Тхыдэ

АШАБЭ И КЪУЭ МИНЧАКЪ

Къаплъэн-Джэрий и дзэр 1707 гъэм зэтезыкъута къэбэрдеилI хахуэхэм ящыщщ Ашабэ и къуэ Минчакъ. Ар Къэзанокъуэ Жэбагъы и къуажэгъуу щытащ. КъэзыIуэтэжхэм абы и цIэр зэтемыхуэу жаIэ – Минчакъ, Минщакъ, МыкIакъ, Къэлшакъ, Къылшыкъуэ. Хэти ар пщыуэ щытауэ, хэти пщылIу щытауэ жаIэ.

Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ

Украинэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм сыт хуэдэ Iэмалри къагъэсэбэп Урысейр ягъэулъиин, мыхьэнэншэу къыщIрагъэдзын папщIэ. Дауи, я Iэщэ нэхъыщхьэр пцIыщ. Ар егугъуу еукъуэдий.
Псалъэм и хьэтыркIэ, куэд щIакъым Киев урысей зауэлIхэм ящыгъ вакъэхэр 1945 гъэм ядауэ щыта шырыкъухэрауэ зэригъэIурэ. «АпщIондэхукIэ гъэтIылъыпIэхэм щIэлъащ. Иджы нэгъуэщI щамыгъуэтым къащтэжащ. Абы къикIыркъэ ахэр зэрыхуэмыщIа»р. Ар яфIэфIыпсу даIыгъ ди жагъуэгъухэм.
Мыбдеж зыми и гугъу щищIыркъым, «45» бжыгъэм къигъэлъагъуэр вакъэм и инагъыр зэрыарар. Ар хъунукъым - итIанэ пцIыр къыщIэщынущ…

Нэфисэт гуащэ

Тхыдэм къыхэнащ адыгэ бзылъхугъэ куэдым я гъащIэм и къекIуэкIыкIар. Абыхэм ящыщ зым теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн итхыжащ Къалмыкъ Аднан. 

ЦIыхубз гуащIафIэхэр

Архив дэфтэрхэм къыхэна тхыгъэхэм къыхэнащ 1900 гъэм къыщыщIэдзауэ 1960 гъэ пщIондэ республикэм и цIыхубзхэр Iуэхугъуэ куэдым жыджэру зэрыхэтар. А лъэхъэнэхэм мэкъумэшым, промышленностым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми бзылъхугъэхэм лэжьыгъэ мытыншхэр щызэфIагъэкIырт.

Узэгугъур къогугъуж

1965 гъэм ди республикэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и къэрал ансамблыр лъэпкъ къафэмкIэ «Кабардинка» гупу щызэрахъуэкIым щыгъуэ профессиональнэ къэфакIуэу а гупым хэта, тIурытIу къызэдэфэ цIыху тIощIым я пIэкIэ къащтэн хуей хъуат цIыху 50-м щIигъу.

Абы папщIэ ирагъэкIуэкIауэ щытащ къэфакIуэхэр къыщыхаха зэхьэзэхуэ. Къащтэнур фIым я фIыжхэрати, зэпеуэм упхыкIыну хуабжьу гугъуу щытауэ жаIэж.

Анапэ и къежьапIэ

Адыгэр къызэригъэщIрэ и пIэм имыкIауэ и хэкум исыжщ, и хабзэмрэ бзэмрэ нобэм къихьэсауэ. Тхыдэм и кIыхьагъкIэ, ди лъэпкъыр хы Iуфэм Iусащ, сыт хуэдэ зэрыпхъуакIуэ къытемыуами хэт и дамэ лъабжьэ щIигъэувэну хэмытами и гущэпкъыр имыбгынэу, гугъуехьми мафIэми пимыкIуэту. ИкIи пасэрей зыплъыхьакIуэхэмрэ зэрыпхъуакIуэхэмрэ къаIуэтэжу къэгъуэгурыкIуащ адыгэр къызытехъукIыжа лъэпкъыжьхэр сытым дежи щыпсэуа къалэ цIэрыIуэу Анапэ дахащэм и хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. Сыт хуэдэ щэхухэр ихъумэрэ-тIэ Анапэ? Сыт а фIэщыгъэцIэр къызытехъукIар? Сыт къикIыр а псалъэм?

Тхыдэм къыщыхъуакъым

1941 гъэм фокIадэм и 8-м щIидзэри, махуэ 900-м нэблагъэкIэ бийм и къапхъэным итащ Ленинград къалэр. Гитлер и «Барбаросс планым» ипкъ иткIэ, Германием СССР-р мазитI-щым иубыдын хуейт. Къалэ нэхъыщхьэхэу Москварэ Ленинградрэ зыIэрагъэхьэмэ, адэкIэ псори псынщIэ дыдэу къехъулIэну къащыхъурт. Генерал-фельдмаршал Браухич Вальтер зи пашэ «Север» дзэм хэт бригадэу 4-м, дивизэу 45-м, зауэлIу мин 950-м нэсым я пщэ дэлът Нева и Iуфэм Iус къалэр махуэ бжыгъэкIэ къащтэн хуейуэ. Ауэ ленинграддэсхэр бэлэрыгъакъым.

Сетхэ я Iуащхьищ

Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ щIыналъэм хиубыдэ Еджэрыкъуей жылагъуэм и Iэхэлъахэм итщ Сет Iуащхьищыр. Ахэр къызэрыунэхуам теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр къокIуэкI. Абыхэм ящыщ зым къызэриIуэтэжымкIэ, Iуащхьэхэр щытащ иджыри нартхэр щыпсэуа лъэхъэнэжьым.

Кавказым и тхыдэм щыщ зы Iыхьэ

Мы тхыгъэ кIэщIыр зытеухуар 19-нэ лIэщIыгъуэм Кавказ Ищхъэрэм ис гуп щхьэхуэхэр зэкъуэувэу зыхэта зауэ лъыгъажэрщ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, лъэпкъ щхьэхуитыныгъэр яхъумэн папщIэ зи щхьэ емыблэжу зэуахэм я Iэтащхьэу щыта, лIыхъужьу ябж, I834 гъэм Дагъыстэным и КъухьэпIэ лъэныкъуэмрэ Шэшэнымрэ я бгырысхэм езыр-езыру къызэрагъэпэщыжа, ауэ къамылъыта къэралыгъуэм и Iимаму хаха Щамилщ.

Лъэхъэнэ гуащIэм ижь зыщIихуа

Къалэ теплъэ зиIэ хъуа къуажэ кIыхьышхуэу ПсебайкIэ зэджэр Краснодар крайм ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и Мостовской районым итщ. ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, къызытехъукIар адыгэбзэм хэт «псы», «бэ» псалъэхэрщ, къызэрыбгурыIуэ хъунури «псы куэду здэщыIэ лъахэ» жыхуиIэущ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ