Тхыдэ

 Чингисхъан и унагъуэшхуэр

 Дунейм и  тхыдэм нэхъ щIыналъэшхуэ щызыубыда Чингисхъан (1162-1227 гъэхэр) псори зэхэту фыз 26-рэ иIауэ  къалъытэ, ауэ щIасэ бзылъхугъэу иIар бжыгъэншэщ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу быну иIар зыхуэдизыр зыми жиIэфынукъым. Къыхахын хуей хъуащ икIи икIэм-икIэжым «Дыщэ къуэпсым хагъэхьар къуи 100-м нэблагъэщ. Ахэрат чингизидхэр (нэгъуэщIу жыпIэмэ, хъану щытыну зылъысахэр). Абыхэм ящыщ дэтхэнэми хухахын хуейт унафэ щащIыну къалэ е къэрал кIапэ.

 

Иджы зэныбжьэгъуми…

 И къекIуэкIыкIэмкIи, щызекIуэ хабзэхэмкIи Япониер къэрал нэхъ телъыджэ дыдэхэм ящыщщ. Дунейпсо утыкум къызэрихьэрэ куэд мыщIами (тхыдэ и лъэныкъуэкIэ), абы езым хуэфэщэн увыпIэ щызэригъэгъуэтыфащ. Урысейри, иужькIэ СССР-ри зэи ифIу щытакъым-щIыналъэкIэ зэныкъуэкъу яку дэлъ зэпытт. Ауэ ЕтIуанэ дунейпсо зауэр иуха иужь, США-р IупэфIэгъу хуэхъуащ, а зауэр иухыху къарукIэ нэхъыбэу зыпэщIэтар ара пэтми.

Напэтехыу къыхагъэщIат…

Къэралыгъуэу зэрызэфIэувэрэ Британиер зэуэн-фыщIэным хэкIыркъым. Англо-саксхэм я нэпсеягъэм щIэи гъуни иIэкъым. Аращ дуней псор зэрапхъуэну сыт щыгъуи щIыхущIэкъуар. Ар яхузэфIэмыкIами, я империер къухьэжыху иджылызхэм ЩIы хъурейм и щIыналъэ куэдыр езым и бжьым щIигъэтащ. Хэбгъэзыхьмэ, къэралыр нэхъыбэу зыхэпсэукIри абыхэм къришрат. ХамэщIхэр иубыдын папщIэ Iэщэм и мызакъуэу хьилагъэ зэмылIэужьыгъуэхэри къагъэсэбэпырт. Ауэ нэхъыбэр къарукIэ къизэурт. Пэжщ, щIэщхъу къыщыщыщIи къэхъуащ. Иджыпсту зи гугъу тщIынури абыхэм ящыщ зыщ.

Тхьэ елъэIупIэт

Сочэ къалэм хыхьэ Головинкэ (Шахэпэ) къуажэм хы псыIумкIэ гъэза и гъунэм уардэу Iут, ныбжь ин дыдэ зиIэ «Жыгдахэ» здэщыт щIыпIэр шапсыгъ адыгэхэмрэ къабгъэдэса убыххэмрэ ижь-ижьыж лъандэрэ я тхьэ елъэIупIэжьу къекIуэкIат. 

БлэкIам и джэрпэджэж макъхэр

КъэкIуэнур зыфIэмыгъэщIэгъуэн, фIы и лъэныкъуэкIэ абы щымыгугъ псэ зыIутым яхэту къыщIэкIынукъым. ЦIыхум гуращэ хэхахэр щIищIри, и хъуэпсапIэхэр гущIэм щыщIигъэтIыгъуэри и гугъапIэхэр пщэдейрей махуэхэм ирепхри аращ.

Лъэпкъым хьэлэлу хуэлэжьа адыгэлI

Къэшэж Псэбыдэрэ Апхудэ Быхуэрэ зэдагъуэта бынитхум я пажэр ТIалибт. Абы къыдалъхуахэт Щыхьым, Дым, Цацу, Хъанэ сымэ. Зыхалъхуа лъэхъэнэм еплъытмэ, ТIалиб куэд зыщIа, лъэпкъыр зыхэта кIыфIыгъэм, щIэныгъэншагъэм къыхэшыным куэд хуэзылэжьа цIыхущ. Къэшэж ТIалиб IуэрыIуатэджщ, узэщIакIуэщ, совет лъэхъэнэм жылагъуэ лэжьакIуэу щытащ.

Тибет библиотекэр

ЩIэныгъэкIэ ирикъуа щыIэ? Дунейм ехьэлIапхъэ Iэмалхэр зэхызогъэкI щыжиIэ дыдэм, цIыхум гъащIэм сэлам ирехыжри, ищIэри здрехьэжьэж. А гупсысэр уигу къегъэкI Тибет бгы лъапэм къыщагъуэтыжа библиотекэ абрагъуэм.

ЩIэныгъэм и нэхур тхуэзыгъэблахэр

Адыгэ лъэпкъым щIэныгъэм и сэбэпынагъыр, абы щIэблэр хуэгъэушын зэрыхуейр къыгурыIуэри, епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэухым, епщыкIубгъуанэм и пэщIэдзэхэм иужь ихьащ узэщIакIуэ Цагъуэ Нурий. Лъэпкъым и цIыху нэхъыфIхэр - Нэгумэ Шорэ и деж къыщыщIэдзауэ, ПащIэ Бэчмырзэ, Фэнзий Мэжид сымэ илъэсищэм щIигъукIэ телэжьащ щIэныгъэм и нэхур адыгэм къащхьэщыхьэным. ЯхузэфIэкIари мащIэкъым. Зауэ нэужь лъэхъэнэхэм адыгэ тхыдэм, щэнхабзэм елэжьхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэшхуэхэм я фIыгъэкIэ абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми хуэфащэ увыпIэ тхыдэм щылъагъэсыжащ.

Хьэту къэралыгъуэр къызытекIар

Кавказ лъэпкъхэмрэ КъуэкIыпIэ Азием щыпсэуа абыхэм я лъэпкъэгъухэмрэ дунейпсо цивилизацэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIар гъэщIэгъуэну къыщыгъэлъэгъуэжащ щIэныгъэлI Абдокъуэ Ауес и лэжьыгъэхэм. Абы зэритхымкIэ, Кавказ бзэщIэныгъэм хэлъхьэныгъэщIэ хуащIащ И. М. Дьяконовымрэ С. А. Старостинымрэ зэдатха «Хуррито-урартские и восточнокавказские языки» тхыгъэмкIэ. Мыбыхэм яхузэфIэкIащ пасэрей хурритхэмрэ урартхэмрэ зэрыпсалъэ бзэр зищIысыр нэсу къахутэн - а тIури зы бзэщ, ауэ диалект зырызщ.

Тхыдэм и лъабжьэр щIэныгъэрщ

 Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтыр Къэбэрдей-Балъкъэрым ит IуэхущIапIэ нэхъыжьхэм язщ. Лэжьэн зэрыщIидзэрэ, ар щIэныгъэлI нэхъ лъагэхэм я кIыщ хъуауэ пхужыIэнущ. А гупсысэр лъабжьэ хуэхъуащ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт и жэрдэмкIэ КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я лIыкIуэхэр, КъБКъУ-м, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым я щIэныгъэлIхэр, СМИ-м и лэжьакIуэхэр зэкIуэлIа пресс-конференцым.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ