрэ).
Страницы
|