|
Тхыдэ
3 апреля, 2023 - 09:12
Адыгэпщхэм ящыщ зыбжанэм фIыуэ къагурыIуэрт пщыхэр гуп - гупурэ зэрызэзауэм лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэришэнур. Абыхэм мурад ящI Урысейм зыпащIэну, ар дэIэпыкъуэгъу, жэрдэмщIэгъу хъумэ, адыгэхэр кърым тэтэрхэм щыхъума хъуну ябжри. Адыгэхэм я пщы щхьэхуэхэр зэрызэзэуэжым кIэ етын зэрыхуейри къагуроIуэж.
31 марта, 2023 - 14:07
2022 гъэм фокIадэм и 8-м и ныбжьыр илъэс 97-м иту лIащ Инджылызым и пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэр. Ар Британием и тахътэм нэхъыбэ дыдэрэ, илъэс 70-кIэ, исащ. Дауи, пIалъэ кIыхьт. Иджы пащтыхь хъуа Карл Ещанэри тетыгъуэр Iэрыхьэным апхуэдиз илъэскIэ пэплъащ-ари а къэралым и дежкIэ рекорду къэплъытэ хъунущ. Зи гугъу тщIыр Елизаветэ и къуэ Чарльзщ, псоми фIыуэ ялъэгъуа Дианэ и щхьэгъусэу щытарщ, пащтыхьыгъуэр щылъысым абы Карл зыфIищыжащ.
29 марта, 2023 - 09:11
Сахарэр - Африкэ Ищхъэрэм и пшахъуэщIщ. Ар дуней псом и пшахъуэщI нэхъ ин дыдэу къалъытэ. ЩIыпIэм и инагъыр километр зэбгъузэнатIэу мелуани 8,6-рэ мэхъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, абы Африкэм и процент 30-р еубыд.
А пшахъуэщIыр къэралу щытамэ, километр зэбгъузэнатIэ мелуани 8,5-рэ хъу Бразилием ебгъапщэ хъунут. Сахарэм зы псыежэхи щыIэкъым, Нилрэ Нигеррэ къищынэмыщIа.
24 марта, 2023 - 16:42
Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам куэд къетIэщIыж. Тхыдэм уриплъэжмэ, уигу къэбгъэкIыжыни зэбгъэпщэни мащIэкъым. Щхьэхуэ зищIыным хущIэкъуурэ, языныкъуэхэм деж ар хьэзырт хэт и жыIэми щIэувэну. Ауэ ар щхьэхуитыныгъэт?!
1917 гъэм и бжьыхьэм къэунэхуащ «Украинэ цIыхубэ республикэр». Ауэ иджыпсту абы нэхъыбэу щыгъуазэр тхыдэджхрэщ. КъэралыщIэм герби, ныпи, гимни иIэжт -зигъэIейтэкъым.
23 марта, 2023 - 07:00
СССР-м и зыужьыныгъэм гъуэгу нашэкъашэ куэд хэлъащ. Абыхэм ящыщщ щIыщIэр къызэрагъэIурыщIар. Иджы абы къикIыр куэдым ящIэжыркъым, арщхьэкIэ а зэманым «щIыщIэ» псалъэм щIалэгъуалэр къызэщIиIэтэрт, жыджэрагърэ тегушхуэныгъэрэ къахилъхьэу.
Комсомолым хэтхэмрэ студентхэмрэ Iэмал ягъуэтат я къару еплъыжыну, къэралым зиузэщIэным яхузэфIэкI халъхьэну.
21 марта, 2023 - 15:39
1945 гъэм щIышылэм и 2-м Порт-Артур щекIуэкIащ абы и япон гарнизоным и парад. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэлъэпIащ быдапIэр зэраIэрыхьэрэ илъэс 40 зэрырикъуар. Абы и комендант генерал Отэ зэхыхьэм кIыхьу къыщыпсэлъащ. КIэухыу жиIащ, сыт хуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъами, самурайхэм я закъуэкIэ мыр къащтэфыну зэрыщымытар: «Абы къыдэкIуэу генерал Ногэрэ урыс генерал Стессельрэ зэхэщIыкIрэ пэжыгъэрэ яку дэлъыни хуейт».
АрдыдэмкIэ зиумысыжащ епцIыжакIуэм бийм быдапIэр зэрырищамкIэ.
21 марта, 2023 - 14:55
Кинор лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI, ауэ нэхъыбэм ар гъащIэм и гъуджэу жыпIэ хъунущ, цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр, и гупсысэкIэр къызэрагъэлъагъуэщ, цIыхум щапхъэ къыщыхихыфи щыIэщ.
20 марта, 2023 - 09:25
Мономах и пыIэр Кремлым Iэщэхэм я пэшым щахъумэ хьэпшыпхэм я нэхъыжь дыдэщ. Урыс пащтыхьхэм хабзэм тету ар зыщхьэратIагъэрт тетыгъуэр къащылъысым деж. ПыIэм и хьэлъагъщ грамм 993,66-рэ. КъыздикIар IупщI дыдэкъым, щIэныгъэлIхэм абы теухуауэ гупсысэ щхьэхуэхэр яIэми. Хуагъэфащэ Византием, Азие Курытым е КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и дыщэкIхэм ящIауэ. Языныкъуэхэм къалъытэ Iуэ дыщэм и хъану щыта Узбек Москва тыгъэ къыхуищIауэ. Мономах и пыIэр гъэщIэрэщIащ дыщэкIэ, мывэ лъапIэхэмкIэ, къунфэхъум (соболь) ицкIэ.
17 марта, 2023 - 11:49
Къэбэрдей-Балъкъэрым и археологие щIэныгъэр зауэм ипэ илъэсхэм зэрызэфIэувар Миллер А.А., Ермоленкэ М.И., Иессен А.А., Деген Б.Е. сымэ я цIэм ирапх.
16 марта, 2023 - 08:00
Хэт хъуну Хьэжы-Шэрджэс е Шэрджэс-хъан? Языныкъуэ тхыдэджхэм а цIэр цIыхуитIым зэрахьа хуэдэу хуагъэфащэ, нэхъыбэм – тIури зы цIэм и къэпсэлъыкIэ зэтемыхуэу къалъытэ.
Хьэжы-шэрджэсыр е Шэрджэс-хъаныр зы цIыхуу къэтлъытэным дытрегъэгушхуэ ар тIэунейрэ Дыщэ Уэрым и хъану зэрыщытами. Хьэжы-Тэрхъан цIэр зезыхьэ Дыщэ Уэрым и къалэр езым еипэу щытауэ, илъэс зыбжанэкIэ зэрыхъаныгъуэуи и унафэм щIэта хуэдэу зэхыдагъэх 23-нэ хъаным тепсэлъыхьхэм: япэу 1361 - 1369 гъэхэм, етIуанэу: 1369 - 1374 (1375) гъэхэм.
Страницы
|